Гъатхэм и Iэдий щхъуантIэхэр

Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэ­мыдэхэмрэ абыхэм яIэ плъыфэ зэмыщхьхэмрэ игу ириубыдэурэ, дунейм и зэхэлъыкIэм нэхъ куууэ хищIыкI ­хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зиузэщIащ лIэщIы­гъуэкIэрэ. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр къэхъу­къащIэхэрат. Дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм я гъащIэр мэкъумэш щIэным, Iэщ зехуэным теу­хуауэ щытти, абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми зрагъэу­жьырт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэ­лымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри.

ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ цIэрыIуэхэм къа­зэрыхэщыжымкIэ, адыгэм ипэкIэ илъэсыр IыхьитIу ягуэшу щытагъэнущ - гъэрэ щIырэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэрэ. Абы и щыхьэту къыщIэкIынщ нобэ ди гъащIэм хэт псалъэухар: «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ». Нэхъ иужьыIуэкIэ илъэсыр пIалъиплIу ягуэш хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ 30, ауэ щыхъукIэ, илъэсым махуэ ­360-рэ къриубыдэу апхуэдэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, илъэс къэс махуэ зытхух къыдидзэрт. Ахэр адыгэхэм тхьэлъэIу махуэхэу къалъытэу щытащ. Апхуэдэ тхьэлъэIу махуэхэм ящыщт гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуищыр, IутIыж, вакIуэдэкI, вакIуэихьэж, удзыпсзэутх, гъубжэдэх, Созэрэщ и тхьэлъэIу, Тхьэшхуэгухьэж, хъуромэ махуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Дунейм и щытыкIэм хуэнабдзэгубдзаплъэ нэхъыжьхэм гу нэхъ зылъатэр дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм я щытыкIэрт. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэ къуажэми зы бгыщхьэ е Iуащхьэ, жыг ­хута гуэрхэр яIэти, абыхэм я щхьэщыгум дыгъэр къиувамэ, ­къулъшыкъу, къулъшыкъушхуэ, шэджагъуэ хъуащ, жаIэрт. ПсэупIэ унэхэм я гупэхэр къуэкIыпIэм нэхъ хуэгъэзауэ щытти, бжэ, щхьэгъубжэ дазэхэм къыдидз дыгъэ бзийхэмкIэ къащIэрт махуэм и пIалъэхэри. Махуэм и кIуэцIкIэ мыхьэнэшхуэ зратхэм ящыщт дыгъэм, ар зытепсэхэм ядз ныбжьхэм. Жэщым гъуа­зэу къагъэсэбэпырт вагъуэхэр, вагъуэбынхэр.
Апхуэдэу илъэсыр IыхьиплIу зэрагуэшыр адыгэхэм ирапхырт «ВагъуэбэкIэ» зэджэ вагъуэбыным. Ди анэдэлъхубзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ». Мы псалъэухахэм ящыщ дэтхэнэми мыхьэнэ пыухыкIа иIэт икIи гъэм и зэман хэхам епхауэ жаIэрт.
Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ къыщалъытэр гъатхэм и деж махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъу зэманырт. Иджырей ди махуэрыбжэм тепщIыхьмэ, 2022 гъэм ар зыхуэзэр гъатхэпэ (март) мазэм и 20 - 21-рщ. Абы ирихьэлIэу адыгэхэм илъэсы­щIэр къихьауэ къалъытэрт. «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ», - жаIэрт абы щыгъуэ.
Дяпэ ита нэхъыжьхэм а махуэр Iэтауэ ягъэлъапIэрт. ИлъэсыщIэр къыщихьэу къалъытэ а зэманым теухуауэ унагъуэ къэс мафIащхьэтыхь (иужькIэ «мафIащхьэ джэд» жаIэ хъуащ) ящIырт, гъэфI къаритыну Тхьэм елъэIурт, щIалэгъуалэр хъуромэ джэгурт, къуажэбгъухэм гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр къыщы­зэрагъэпэщырт. Пшапэр зэхэуа нэужь, зи дэкIуэгъуэ пщащэ цIыкIухэм джэш ядзырт, пIэщхьагъ зыдагъуэтыну щауэр къащIэн мурадкIэ. Сытми, нэжэгужэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ яIэу махуэр ягъакIуэрт.
ЩIыуэпсым и щытыкIэмрэ дыгъэм и къепсыкIэмрэ, мазэм игъуэта теплъэмрэ вагъуэхэм я зэхэувэкIэхэмрэ ятепщIыхьмэ, нобэ Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ. Гъатхэм и Iэдий щхъуантIэхэм щIылъэм хуиту зыщаукъуэдий, гъэрэ щIырэ щызэхэкI зэманщи. Гъыбзи псалъи щIэмылъу дэнэкIи щоIу гъатхэм и бзэ дахэр, зэхэзых псори: цIыхуи, удзи, псэущхьи – щыгуфIыкIыу, дунейр къыщыушыж а зэман дахэм гугъапIэщIэхэмрэ ­мурадыщIэхэмрэ хуагъэпсу.
Дэри аращ. Гъэ бэв диIэну, илъэсыр угъурлыуэ къытхущIэкIыну, насып къытхуихьыну, блэкIа илъэситIым дызыгъэгузэва узыфэ хьэлъэм хуэдэхэм дяпэкIэ дунейр зэщIамыщтэну, зэрыхьзэрийрэ зауэ-банэрэ щымыIэу, узыншэу етIанэгъэ пIалъэ фIыгъуэкIэ дынэсыну Тхьэм жиIэ!
 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: