ЩIыуэпс хъыбархэр

•Арктикэм и процент 15-р апхуэдизкIэ яуцIэпIащи, куэдрэ ягъэкъэбзэжын хуей хъунущ. АбыкIэ къуаншэр Норильск гъущIхэкIхэм щелэжь и заводымрэ Сыбыр КъухьэпIэм щIыдагъэ къыщыщIэзых IуэхущIапIэхэмрэщ. Арктикэм щIыуэпс гъэщIэгъуэн иIэщ, щIыдагъэкIэ бейщ, ауэ ар къыщIэпхыну, улъэIэсыну гугъущ. А щIыпIэм щIыIэр зэрыщытепщэм къыхэкIыу, кIэрыхубжьэрыхухэр зэпкъырымыхуу, щIым хэмыкIуадэу нэхъыбэрэ щылъщ, бгъэкъэбзэжынуи гугъущ. ЩIэныгъэлIхэр егъэгузавэ Арктикэм щыIэ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ абы текIуэдэжынкIэ зэрыхъунум. 
Радиацэшхуэ къызыпкъырыкI Фукусимэ и мэзхэм электрокъару къыхахыну нэмыцэхэм я мурадщ. Entrade Energiesysteme AG нэмыцэ компанием Японием и унафэщIхэм захуигъэзащ а Iуэхум теухуауэ, икIи зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуащ 2017 гъэм Фукусимэ префектурэм электрокъару къезытыну станцыр щагъэувыну. КъызэралъытэмкIэ, 2040 гъэм ирихьэлIэу ягъэкъэбзэжынущ Фукусимэ и АЭС-м къыщыхъуа насыпыншагъэм текIуэда щIыуэпсыр, уеблэмэ цIыхухэм щIыпIэ ябгынахэм ягъэзэжыфынущ. 
•Пластмассэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъу Франджым дяпэкIэ щащIыжынукъым. ЩIэныгъэм къызэрихутащи, пластмассэм къыхэщIыкIа птулъкIэхэр, тепщэчхэр, гуахъуэхэр щIым илъэси 100-кIи «хуэгъэткIукъым». Абы къищынэмыщIауэ, пластмассэм къыхэщIыкIар зэ закъуэ фIэкIа къэбгъэсэбэп хъунукъым. Ар зымыщIэхэм ятхьэщIыжурэ къагъэсэбэп. Абыхэм къагурыIуэркъым пластмасс хьэкъущыкъум щхъухь къызэрыпкъырыкIыр. Аращи, абыхэм я зэран цIыхуми щIыуэпсми йокI. 
•Урысейм илъэсым къриубыдэу кIэрыхубжьэрыху тонн меларди 5 щызэхуахьэс, икIи ар зыхуей хуигъэзэжыну хузэфIэкIкъым къэралым. А бжыгъэм щыщу зэлэжьыжыр проценти 8-ращ, адрей 92-р зэтофыхьри зэтелъщ. Къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и щIым щыщу кIэрыхубжьэрыхум гектар мелуани 4 зэриубыдыр, абыи къызэрыщымыувыIэнур. 
•Палеонтологхэм Болгариемрэ Грециемрэ къыщагъуэтащ илъэс мелуани 7,2-рэ зи ныбжь, цIыху теплъэ зиIа псэущхьэ гуэрым и къупщхьэ. Япэ дыдэ цIыхухэр щыпсэуар Африкэрауэ, а щIыналъэм къикIыу, дуней псом щызэбгырыкIауэщ зэрытщIар. Ауэ мы къэхутэныгъэм а IуэхумкIэ шэч уегъэщI, сыту жыпIэмэ, Graecopithecus-р (аращ фIащар а цIыху лъэпкъыщIэм) Африкэм щыпсэуам нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ. 
•США-м и мэзхэр я пIэм йокI. Мы къэралым и къуэкIыпIэм къыщыкI жыг лIэужьыгъуэ зыбжанэ къухьэпIэмрэ ипщэмкIэ «мэIэпхъуэ». ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, щIыуэпсым и щытыкIэ хъуар емызэгъыу аращ абыхэм. Science Advances журналым къытехуа тхыгъэм къыщыIуэтащ дунейм и хуэбагъэмрэ псыIагъэмрэ зэрызахъуэжам къыхэкIыу, языныкъуэ жыг лIэужьыгъуэхэм щIыIэтыIагъ къалъыхъуэу ипщэкIэ зэрыIэпхъуэр. Ар и щыхьэтщ дунейм и хуэбагъэр зэрыдэкIуеям. «Ар зэгуэр къэхъуну дызыщышынэ Iуэхугъуэкъым. Зи гугъу тщIыр къыщыхъур нобэщ, иджыпстущ. Гулъытэ зыхуэщIыпхъэу дызытеплъэкъукIа, щIыуэпсым етх лейм кърикIуа Iуэхугъуэщ ар», - жиIащ къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкI щIэныгъэлI гупым я нэхъыщхьэ Фей Сонглин. ЗэрыжаIэмкIэ, языныкъуэ псэущхьэхэр, хьэпщхупщхэр, къуалэбзухэр США-м и къуэкIыпIэм иIэпхъукIынущ жыг «Iэпхъуэхэм» щIыгъуу. 
 

 

РИА Новости ЗэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: