Нартхэр

Адыгэ эпосыр зытеухуа миф лIыхъужь щэджащэхэрщ. Адыгэм ещхьу, нарт хъыбархэр яIэщ нэгъуэщI лъэпкъхэми: абхъазхэм, абазэхэм, убыххэм, осетинхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм, шэшэнхэм, ингушхэм. Нарт хъыбар яIэщ куржы лъэпкъ гуэрхэми – сонэхэм (сванхэм), рачэхэм, хевсурхэм. 
Лъэпкъ псоми нарт хъыбархэр зэхуэдэу щызекIуэркъым. Адыгэхэм, абазэхэм, абхъазхэм, осетинхэм я нарт хъыбархэр нэхъ бжьыфIэщ, нэхъ гъэпсыкIэ дахэ яIэщ. Мыбы я эпосым къыхэщ нартхэр фIыщIакIуэщ, ем пэщIэтщ, Нарт Хэкур яхъумэ.
Шэшэнхэмрэ ингушхэмрэ я нартхэр фIыщIакIуэ мыхъуу къуаншагъэ зэрахьэ, ахэр япэщIэтщ лъэпкъ IуэрыIуатэм фIыщIакIуэу хэтхэм. Сонэхэмрэ рачэхэмрэ я нартхэр фIыщIакIуэщ. 
Эпосым хэт сюжетхэр, мотивхэр, образхэр кавказ лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм куэдкIэ щызэтохуэр. Уеблэмэ, лIыхъужь нэхъыщхьэхэм я цIэхэр щIагъуэу зэщхьэщыкIыркъым. Ауэ абы къыдэкIуэу дэтхэнэ зы лъэпкъ эпосми езым и шыфэлIыфэ иIэжщ.
ЩIэныгъэлI псори еувалIэу, зэдащтэу зы Iуэху еплъыкIэ иджыри щыIэкъым нарт (нат) псалъэм и этимологием теухуауэ. Абы тетуи иродауэ нарт эпосыр къыщежьа щIыпIэм, къызэрыхъуа щIыкIэм и IуэхукIи. Языныкъуэм трагъэчыныхь эпосыр Кавказым адрыщI къыщежьауэ. Иныкъуэм жаIэ нарт эпосыр Кавказым къыщыхъуауэ. Образ щхьэхуэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIагъэнкIи мэхъу, ауэ нарт эпосым и хэкур, дауи, Кавказыращ. Кавказым щымыхъукIэ, нарт эпосым и лъэужь нэгъуэщI зы щIыпIи щыIэкъым.
Эпосым икъукIэ лъэхъэнэшхуэ къеубыд – лIакъуэ псэукIэм къыщегъэжьауэ феодализмэм щыщIэкIыжу. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, нарт хъыбархэм я лъапсэр нэхъ къыщежьэр гъущI лъэхъэнэм и япэ Iыхьэращ. Нарт эпосым хыболъагъуэ мывэ лъэхъэнэм и лъэужьи, миф дуней еплъыкIэм и Iуэхугъуэ куэди. Ауэ эпосым нэхъыбэу къыхощ матрилокаль унагъуэм и лъэужьхэр, патриархат лIакъуэ псэукIэр (патриархально-родовой строй), зауэлI демократиер (военная демократия).
Нартхэр псом япэу зауэлI хъыжьэхэщ. Абыхэм я щIыхьыр, нэмысыр зыщалъагъур я лIыгъэращ, хэкур яхъумэу лIыхъужь хахуэу зэрыщытыращ.
Нарт эпосыр миф эпосу ялъытэ. ЗэрыжытIащи, абы миф мотив и куэдщ. Псом япэу, эпосыр зи гуащIэ цIыхубэм къалъытэ нартхэр ипэжыпIэкIэ псэуарэ адыгэр абы къатехъукIауэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, нартхэр япэрей цIыхум хуагъадэ. «Миф лъэхъэнэкIэ», «лIыхъужь зэманкIэ» зэджэу дунейр, уафэр, щIылъэр щаухуар нартхэм епхащ. ЦIыху цIыкIум фIыгъуэу яIэ куэдыр къахуэзыхьари нартхэращ (мафIэр, ху жылэр, санэр, бжьамийр, н.). Дунейр зегъэкIуэныр (уэфI, уае, уэгъу, пшагъуэ щIыныр), дыгъэр къэзэтегъэувыIэныр, псэущхьэхэм я бзэ къагурыIуэныр, зы дунейм икIыу адрейм кIуэныр, эсхатологие мотивхэр (дунейр (нартхэр) кIуэдыжыныр) – а псор миф нэщэнэу нартхэм ябгъэдэлъщ.
