Штраус Иоганн и «Шэрджэс маршыр»

Дуней псом щы­цIэрыIуэ щэнхабзэм и хъугъуэфIы­гъуэхэм «Адыгэ» фIэщыгъэр зыгуэркIэ епхауэ зэхэтхыху, абы щхьэусы­гъуэ хуэхъуам ды­щIэупщIэныр езыр-е­зыру пщэрылъ ­тхуо­хъу. Апхуэдэ зы щап­хъэщ адыгэ ма­къамэтх, ­УФ-м и къэрал саугъэтым и лау­реат Даур ­Аслъэн и фIыгъэкIэ хэIущIыIу хъуа, Австрием щыщ композитор цIэрыIуэ Штраус Иоганн ­(къуэм) и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Шэрджэс маршыр».

Псом нэхърэ нэхъ узыгъэ­бэ­лэрыгъыу Iуэхум хэтыр ­Штраус и IэдакъэщIэкIым и цIэр зэ­рихъуэжаращ, аращ ­ар куэдым щIызэха­мыхари. Уигу хэзыгъэхъуэн щхьэусы­гъуэ Iуэхум хэмытыххэнри хэлъщ, сыту жыпIэмэ, Штраус макъамэр щызэхилъхьар ­Урысейм щыщыIа илъэсхэращ, нэхъ гъунэгъуу зэры­хуагъэфащэмкIэ - 1860 - 1869 гъэ­хэм я зэхуакурщ, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, ады­гэхэм нэхъ гугъу дыдэу яшэча илъэс­хэрщ.
Нэмыцэбзэ зыщIэхэм Iуэхум и пэжыпIэм нэхъ нэгъэ­сауэ щыгъуазэ дащIыну ­къы­щIэ­кIынщ, зэман дэкIмэ, ауэ зэкIэ зыIэрыдгъэхьэфа хъыбар зыбжанэм жаIэр зэ­техуэркъым. Штраус и гъащIэ гъуэгур ­къезытхэкIыжхэм къы­зэралъытэмкIэ, композиторым «Шэрджэс маршыр» 1860 гъэхэм Урысейм щыщыIа зэманым зэхилъ­хьащ. Компо­зитор цIэрыIуэр урыс импе­ратор сэрейм иригъэблэгъати, Павловск къалэм дэт мафIэгу тедзапIэ цIэрыIуэм и ­уардэунэм концертхэр щиту щытащ. ­«Шэрджэс маршри» абы ирихьэлIэу зэ­хилъхьауэ къаIуатэ. НэгъуэщI зы хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Штраус и маршыр япэу 1869 гъэм мэ­къуауэгъуэм и 6-м Павловск къалэм щигъэзэщIащ, язы­ны­къуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Шэрджэс маршыр» япэу щы­Iуар Бытырбыхущ.
Ауэ сыт маршым и фIэщыгъэр Штраус ихъуэжын хуей щIэхъуар?
КъызэрыщIэкIымкIэ, композиторыр Австрием и император Франц Иосиф и сэрейм щылэжьащ, къэралым и лIыщ­хьэм и нэIуасэу. 1869 гъэм и дыгъэгъазэм Мы­сырым (Египетым) Суэц кIэнауэр щIэрыщIэу къы­щы­щы­зэIуахыжым, хьэрып къэралым и тепщэ Исмэхьил-пащэм ­иригъэблэгъахэм А­в­с­трием и император Франц Иосифи яхэхуащ. Абы здиша Штраус макъамэщIэ зэхилъхьэну зэман къы­хуэна къыщIэкIынтэкъыми, «Шэрджэс ­маршыр» арыххэу «Египет марш» хъуащ.
Иджыри зы хъыбар гъэщIэгъуэным щы­гъуазэ дещI Дрон зи унэцIэ американ тхакIуэм. 1874 гъэм къыдигъэкIа «Си хъыбарыр» тхы­лъым абы ­щыжеIэ: «1872 гъэм Штраус мы къэралым ­(США-м) япэ дыдэ щита концертым щы­зэхаха «Шэрджэс маршым» и ­къуэкIыпIэ плъы­фэм­рэ и гъэзэщIэкIэ къызэ­ры­мы­кIуэм­­рэ къызэхуэсахэр къыдихьэхат».
Дауэ мыхъуами, 1872 гъэм Штраус Америкэм щита ­концертым маршым иджыри «Circassian March» цIэр щы­зэ­рехьэ, абы щыхьэт тохъуэ «Музыкэм и академие» къы­дэ­кIыгъуэри, «Венэ щыщ ­зиусхьэн Штраус Иоганн 1870 гъэм Бостон и оркестр нэхъыфI дыдэм и ­гъусэу блыщ­хьэ пщыхьэщхьэм, бадзэуэ­гъуэм и 8-м, игъэзэщIэну макъамэхэр» къыщрибжэкIкIэ. Япэ Iыхьэм дыкъыщоджэ: «Штраус зэхилъ­хьа «Шэрджэс марш» (Circassian March, Strauss). Ардыдэм и щIэджы­кIа­кIуэхэр щы­гъуазэ ещI ба­дзэуэгъуэм и 2-м 1872 гъэм къыдэкIа «Нью-Йорк таймс» га­зетым, «Шэрджэс маршым» зыхыуигъащIэ ­«къу­хьэпIэ хьэлми» топсэ­лъыхь.
Зи гугъу тщIы макъамэр зэрыщыIэм япэу цIыхубэр щыгъуазэ зыщIар компо­зитор ­Даур Аслъэнщ. Ар къызэрыхъуа щIыкIэм «Шэрджэс маршым» и лъэужьым дытету» тхыгъэм щытепсэлъыхьыжащ ­Белашов Евгений Абы нэхъ нэгъэсауэ къехь Даур Аслъэн и гукъэкIыжхэри: «Куэд щIакъым Мэзкуу дэт, тхы­лъыжь­хэр зыщIэлъ тыкуэн гуэрым сыщIэту пасэу традза нотэхэр зэIыспщIыкI пэт, иджыри къэс сызы­щыгъуазэу щымыта Штраус Иоганн и ­«Шэрджэс маршым» сызэ­рыIууэрэ. Нотэхэр 1872 гъэм Гутхельд А. къыдигъэкIащ, тхылъым Чайковский Пётр и ныбжьэгъуу щыта нотэтедзэ Юргенсон и мыхъурыр ­телъщ. Пасэрей нотэхэм я IуплъапIэ на­тIэм адыгэ цей зыщыгъ адыгэ гупым я сурэт тетщ, Iэщи япщIэхэлъу. Зыр шым тесщ, адрейм фоч кIэщIрэ ­къамэрэ иIыгъщ, ещанэм сэшхуэ IэщIэлъу бгым зыкIэригъэ­щIауэ щытщ».
«Дэнэ икIи дауэ Штраус цIэрыIуэм адыгэ макъамэ щызэхихар? - щIоупщIэ Белашовыр. - ЗэкIэ гурыIуэгъуэр зыщ - «Шэрджэс маршыр» Штраус и IэдакъэщIэкI телъы­джэхэм язщ, абы концертхэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщиу­быдынуми шэч хэлъкъым».

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: