ЩIакхъуэгъажьэ – IэщIагъэхэм я нэхъыфI

Вайнхайм нэмыцэ къалэм еджапIэщIэ къыщызэIуахащ – ЩIакхъуэгъажьэхэр щагъэхьэзыр академие. 

Нэмыцэхэм щIакхъуэ лIэужьыгъуэу 3200-м нэс яIэу хуагъэфащэ. Ауэ илъэсибл ипэкIэщ щIакхъуэр шейм, кхъуейм, цIыхум ишх-ириф адрей ерыскъыхэкIхэм хуэдэу, хъуарэ мыхъуарэ къызэрыпщIэн мардэр къахутэным елэжьын щыщIадзар. «ЩIакъуэгъажьэ Iэзэ» - апхуэдэу пхузэдзэкIынущ Германием 2015 гъэм къыщыунэхуа «сомелье» IэщIагъэщIэм и цIэр.
ЩIакхъуэ зыщIхэр нобэкIэ дунейм щымащIэ дыдэщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Германием апхуэдэ IэщIагъэ иIэу щыпсэуар цIыху 88-щ. Академием ущIэтIысхьэн папщIэ, илъэс зыбжанэкIэ упэплъэн хуейщ, ауэ абыи къригъэкIуэтыркъым Вайнхайм еджакIуэ кIуэхэр. Сомельехэм я бжыгъэр уэру зымыгъэбагъуэр зы щхьэусыгъуэщ: цIыхухэм иджыри фIыуэ къагурыIуэркъым дэтхэнэ зы шхыныгъуэми щIакхъуэ щхьэхуэ дэшхын зэрыхуейр.
ЩIакхъуэгъажьэ Iэзэ ухъуным щэхуу хэлъыр сыт жыпIэмэ, щIакхъуэр зыхуей хуэзарэ хуэмызарэ нэкIи, пэкIи, IэкIи, бзэгукIи, IукIи, уеблэмэ тхьэкIумэкIи зыхэпщIэу зебгъэсэну зэрыгугъу дыдэм хуэдэу, абы узэрытепсэлъыхьын псалъалъи пхурикъун хуейщ. «ЩIакхъуэбзэ» щхьэхуэ зэрагъэпэщауэ жыпIэ хъунущ егъэджакIуэхэм. Псалъэм папщIэ, щабагъ-цIынагъыр, щIакхъуэ вэгъум и Iувагъыр, щызэпыпщIыкIкIэ зэхэпх макъыр, къыщIэщ теплъэр, езыр Iум зэриткIухь щIыкIэр, къинэмыщIхэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр уимыIэмэ, щIакхъуэр хъуауэ е мыхъуауэ къыщIэплъытэри гурыIуэгъуэ хъунукъым. Абы къыхэкIыу, академием нэхъ тыншу къащтэр куэд щIауэ пщафIэ, щIакхъуэ щIыныр зи псэм хэлъ, куэдым егъэджэжын хуэмейхэрщ. Курсыр зэрекIуэкIыр илъэс закъуэщ. Сыт узрагъасэр? ЩIакхъуэм и щытыкIэр зыхэпщIэу – нэгъуэщIу пхужыIэнукъым. Диплом къуатыжын щхьэкIэ, IыхьиплIу ягуэш къэпщытэныгъэ птын хуейщ, махуэ зыбжанэ иубыду.
Дауи, хилъхьэхэр ихъуэжурэ, дэтхэнэ цIыхуми щIакхъуэщIэ куэд къыхуэгупсысынущ. Ауэ псоми лъабжьэ яхуэхъур, тхьэвым и зэхэлъыкIэр, хьэжыгъэмрэ псымрэ зэрызэхущытыр, щIакхъуэгъэтэджыр абыхэм зэрезэгъыр, кIэщIу жыпIэмэ, щIакхъуэм епха химие Iуэхум хыумыщIыкIмэ, IэщIагъэлI нэгъэсауэ укъалъытэркъым. Мыхьэнэшхуэ зиIэхэм язщ щIакхъуэ нэхъыфI дыдэр пхъэ мафIэкIэ зэрагъажьэри.
Куэдым жаIэ щIакхъуэщI Iэзэр и IэхэмкIэ къыпхуэцIыхуну. Уеблэмэ къигъэсэбэп хьэкур зыхуэдэри къыпхуэщIэнущ.
ШхапIэхэмрэ ресторанхэмрэ щапщэфI ерыскъымрэ унэм щагъэхьэзырымрэ сыт зэрызэщхьэщыкIыр? «Лъагъуныгъэу халъхьэмкIэ», - жаIэнущ пщафIэ Iэзэхэм. Абы ещхьщ зымышхыжыным и мэкъумэшщIэкIэу тыкуэнхэм щызэбграхымрэ фIыуэ илъагъухэм яхуэпщафIэ цIыхум и псэм и Iыхьэ зыхилъхьэ щIакхъуэмрэ. Нэхъыжьхэм иджыри жаIэу зэхыбох: унагъуэм берычэтыр имыкIын папщIэ, щIакхъуэр унэм щыгъэжьэн хуейщ. Абы къыхэкIыу, дэри адыгэхэм къадекIуэкI щIэныгъэ щхьэпэхэр дгъэпIий къудей мыхъуу, къызэрызэтеднэным, ипэкIэ зэрыдгъэкIуэтэным Iэмал къыщыхуэтлъыхъуапхъэ зэманым и чэзу къэсауэ къэдвгъэлъытэ. 
 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: