Пэжыр узым зэреIэзэ хущхъуэгъуэщ

Интернет-технологиехэмкIэ жылагъуэ центрым (РОЦИТ) Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) иджыблагъэ лъэIукIэ зыхуигъэзащ Iэщэ къыщагъэсэбэп сыт хуэдэ зэпэщIэувэныгъэри ужьыхыхункIэ къэралхэм, щIыналъэхэм, хэгъэгухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэхэм бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр хэзымыгъэIэбэ (цифровой нейтралитет) мардэ пыухыкIахэр ягъэувыну, хабзэ гъэнэхуахэр къащтэу лъэныкъуэ псори абы тетыну къыхураджэну. 

Жылагъуэ центрым къызэрилъытэмкIэ, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм зэпэщIэт лъэныкъуэхэм пэжым зыкIи емыкIуалIэу зэбратыкI хъыбархэм япэщIэувэну, «пцIы упсынкIэ зэпеуэныр» къигъэувыIэну Iэмалрэ зэфIэкIрэ бгъэдэлъын хуейщ. «Къэралхэм я зэхуаку къыдэхъуэ, Iэщэ къыщаIэт зэпэщIэувэныгъэхэр зэтес хъужу бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр Iуэхум хэмыIэбэну хэти къыхуриджэн хуейщ. Хабзэрэ бзыпхъэрэ зыпымылъ Iуэху щыIэкъыми, мыбыи узэбакъуэ мыхъун жыпхъэ ткIийхэр иIапхъэщ. ХъыбарегъащIэ IэнатIэр езыр Iэщэщ, зэрыбунэтI теухуауэ «узу техуэу». Ауэ хъыбарыпцIым уегъэжакъуэ, зэIубз пщIыуэ зэтебуIэфIэжыну щыт Iуэхугъуэхэр къызэщIегъаплъэ. Дунейр бжыгъэрылъанэ гупсысэмрэ щыIэныгъэмрэ хыхьащ, технологиещIэхэм заужь, абыхэм я къекIуэкIыкIэм мардэ яIэн, хабзэ гъэпсыкIэ яхуэщIын хуейщ», - щыжеIэ центрым Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм зэрызыхуигъазэ тхылъым.
Нэхъыбэм къызэрыхъур аращи, зэпэщIэува лъэныкъуэхэм зым зыр зэригъэжакъуэ хъыбар нэпцI зэбгритыкI къудейкъым, атIэ шынагъэм зимыубгъун щхьэкIэ абы хэпсэлъыхьыфыну дунейпсо жылагъуэр гуитIщхьитI мэхъу, Iуэхур и зэтеуIэфIэпIэр къахуэмыгъуэту ирахьэлIапхъэ унафэр и пIэм имыкIыу итщ, арыххэуи лажьэ зимыIэ цIыхухэм къалъэIэс гузэвэгъуэмрэ гуIэгъуэмрэ нэхъыбэ мэхъу.
Центрым къызэрилъытэмкIэ, цIыхур и сэфэтым изыш сыт хуэдэ гущIэгъуншагъэм и сурэтри видеотеплъэгъуэри утыку щIыным пэувын, лъагъумыхъуныгъэр къэзышэ Iуэхугъуэхэр асыхьэтым къызэпыудын хуейщ. Ар щогугъ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм зэрызыхуигъазэ лъэIур дунейпсо жылагъуэхэм зэхахыну, унафэ пыухыкIа тращIыхьыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым интернетым щиIэ напэкIуэцIым и редактор нэхъыщхьэ Мэзукъэбз Аслъэн Интернет-технологиехэмкIэ жылагъуэ центрым къыхилъхьа жэрдэмыр фIэкъабылщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, хъыбар нэпцIым зэраныгъэ куэд къешэ. «Хъыбар нэпцI зэбгрытыкIыныр IэщэкIэ узэпэщIэувам хуэдэщ. «КъывгурыдогъаIуэ.УФ» («Объясняем.РФ») проектым и къалэн нэхъыщхьэм хохьэ жылагъуэр зыгъэгумэщI, цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм я жэуап пэжыр яритыныр, ахэр хэIущIыIу щIыныр. Пэжыр узым зэреIэзэ хущхъуэгъуэщ, аращ узэгурызыгъэIуэнур», - жеIэ Мэзукъэбз Аслъэн.
 

 

БЕСЛЪЭН Берд.
Поделиться: