Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIа

Темыр (Мамхэгъ) Рае и гъащIэм, и дуней тетыкIам, хэлъа хьэл дахэм, гуапагъэм, адыгагъэм, лъэпкъым хуиIа лъагъуныгъэм хуэфащэ псалъэ къыхуэбгъуэтыну тыншкъым, ауэ нэхъ гугъужщ абы адыгэбзэ щIэныгъэм, тхыдэм хуилэжьа Iуэху щхьэпэхэм нэгъэсауэ утепсэлъыхьынри. ЕтIуанэм сыкъытеувыIэмэ нэхъ сфIэигъуэщ, еджагъэшхуэхэм я лэжьыгъэхэм, къахутахэм цIыху куэд щыгъуазэкъыми. 
Псоми ящIэ Рае нэмысышхуэ зэрыхэлъар, бын хъарзынэ зэрипIар, пщIэ зыхуащI унагъуэ къызэрыхэкIар. Абы хузэфIэкIащ къыщалъхуа Жьакуэ къуажэми щыныса Хъумэрэ къуажэми дэсхэм фIыуэ закъригъэлъагъун. И щхьэгъусэ Темыр Умар илъэс куэдкIэ къулыкъушхуэ пэрытащ. Рае абы хуэфащэу, сыткIи зыщIигъакъуэу, Iуэху куэд щхьэщихыу къызэдэгъуэгурыкIуащ а тIур. Мыбы къеджэхэм гу лъезгъэтэнут зы Iуэхугъуэм. Совет лъэхъэнэми нобэрей зэманми къулыкъу зыIыгъхэм, зэфIэкI ин зиIэхэм я щхьэгъусэхэм ящыщ Iэджэм я напщIэм телъ хабзэщ къамылэжьа ехъулIэныгъэхэр, егъэлея пагагъэр. Темыр Рае зыми дилъэгъуакъым апхуэдэ хьэл, зэи хэIэбэтэкъым и щхьэгъусэм и Iуэхухэм. Пэжщ, къэхъурт Умар елъэIуурэ къащхьэщыжын зимыIэ цIыхухэм щадигъэIэпыкъу. Псалъэм папщIэ, сэ Москва аспирантурэм сызыгъэкIуар Темыр Умарщ. Рае абы жриIат си адэр зауэм зэрыхэкIуэдар, интернатым сызэрыщеджар (езы Умари а интернатым щеджащ, нобэ «зауэм и бынхэр» жыхуаIэ щIэблэм щыщщ). Ар нобэ къыздэсым си гум фIыуэ яхуилъщ Раерэ Умаррэ. Си закъуэкъым а тIум я сэбэп зрагъэкIар, гъуэгу тэмэм трагъэхьар. 
Рае и гуащIэри и гъащIэри нэхъыбэу зытриухуар адыгэбзэр джынырщ, абы и Iуэху зыхэмыбзхэр къэхутэнырщ. Ар къалэн нэхъ гугъухэм ящыщщ. Ди зэманым адыгэбзэм тепсэлъыхьхэр нэхъыбэ хъу зэпытщ, абы яхэтщ бзэр зимыIэщIагъэхэри, ар зымыджахэри, езымыгъэджхэри. Абыхэм я жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ахэри тогузэвыхь адыгэбзэр зэрытIэщIэкIым, ауэ бзэм зэрызиужьыным теухуауэ зэдэIуэн хуейр псом япэ щIэныгъэлIхэрщ, Къумахуэ Мухьэдин хуэдэхэрщ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщу адыгэбзэм елэжьахэм япэ игъэщыпхъэщ Темыр Рае. Ар абы и IэщIагъэт, псэемыблэжу къихутэрт адыгэбзэр щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къызэрыщагъэсэбэпыр, инжыдждэсхэм я псэлъэкIэм хьэлэмэтагъыу хэлъыр, адыгэхэр зэпэIэщIэ зэрыхъуам къиша зэщхьэщыкIыныгъэхэр, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ зэрызэхущытыр, яхэтащ псалъалъэ зэхэзылъхьэхэм. Къумахуэ Мухьэдин и проекткIэ томитI хъууэ «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэ» и фIэщыгъэцIэу 2006 гъэм къыдэкIащ къэхутэныгъэ ин. Абы ихуащ Темыр Рае и лэжьыгъэ щхьэпэ «Язык черкесов. Адыгов КЧР». Ар и щыхьэтщ Рае еджагъэшхуэ пэрытхэм зэрыхабжэм. Тхылъ щхьэхуэ зыбжанэ, статья куэд дыдэ итхащ Рае, ахэр еджапIэхэм къыщагъэсэбэп. Сэри университетым адыгэбзэр щыщезгъэджым тегъэщIапIэ сщIаи яхэтщ. 
Бзэ щIэныгъэм и закъуэкъым Темыр Рае лъэужь дахэ къызыхинар, атIэ зыкIи нэхъ мыхьэнэ мащIэкъым абы адыгэ тхыдэм хуилэжьар. 
ГъэщIэгъуэнщ адыгэм ди Iуэху зехьэкIэр. Дэр нэхъ тхыдэ бей зиIэ лъэпкъ щыпсэукъым Кавказ Ищхъэрэм, ауэ абы хуэфэщэн тхыдэм елэжь щIэныгъэлI диIэкъым. Зи блэкIар жыжьэ нэмыс ди гъунэгъухэм я тхыдэр къэзыхутэ щIэныгъэлIхэр я куэдыкIейщ. (Ди жагъуэ зэрыхъущи, я мащIэкъым щымыIэ къэзыгупсысхэри). Апхуэдэ щытыкIэм иригузавэу къыщIэкIынти, Темыр Рае адыгэхэм ятеухуа тхыдэ щIэныгъэми и гуащIэ хилъхьащ. ФIэщхъуныгъэ хэлъу, узыIэпишэу тетхыхьащ беслъэнейхэм я къекIуэкIыкIам, архив тхыгъэхэр къигъэсэбэпурэ, нэхъыжьхэм япкърыупщIыхьурэ. 