ЛIэщIыгъуэ куэдым IуэрыIуэтэжу къыкIуэцIырыкIа эпосым хыболъагъуэ нэгъуэщI куэди. Нартхэр «я динкIэ» мажусийщ. Абыхэм дыгъэр зэрагъэлъапIэм и нэщэнэхэри, мэгъури анимизмри ядыболъагъу. Адыгэ мифологием и тхьэхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, эпосым щыболъагъу.
Ахэр, нартхэм яхуэдэу, хъыбархэм хэтщ. Нартхэр тхьэхэм щIагъуэу яфIэлIыкIыркъым, ящышынэркъым. Хуейуэ щытмэ япэщIоувэ. Ауэ и нэхъыбэм ахэр зэхуэфIщ, нартхэр тхьэхэм яхуопщылI жыпIэ мыхъуу. Псалъэм папщIэ, Сэтэней, Сосрыкъуэ сымэ я гъусэу къокIуэ Лъэпщ – гъукIатхьэр, Тхьэгъэлэдж – бэвыгъэм и тхьэр. Ахэр «тхьэщ» жаIэу лейуэ зэрыфIэлIыкIышхуэ щыIэкъым. 
ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, нартхэр инэхъыбэм зауэлIхэщ. Ауэ ахэр мамыр IэнатIэми пэрытщ – мэщакIуэ, гъавэ (мэш) ящIэ, мэгъукIэ, джэгу, санэхуафэ ящI. Нартхэм яхэлъщ лъэпкъым нэхъ фIэдахэ хабзэхэр: ахэр хахуэщ, фIыщIакIуэщ, хьэлэлщ, я щхьэ фIыуэ ялъагъуж, пщIэ хуащIыж. Я псалъэ ягъэпэжын, я хэку яхъумэн папщIэ я пси, я гъащIи щысхьынукъым.
Нартхэм ныкъуэкъуэгъуу яIэр зыбжанэ мэхъу. Псом япэу ахэр пэщIэтщ ер зи телъхьэ миф бзаджащIэхэм – иныжьхэм, благъуэхэм, удхэм. Ар цIыхур щIыуэпсым щыпэщIэт лъэхъэнэр къызыхэщ Iуэхугъуэщ. Иныжьхэм яхь нартхэм я мафIэр, я ху жылэр, я Iэщыр, я бзылъхугъэхэр яху. Благъуэм псыр еубыд. Уд сытхэм зэран ящIэ. ЕтIуанэу нартхэр йозауэ Нартейм и бий чынтхэм. Ещанэу нартхэм я бийщ езы нартхэм къахэкIа бзаджащIэхэр. Зэрытлъагъущи, мыбы хэлъщ дуней (щIыуэпс) Iуэхуи жылагъуэ Iуэхуи.
Нарт хъыбархэр циклу егуэш, зы нарт лIыхъужь къэс хъыбар щхьэхуэхэр епщIэкIауэ къокIуэ. Псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ и хъыбархэр, Бэдынокъуэ и хъыбархэр щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхокI. Апхуэдэ цикл къэс нахуэ щохъу а нартым и гъащIэ псор: къызэралъхуар, зэрапIар, шы къызэригъуэтар, фыз къызэришар, лIыхъужьыгъэу зэрихьар, зэрылIэжар, къ. 
Апхуэдэ циклу, хъыбар зэпщIэкIауэ адыгэ эпосым хэтхэм ящыщщ: Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Батрэз, Ашэмэз, нэгъуэщIхэри. Ауэ зы нартым и циклым къыхохьэ нэгъуэщI нартхэри. Къапщтэмэ, цикл куэдым яхэтщ Сэтэней, Сосрыкъуэ сымэ.
Нартхэм я кIуэдыжыгъуэр цIыху жьгъейм, мыхьэнэншэжь цIыкIум – и дунейкъытехьэгъуэм, е Тхьэм и унафэм ирапх: гъащIэ кIэщIрэ щIыхь яIэу псэуныр нэхъ къащтэ. Мифым къыдэкIуэу, эпосым тхыдэм щыщ куэди кIэрыпщIащ. Эпосыр лъэпкъым и тхыдэщ, тхыдэр ирибгъэпэжыну документу щымыт пэтми. Нарт эпосыр ужьыхкъым, абы и мыхьэнэр пхуэмыIуэтэну инщ. «Нартхэм» къыхощ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр, абы и дуней еплъыкIэр псыхьа зэрыхъуар, акъылыфIагъэу, Iущыгъэу, гуащIэу хэлъыр.

 

Поделиться: