Дунейпсо зэхьэзэхуэм медаль 11 къыщахь

Суздаль къалэм дэт «Суздаль Арена» спорткомплексым гъатхэпэм и пэщIэдзэм щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори зыхэт каратэмкIэ дунейпсо щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ зи ныбжьыр илъэс 12 - 17 итхэу Урысей Федерацэм, Къэзэхъстаным, Тыркум, Узбекистаным, Азербайджаным, Осетие Ипщэмрэ Абхъазымрэ щыщ спортсмен щIалэщIэ миным щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэу кумитэ лIэужьыгъуэм хэтахэм Суздаль медаль зэмылIэужьыгъуэ 11 щызыIэрагъэхьащ.

КаратэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм зыхэта гупхэм къапэлъэщын къахэкIакъым ХъутIэ Беслъэн (кг 57-рэ), Бетрожь Дамир (кг 60), Темрокъуэ Маирбэч (кг 64-рэ), ХьэшкIул Азэмэтрэ Алтуев Аланрэ (тIури кг 65-рэ).

Зэпеуэм дыжьын медалхэр къыщахьащ Переясловэ Валерие (кг 57-рэ), Бетрожь Владмири (кг 57-рэ), Бахъсэн Темырлан (кг 65-рэ), Гузиев Ахъмэт (кг 70) сымэ.

Аппаев Аскэррэ (кг 51-рэ) Къармокъуэ Русланрэ (кг 64-рэ) дунейпсо зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа спортсменхэр ягъаса Майрамуков Къазбэч, Сэбаншы Мурат, Шахмурзаев Щыхьмырзэ, Щоджэн Руслан, Мэкъуауэ Алан, КIэш Дауд, ДыщэкI Мухьэмэд сымэ.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: