«Пшы» - «Псы»

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.

«Пщыхьэ» - псыцIэщ. Мэзылъэ Iуащхьэхэр къызэринэкIыу тафэм къытехута Щхьэгуащэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ  псыхэм я нэхъ инщ. «Пшышъхьа» псалъэри абы къытехъукIащ, и мыхьэнэкIэ «псым и щхьэ» - жыхуиIэщ.

«Пшиш» («Пщыщ» - кIахэ, «Пшышэ» - къэбэрдей) - Псыжь сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэж псыщ.

«Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъым, Налшык къалэ 1968 гъэм къыщыдэкIам, ущрохьэлIэ «Пшышэжь» псалъэм, «Пшышэ и кIуапIэжь, ар зыдэту щыта ныджэжь» мыхьэнэхэр къызэрыкIым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумк1и, къызытепщIыкIар ищхьэкIэ зи гугъу тщIа псыцIэрщ.

«Пшыз» - кIахэ адыгэхэр Псыжь (Кубань) зэреджэр апхуэдэущ. ЖытIа псоми къадэкIуэу, мы фIэщыгъэм дызригъэгупсысаращ: «Ярэби, абы и цIэр «псы изу зэрыт» жыхуиIэм къытемыпщIыкIауэ пIэрэ?»

ГъэщIэгъуэнщ, абхъазхэм къагъэсэбэп «пшап» псалъэр адыгэхэм «псыпэ» зыхужытIэр зэрыарари. Уеблэмэ, къызэрыщыхутар уэ къащIэ, ауэ, «пша» псалъэпкъыр куржыхэм я бзэми хэтщ, «псы кIантIэ», «псынэ къибыргъукI» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: