ЛъэхъэнэщIэхэр, бгъэдыхьэкIэщIэхэр, IэмалыщIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ и центрым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я унафэщI ныбжьыщIэхэм папщIэ щIыналъэ проектыщIэ.

«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща Iуэхугъуэм къалэн зыбжанэ зыщещIыж. Абыхэм ящыщщ унафэщI ныбжьыщIэхэр егъэджэныгъэм теухуауэ щыIэ къэрал хабзэхэм щыгъуазэ къудейм къыщымынэу, ахэр я лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэпын хуей Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным, еджапIэхэм унафэр зэщIэкъуауэ щызехьэным хуэунэтIа дерсхэр. Абы къищынэмыщIауэ, мыхьэнэшхуэ яIэщ сабиймрэ егъэджакIуэхэмрэ, егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ, адэ-анэхэмрэ еджапIэ унафэщIхэмрэ я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, къыхэкI щыщIэныгъэхэр гъэзэкIуэжыным, зэпыщIэныгъэхэр дзыхьым тешэным хуэунэтIа лэжьыгъэми.
«Илъэс зыбжанэ хъуауэ лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэхэм дыхэту дыкъокIуэкI. Еджэныгъэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къыхохьэ, ар зэрырагъэкIуэкI хабзэхэм зызэблахъу. Сытым зимыхъуэжми, купщIэ нэхъыщхьэр къонэ – едгъаджэ сабийхэм етт щIэныгъэр куууэ икIи нэгъэсауэ щытын хуейщ. Ауэ а IэнатIэм уехъулIэн щхьэкIэ къалэнхэр щыIэщи, унафэщIым къылъыс, абы и къуэдзэм къытехуэ, егъэджакIуэм хуэфащэ хьэкъхэр убзыхуарэ дэтхэнэми и къалэныр зыхуэдизыр ищIэжу лэжьыгъэр убзыхун хуейщ. Егъэджэныгъэм и хьэлъэм и нэхъыбэр унафэщIращ зытехуэр: абы къищтэ унафэмрэ игъэлъагъуэ хабзэмрэ куэд елъытащ. Дэри дызыхущIэкъур аращ – и IэщIагъэм нэсу хэзыщIыкI цIыху дгъэхьэзыру, гъащIэм къыхэкIынкIэ хъуну сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми ебэкъуэф, зэхъуэкIыныгъэхэм Iэнкун ямыщI пашэ къыхэтщIыкIынырщ.
Къэралым еджэныгъэм теухуауэ щыIэ мардэхэм, ФГОС жыхуэтIэхэм, псэ яIузылъхьэн, еджапIэм щекIуэкI гъащIэр сыт и лъэныкъуэкIэ щIэщыгъуэу къызэзыгъэпэщын цIыху гъэсэнырщ нобэ утыку къитлъхьэ проектыр зыхуэгъэпсар. Абы щхьэкIэ дэ къыттехуэ, тхузэфIэкI зыри къэдгъэнэнукъым. Ди зэIущIэхэр тренинг жыпхъэм иту, къэралым ит еджапIэ нэхъыфI дыдэхэм я щапхъэхэмкIэ зэпкърыхауэ унафэщI ныбжьыщIэхэм я пащхьэ иралъхьэнущ, гурагъэIуэнущ. Курыт еджапIэхэм я унафэщI ныбжьыщIэхэр хэлъэт иIэ защIэщ, дызыщыгугъыр къызэрыддэхъунум шэч къытесхьэркъым», – жеIэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Кравцовэ ФатIимэ.
Куэд лъандэрэ зи ужь ит Iуэхугъуэм гъуэгу зэригъуэтамкIэ, щыIэ хъуа Iэмалым зиубгъуурэ зэрекIуэкIынур и фIэщ зэрыхъур къыхэщу зэхуэсым къыщыпсэлъащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор. Абы къыхигъэщащ щIыналъэм щIэблэр егъэджэн Iуэхур тэмэму щызэтеухуэнымрэ унафэщIым и IэщIагъэм фIыуэ зэрыхищIыкIымрэ зэгуэх имыIэу зэрызэпхар, IэнатIэм махуэ къэс къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм уалъыщIыхьэн щхьэкIэ, IэщIагъэм зезыгъэужь, щыIэ щIэныгъэм ухэзышэ курсхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. «Сыт хуэдэ лъэхъэнэщIэми бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ IэмалыщIэхэмрэ къыхелъхьэри, фызыхыхьэ семинарым фи лэжьыгъэм хэплъхьэ хъуну щIэщыгъуэхэр фигу къигъэкIыну, зызэрывужьынум ехьэлIа гупсысэхэр къызэщигъэуну къысщохъу», – жиIащ Езауэм.
Курыт еджапIэхэм я зыужьыныгъэр зэлъыта курсхэр илъэсым и кIуэцIкIэ зэпымыу семинар жыпхъэм иту екIуэкIынущ, щекIуэкIынури ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ центрырщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: