Дохутырхэр я щIэныгъэхэмкIэ зэдогуашэ

Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 8-м щекIуэкIащ акушер-гинекологхэм я урысейпсо зэгухьэ­ныгъэм и школым и зэIущIэ.

Школым и лэжьыгъэр 2016 гъэм ирахьэжьащ икIи акушер-гинекологхэм я щIэныгъэм зэпымычууэ щыхагъахъуэ еджапIэм йокIуа­лIэ дохутыр мин бжыгъэхэр. БлэкIа илъэсищрэ ныкъуэм къриубыдэу ар къаухащ цIыху мин 13-м, къищынэмыщIауэ онлайн-нэтынхэм еплъащ дохутыр мини 5-м щIигъу.
Акушер-гинекологхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщI, ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием и академик Серов Владимир къыхигъэщащ школым и зи чэзу зэIущIэр Налшык  зэрыщрагъэкIуэкIым мыхьэнэшхуэ зэриIэр:
- Нобэрей зэхуэсым кърихьэлIащ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, ехъулIэныгъэфIхэр зэзыгъэгъуэта, зи цIэр фIыкIэ ираIуэ дохутыр Iэзэхэр. Ахэр зэдэгуэшэнущ я щIэныгъэмкIэ, къахутахэмкIэ, IэмалыщIэхэмкIэ. Согугъэ апхуэдэ щIыкIэкIэ медицинэм зиIэтыну, щIэщыгъуэ гуэр къыхэтлъхьэфыну.
ЗэIущIэм щагуэшащ иужьрей зэманым ди  дохутырхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ гинеколо­гиемкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм ­къигъэлъэгъуа тхыгъэхэр зэрыт тхылъ зэмы­лIэужьыгъуэхэр.

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: