Туризмэм и XXVIII Дуней-псо гъэлъэгъуэныгъэр (MITT-2022) мы махуэхэм щокIуэкI «Крокус Экспо»-м. Абы хэтщ Урысейм и щIыналъэ 60-м щIигъум я лIыкIуэхэр. Хамэ къэралхэм ящыщу гъэлъэгъуэныгъэм ущыхуэзэнущ Азербайджаным, Армением, Белоруссием, Венесуэлэм, Мысырым, Индием, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Китайм, Таджикистаным, Таиландым, Тыркум, Узбекистаным, Филиппинхэм я плIанэпэхэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм хэтхэм Iэмал яIэщ щхьэж и туризм хуэIухуэщIэхэр утыку кърихьэну, абы пыщIа Iуэхутхьэбзэхэм цIыхухэмрэ туризмэм епхауэ лажьэ IуэхущIапIэхэмрэ щигъэгъуэзэну, IэмэпсымэщIэхэр щигъэлъэгъуэну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым хухаха плIанэпэр MITT-2022 гъэлъэгъуэныгъэм къигъэув мардэхэм тету зыгъэхьэзырар КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэрщ. Ди щIыпIэм икIа гупым я пашэр министр ЩоджэнцIыкIу Муратщ. КъБР-м и плIанэпэр нэхъ къыхэщу жыпIэ хъунущ: пхъэшыкъушхуэм ди щIыпIэхэр къызэрацIыхуж Iуащхьэмахуэ и сурэтыр бренд жыпхъэм иту хэщIыхьащ, абы и лъагагъыр къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэри (5642) дахэу хэгъэзэгъащ. Туризм Iуэхутхьэбзэхэм ящыщу ди щIыпIэм щIэупщIэ нэхъ щызиIэ бгылъэрызекIуэ спортым, альпинизмэм, парапланеризмэм, трекингым, автотуризмэм, псы хущхъуэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым ятеухуа су-рэт альбомхэр цIыхухэм хуагуэш, видеотеплъэгъуэхэр ирагъэлъагъу, зыщIэупщIэ-хэм жэуап ират.
Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэм епха и IуэхущIапIэхэм ящыщу гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ «Iуащхьэмахуэ тур», «ЗыплъыхьакIуэ» туроператорхэр, «Хыбзу» зыгъэпсэхупIэр, «Кавказым и хъуре- ягъкIэ» турист IуэхущIапIэр, «Ипщэ-вояж», «OFF-ROAD» клубхэр, «Урысей географие зэгухьэныгъэм» туризмэмрэ лъахэхутэмкIэ и «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа къулыкъущIэхэм гъэлъэгъуэныгъэм ипкъ иткIэ зэIущIэ зыбжанэ ирагъэкIуэкIынущ, зэпсэлъэныгъэхэмрэ Iэнэ хъурейхэмрэ зэхашэнущ, зэгурыIуэныгъэхэр ди къэралымрэ хамэ щIыпIэ къикIа туризм IуэхущIапIэхэмрэ иращIылIэнущ.
MITT-2022-кIэ зэджэ зэIущIапIэр дунейпсо туризм къулыкъущIапIэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я зэхуэзапIэщ, урысей утыкум щихьэ щIыпIэщ. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа туризм компаниехэм Iэмал яIэщ я сатур мыбдеж щыпхагъэкIыну, IэнатIэм теухуауэ дунейм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэмрэ политикэмрэ зыщагъэгъуэзэну. Мы гъэлъэгъуэныгъэр илъэс щIагъуэ дэмы- кIыу къызэрегъэпэщ УФ-м ТуризмэмкIэ и къулыкъущIапIэм.
Къыхэгъэщын хуейщ гъэлъэгъуэныгъэм щIыналъэхэм я туризм лъэкIыныгъэр къызыхэщ видеотеплъэгъуэхэм я зэхьэзэхуи зэрыригъэкIуэ-кIыр. Ахэр гъэлъэгъуэныгъэм и сайтым кърагъэувэнущ икIи пэIудза IэIэтыр екIуэкIынущ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ нобэ ягъэфIэжынущ.
MITT-2022 гъэлъэгъуэныгъэр туризм политикэм и утыкущ. Мы гъэм абы щекIуэкIынущ къэралым, щIыналъэхэм, хэгъэгухэм я туризмэм зэрызиужьым, бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр IэнатIэм зэрыхэлъхьапхъэм, хьэрычэтыщIэхэм я Iуэхум зэрызегъэубгъупхъэм теухуа Iуэхугъуэхэм хэлъ зэIумыбз-хэр щаубзыху щIэныгъэ зэхуэсхэр.