Тхыдэм щыщу Рае и къару нэхъыбэ зыхилъхьар беслъэнейхэм я къекIуэкIыкIарщ, абы теухуауэ итхахэм щIэныгъэлIхэмрэ критикхэмрэ уасэшхуэ хуащIащ. Адыгэм я тхыдэм, я хэкум, я псэукIэм, пасэм тетхыхьахэр хамэ щIэныгъэлIхэрщ, я нэгу зрагъэужьыну, зекIуэу ди хэкум пIалъэ кIэщIкIэ къихьахэрщ. Пасэм тхыбзэ дызэримыIам къыхэкIкIэ, езы адыгэхэм IуэрыIуатэ мыхъумэ щIагъуэ тхауэ къагъэнэфакъым. Аращ ди фIэщыгъэцIэхэр, щIыпIэцIэхэр щIытфIэкIуэдыр. Урыс-Кавказ зауэм щыгъуэ абыхэм я нэхъыбэр урысхэм зэрахъуэкIащ. Адыгэ щIыпIэцIэхэм зэранышхуэ ирагъэкIащ пащтыхь колонизаторхэм я унафэкIэ ди щIыгум щыщ Iыхьэшхуэ зылъыса лъэпкъхэми: къэрэшейхэм, балъкъэрхэм, ингушхэм, осетинхэм. Адыгэм и нэхъыбэр Уэсмэн империем щикIыжым хэкум къинахэри зэкIэщIачащ, щIыгури къэзакъхэм зэхуагуэшащ, я Iыхьэ къалъысащ зи цIэ къитIуа лъэпкъхэми. Абыхэм яхъуэжащ ди фIэщыгъэцIэхэри. Уеблэмэ «хэIэбащ» адыгэ IуэрыIуатэми, езым яйуэ къыщIрагъэдзыну хэтщ пасэм къытхэкIа цIыху цIэрыIуэхэри (псалъэм папщIэ, Черкасскэ унэцIэ зезыхьа адыгэхэр). Къэрэшейхэм «Гуащэгъагъ уэрэдыр» (мыр абазэ бзылъхугъэм адыгэбзэкIэ иусащ) «зылъагъэсащ», Iэдииху чэщанэри къэрэшейхэми нэгъуейхэми я тхыдэм хагъэувэну хэтщ. 
Зи гугъу тщIы Iуэхур гъэбелджылыным и зэфIэкI хилъхьащ Темыр Рае. Абы и «К этимологии имени «Адиюх» брошюрэм фIэщхъуныгъэ хэлъу сэтей щищIащ «Iэдииху» чэщанэр къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ зэриухуари, ар щаухуа илъэсри (I76I гъэм Лавров И. зэрыжиIэмкIэ, чэщанэхэм ящыщу а зыращ щащIар белджылыуэ къалъытэр). Iэдииху и образыр адыгэ IуэрыIуатэм убгъуауэ зэрыхэтри, чэщанэр зытрагъэува щIыпIэм пасэрей дыдэ «Къалэжь» быдапIэ зэрыщыIари. Мы чэщанэм и цIэр фIэзыщар къэрэшейуэ зытха «Хаджилаев Х. И., нэгъуейхэрауэ тезыгъэчыныхь Булгаровэ М. А. сымэ къагъэсэбэпар псалъэм и мыхьэнэ закъуэращ (ари зэрымытэмэмыр Рае къегъэлъагъуэ, къыщIегъэщ ахэр бзэм и хабзэм зэребакъуэр). Абыхэм жаIэхэр щIэгъэбыдакъым IуэрыIуатэмкIи тхыдэтххэм я къэхутэныгъэхэмкIи. Темыр Рае мы лэжьыгъэм деж тхыдэтх нэсу зыкъыщигъэлъэгъуащ, абы щIэгъэкъуэн ищIащ бзэр куууэ зэрищIэр, къигъэсэбэпащ щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкI тIощIым нэс. Рае и дауэгъухэм хуэмыдэу, къихь пэжхэр езым и щхьэзакъуэ гупсысэм хуихькъым, ахэр ирепх пщIэ зиIэ еджагъэшхуэхэм жаIам, аращ итххэр зэрыпэжым шэч къыщIытедмыхьэр. ЩIэныгъэлIхэм, еджагъэшхуэхэм къахокIыр я лъэпкъ лъагъуныгъэм я нэр къыщыщхьэрипхъуэ. ЦIыхум и сабийр егъэлеяуэ фIыуэ илъагъумэ, ар егъэсэхъу. ЩIэныгъэр бэзэрым е политикэм ещхьу пцIы упсыпIэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужь илъэсхэм щIэныгъэлIхэм къахэкI хъуащ «пцIым лъакъуэ щIэзыгъэувэну» хэтхэр. Апхуэдэхэм Темыр Рае япэщIэтащ, зи гугъу тщIы лэжьыгъэ щхьэпэхэмкIэ. 
Рае и гъащIэ псор лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ, аращ абы бзэщIэныгъэми этнологиеми лъэужьыфI къыщIыхинэфари. Ар дунейм тетащ цIыху хьэлэлу, и лъэпкъми, и щхьэми пщIэ хуищIыжу, езыри куэдым фIыуэ къалъагъуу. А лъагъуныгъэр къилэжьащ и гулъытэмкIэ, адыгэм хуилэжьамкIэ. 
 

 

БакIуу Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
Поделиться: