Ажалыр щащэр умыбзыщI

Гъатхэпэм и 14-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ «Ажалыр щащэр умыбзыщI» зи фIэщыгъэ урысейпсо зэIущIэхэм я щIыналъэ Iыхьэм. Наркотикхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ земыгъэубгъуным хуэунэтIа мы профилактикэ Iуэхугъуэм хыхьэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Урысейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэр къызэгъэпэщакIуэхэм даIыгъыу мы гъэм абы хыхьащ Налшык къалэ дэт курыт школитI: Науржан Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ гимназие №I-мрэ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) дэт курыт еджапIэ №20-мрэ.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм наркотикхэм земыгъэубгъуным кIэлъыплъ и къулыкъущIапIэм и IэщIагъэлI нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ, УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхукIэмкIэ и министерствэм Налшык къалэ щиIэ IуэхущIапIэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и капитан ДыщэкI Заринэ, Налшык къалэ ЕгъэджэныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэ пашэ Теммоевэ Фаризэт, Налшык къалэ дэт наркологие диспансерым и психолог Биджиевэ Танзиля, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ дин, жылагъуэ, спорт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ наркотикхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ цIыхум и узыншагъэм зэрегуауэм, жылагъуэ шынагъэншагъэр къызэригъэтIасхъэм, цIыху зэхущытыкIэхэм зэран зэрахуэхъум. Балигъ мыхъуам акъылыр зэзыгъэкIуэкI пкъыгъуэхэр щызрихьэлIэкIэ, пкърымыкIыжын узыфэу къызэрыхуэнэм, и псэлъынтхуэхэр зэрызэтрихум епха нэрылъагъу щапхъэхэр гъунэжу ирагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэр щагъэгъуэзащ наркотикхэр зезыхьэхэм, зыхъумэхэм, ар зыщIу зыщэхэм къапэщылъ жэуаплыныгъэр зыхуэдэм.
Нэхъыжьхэр щIэблэм еущиящ фIымрэ емрэ я зэхуаку дэлъ залэм хуэсакъыну, мыхъумыщIагъэмрэ щIэпхъаджагъэмрэ зыщадзеину. Ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэми зэрахьэ динхэми наркотикыр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи зэремызэгъыр, ар лъэпкъыр зыгъэкIуэд, цIыхур зыгъэунэхъу Iэмалу зэрыщытыр къэпсэлъа дэтхэнэми къыхигъэщащ.
ЖыIэн хуейщ зэхуэсым жыджэру езы ныбжьыщIэ цIыкIухэри зэрыхэтар.
Дунейм къыщекIуэкI куэдыр интернеткIэ зылъагъу щIалэгъуалэм а мыхъумыщIагъэхэр къалъэIэсынкIэ зэрыхъунур гуащIэу зэрызыхащIар, абы зэригъэпIейтейр къыхэщу упщIэ куэдкIэ полицэм и лэжьакIуэхэм зыхуагъазэрт, щыуагъэ зыIэщIэщIэнкIэ хъунум узэрыпэщIэувэ хъуну IэмалхэмкIэ еупщIырт.
Зи псэугъуэ, зи насып къэкIуэгъуэ цIыкIухэм, щыIэныгъэр нэджэIуджэ зыщI Iуэхугъуэ шынагъуэр зэрамыдэр, абы зэрыпэщIэтыр къагъэлъагъуэу, урысейпсо зэIущIэхэм я жэрдэмыр даIыгъащ, цIыхухэр абы хыхьэнуи къыхураджащ.
Зэхуэсым и кIэм полицэм и лэжьакIуэхэм ныбжьыщIэхэм хуагуэшащ КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм и телефон номерхэр зытет тхылъымпIэмрэ наркотикым узыхуишэнкIэ хъуну щапхъэхэр къыщыхьа тхылъ цIыкIухэмрэ.
 

 

БЕСЛЪЭН Берд.
Поделиться: