КъБР-м и Iэтащхьэр Кърымыр Урысейм зэрыхыхьэжрэ илъэси 8 зэрырикъум и щIыхькIэ республикэм щыпсэухэм зэрехъуэхъур

«ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
Ди къэралым егъэлъапIэ Кърымыр Урысейм къызэрыгухьэжрэ илъэси 8 зэрырикъур.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу ди къэралым дежкIэ а тхыдэ къэхъукъащIэм ипэжыпIэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, Кърым, Севастополь Республикэхэм я  цIыхухэм я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэш­хуэхэр щигъуэта лъэхъэнэщ ар.
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэмкIэ сохъуэхъу щIыналъэхэм я Уна­фэщIхэу Аксенов Сергейрэ Развожаев Михаилрэ, Кърымымрэ ди къэралымрэ я цIыхухэм.
Нобэ хытIыгуныкъуэм социально-экономикэ, щэн­хабзэ зыужьыныгъэ я лъэныкъуэкIэ щытыкIэ псори къыщызэгъэпэщащ, щIыналъэхэм я экономикэ зэфIэкIыр щIэгъэбыдэным, социальнэ, транспорт, инженер, туризм IуэхущIапIэхэр егъэ­фIэкIуэным, цIыхухэм я псэукIэр адэкIи нэхъ зэ­Iузэпэщ щIыным хуэунэтIа къэрал программэ лъэщ­хэр щагъэзащIэ.
Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, Кърымым щыпсэухэм Iэмал яIэ хъуащ мамырыгъэрэ фIы­гъуэрэ щытепщэ щIыпIэм езыхэми я щIэблэми я къэкIуэнур щаухуэну.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэу пхужыIэну-къым, а зэманым, илъэси 8 ипэкIэ, абыхэм ящIы­гъуу Донецкэ, Луганскэ цIыхубэ республикэхэр къы­зэгъэпэщыным и телъхьэу Iэ зыIэтауэ щыта Донбасс и цIыхухэм щхьэкIэ. Ауэ а илъэсхэм республикитIри  блокадэм хэтащ, абы­хэм я цIыхухэм Ук­раинэм и унафэр зыщIхэм зэрахьа хьэкIэк­хъуэкIагъэ псори я фэм дэкIащ. Я щIыналъэм щып­сэужыну, я бзэкIэ псэлъэну яIэ хъуэпсапIэ къызэрыгуэкIхэм, я щэнхабзэмрэ хабзэмрэ хуаIэ лъагъу­ныгъэм папщIэ ахэр ягъэкIуэдынкIэ шына­гъуэ яIэу псэуащ.
Урысейр хущIэкъуащ Донбасс щыIэ щытыкIэ хьэлъэм мамыр политикэр зи лъабжьэ IэмалхэмкIэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну. Ауэ мамырыгъэм и телъхьэ цIыхухэр укIыныр, сабийхэм, бзылъхугъэхэм, жьыкIэфэкIэм лей якIэлъызехьэныр зы ­махуи зэпыуакъым. КъищынэмыщIауэ, иужьрей зэманхэм Украинэм жыджэру зигъэхьэзырырт Донбасс зауэ къыщигъэхъеину. Нэгум къыщIэгъэхьэ­гъуейщ цIыхубэ республикэ­хэмрэ Урысей Фе­дерацэм и щIыналъэу абы и ­гъунэгъухэмрэ щып­сэу­хэм абы къахуихьынкIэ хъуну щытар.
ГурыIуэгъуэ хъуащ ди къэралым и шынагъуэншагъэр къагъэтIэсхъэн, абы къытегушхуэн папщIэ ­Украинэр зауэ операцэхэр щекIуэкI щIыпIэу къэгъэсэбэпыным хущIэкъу США-мрэ НАТО-мрэ а псор къазэрыбгъэдэкIыр. Урысейр, ди цIыхухэр хъу­мэныр, Донбасс щыпсэухэм иращIылIэ лъэпкъгъэ­кIуэдыр къызэпыудыныр Iэмал зимыIэ щытыкIэм зэрыхуэкIуарщ УФ-м и Президент Путин Влади-        мир Украинэм и националистхэр гъэкIуэдыным, ­зауэм зэрызыхуагъэхьэзыра Iэщэхэмрэ техникэмрэ зэтекъутэным теухуауэ къыхилъхьа Iуэхугъуэ щхьэ­хуэхэр къызыхэкIар.
Дэ дыдоIыгъ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и ­Къарухэм къыхуагъэува къалэнхэр зэфIахынымкIэ ягъэ­защIэ Iуэхухэр. Ди армэм нобэ ихъумэр Донбасс щыпсэухэм я закъуэкъым, ар и щхьэщыжакIуэщ Украинэм и цIыху мамырхэми. Сэ шэч къытесхьэркъым, Украинэм тепщэныгъэр щызыIыгъхэм ирагъэжьа террор Iуэхугъуэ шынагъуэхэр зэрыщыту къызэрызэпаудынум», - щитхащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и Telegram-ка­налым.

Поделиться: