Я нэхъ мащIэри къахуэубыду

Уахэ жыжьэм щыIэ, вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэ зыхиубыдэ, Парус зи фIэщыгъэ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэр иджыблагъэ къаплъыхьащ Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хэт астрономхэм. Ар абыхэм яхузэфIэкIащ хьэршым техноген сигналхэр къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу а къэралым щызэпкъралъхьа, MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэщым и фIыгъэкIэ.

Зи гугъу тщIы Iэшэлъашэм «нэрыплъэ» телъыджэмкIэ мелуан бжыгъэу къыщыпхузэщIэубыдэну «цIуугъэнэ цIыкIухэм» я гугъу дымыщIми, абджынэ лъэпкъ хэмыту уи нэхэмкIэ плъагъуфыну вагъуэхэри мащIэкъым – ахэр, псори зэхэту, 195-рэ мэхъу.

МWA (Murchison Widefield Array) зи фIэщыгъэ Iэмэпсымэу вагъуэ мелуанхэм къадз нурыр зэ зэIухыгъуэу уи пащхьэ къизыгъэхутэф телескоп гъуэзэджэр къэзыгъэсэбэпхэм мызэкIэ мурад нэхъыщхьэу яIэр хьэрш жыжьэм а и къуапэу зыкIэлъыплъым псэ зыIут гуэрхэм къраутIыпщыкIагъэнкIэ хъуну сигналхэм гу лъатэнырщ.

«Мы лъэхъэнэм зэ плъэгъуэкIэ къытхузэщIэубыдар хуэдищэкIэ нэхъыбэщ нэхъапэхэм, апхуэдэ лъыхъуэкIэм дытету, тхузэфIэкIам нэхърэ. ИтIани, къыжыдмыIэнкIэ Iэмал зимыIэщ, «Парус» зи фIэщыгъэ вагъуэ зэрыбын абрагъуэм сыхьэт I7-м и кIуэцIкIэ дыкIэлъыплъати, хьэршым а и къуапэм псэ зыIутхэм къраутIыпщыкIауэ техносигнатурэ гуэри къызэрытIэщIэмылъэгъуар, - къыщыхагъэщащ Publicationsof the Astronomical Societ of Austсralia журналым щIэныгъэлIхэм къыщытрадза я тхыгъэм.

АрщхьэкIэ, еджагъэшхуэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зыпэплъа сигналхэм хуэдэ мызыгъуэгум къазэрыIэрымыхьар щыхьэт техъуэнкIэ мащIэщ уафэ жыжьэу зыкIэлъыплъам и Iэгъуэблагъэм псэ зыIут гуэри щымыIэу къэлъытэнымкIэ. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, хьэршым а и Iэшэлъашэм цIыхухэм ещхьу гупсысэ лъагэ зиIэу щыпсэункIэ хъунухэм къамыгъэсэбэпынкIэри хэлъщ дэ дызэсэжа FM-диапазоным хыхьэ радиосыджхэм хуэдэхэр.

«КъищынэмыщIауэ, мызэкIэ дызыкIэлъыплъа уахэм а и къуапэр нэхъапэхэм дызылъыгъуазэу щытахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инми, абырэ ар зыхыхьэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэу вагъуэ меларди I00-м къыщыщIэдзауэ 400-м нэблагъэ зыхэтымрэ зэрызэбгъапщэ хъунур псыгуэн къызэрыгуэкIымрэ дыщыпсэу планетэм и хыпс псоми, зэхэлъхьэжауэ, къызэщIаубыдэ щIыгумрэ я инагъ-цIыкIуагъкIэ зэрызэтемыхуэм хуэдэущ, - щыжеIэ зи гугъу тщIа тхыгъэм астрофизик Тингрей Стивен. – ДэщIыгъужыпхъэщ, нэгъуэщI планетэхэм щыIэнкIэ хъуну цивилизацэхэм, зыкъытпащIэн папщIэ, зыхэдмыщIыкI Iэмалхэр къагъэсэбэпынкIэ зэрыхъунури».

АтIэми, вагъуэхэм якIэлъыплъ астрономхэм дежкIэ, алъандэрэ къахуэмылъагъуа сигнал цIыкIухэми гу лъатэнымкIэ, дяпэкIэ хэкIыпIэфIщ SKA (Square Kilometer Array) зи фIэщыгъэу иджыблагъэ зэпкъралъхьа радиотелескопыщIэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: