ХьэрычэтыщIэхэм ядэIэпыкъунущХьэрычэт цIыкIумрэ ику итымрэ зегъэужьыным теухуауэ щыIэ лъэпкъ проектым и сэбэпкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэшым тригъэкIуэдэнущ сом мелуан 54-рэ. Сом мелуан 53,5-р федеральнэ мылъкущ, сом мин 540-р республикэм и ахъшэщ. «Агростартап» грантым хыхьэну хуитщ мэкъумэш Iуэхум пэрыт хьэрычэтыщIэхэри, зи унагъуэ кIуэцIым уней Iуэху щызезыхьэхэри. Ахъшэр трагъэкIуадэ хъунущ, псалъэм папщIэ, дэфтэр гъэхьэзырыным, IуэхущIапIэхэм псы, газ, уэздыгъэ ешэлIэным, мэкъумэш техникэрэ гъавэм зэрелэжь Iэмэпсымэхэмрэ зэгъэпэщыным, кредит пшыныным. ХьэрычэтыщIэхэм Iэмал яIэнущ къэралым и мылъкукIэ я Iуэхур ирагъэжьэну: Iэщрэ джэд-къазрэ зехуэныр, бдзэжьей гъэшхэныр, щIым телэжьэныр.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|