Узытегузэвыхьын хэлъкъымЭкономикэмкIэ Школ Нэхъыщхьэм и профессор, финанс IуэхухэмкIэ кафедрэм и щIэныгъэ унафэщI, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Берзон Николай и зы интервьюм щыжиIащ цIыхухэм зэхуахьэса я ахъшэм зыгуэр къыщыщIынкIэ шынагъуэ зэрыщымыIэр. «Урысей Банкым и доллар активхэращ (доллард мелард 638-рэ мэхъу) мы зэманым къэдгъэсэбэп мыхъуу ящIар, сом ахъшэхэм зыри къащыщIынукъым. Доллархэр къызэрырах Iэмалхэр ягъэмэщIащ. Къапщтэмэ, абыи шынагъуэ хэслъагъуэркъым. Хамэ къэрал ахъшэхэр яхъумэн, ягъэбэгъуэн мурадкIэ банкхэм я гъэтIылъыгъэхэр зэрыхалъхьэ щIыкIэм иджыпсту пылъ гугъуехьхэр щызэхэкIынур Украинэм щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр нэхъ кIащхъэ зэрыхъум елъытауэ щытынущ. Гува щIэхами псори зэтес хъужынущи, итIанэ санкцэхэри хуэмурэ Iуахыжынущ», - къыхегъэщ профессорым. Абы цIыхухэр къыхуриджащ щытыкIэм зихъуэжыхукIэ пэплъэну, фейдэ кърагъэщIын я гугъэу, доллархэр щэн-къэщэхуным хэмытыну. «Иджыпстурей щытыкIэм тепщIыхьмэ - доллар уасэм псынщIэу зыщихъуэжым и деж - ахъшэ гъэтIылъыгъэхэм уемыIусэм нэхъыфIщ. Сэ сызэреплъымкIэ, долларым иджыпсту урисондэджэрыным - сомыр доллар пщIыуэ е долларыр сом пщIыжу - фейдэ лъэпкъ пылъкъым. Курсым сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи зыхуэхъуэжынущ. НэхъыфIыр зэи къыпхуэщIэнукъым», - жеIэ Берзон Николай. SWIFT системэр мылажьэу зэращIынум къыщытеувыIэм, абы къыхигъэщащ ар цIыху къызэрыгуэкIхэм зыкIи зэрылъэмыIэсынур. Урысейм и кIуэцIым сом ахъшэр банк IэмалкIэ зэрыщызэIэпахым гугъуехь къыхэкIынукъым. «Свифтыр дуней псом къыщагъэсэбэп финанс системэщ, акционер мин 11-м нэблагъэ хэту. Урысейм щыпсэу цIыхум хамэ къэрал ахъшэ гъэтIылъыгъэу имыIэмэ е америкэ, европей IуэхущIапIэхэм и акцэхэр хэмылъмэ, «Свифтым» и лэжьыгъэр ди къэралым щхьэкIэ къагъэувыIэми зэран хуэхъунукъым. Урысейм езым иIэщ ахъшэр псынщIэу зэрызэIэпах Iэмал», - дыщIигъуащ профессорым. Абы цIыхухэр къыхуриджащ дунейм къыщекIуэкI политикэ Iуэхухэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну, щытыкIэм зыщихъуэжынум мыгужьейуэ ежьэну.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|