Дадэ и таурыхъхэр

ДыщыцIыкIум ди анэшым дыкIуэныр фIыщэу тлъагъут. Зэшыпхъуищми ди  анэм тхуидауэ чэсей зэгъалъэ зэщхьхэр къытщитIагъэти, Беслъэней уэрамхэр къэдгъэнэхуу къытщыхъуу, щыри дызэщхьыркъабзэу къуажэкIэм дехт, дыгуфIэу, тIэкIуи дыгузавэу, дызэрыдахэр дыкъэзылъагъухэм къыщыджаIэкIэ, дигухэри къилъэту. Ди анэм ерыскъы щIэщыгъуэ гуэр дадэрэ нанэрэ яхудигъэхьт. Абы нэмыщIу, си дадэ Даут щэхуу, гъэпщкIуауэ иджыри зыгуэрхэр хуздэсхьт, е зы мыIэрысэ дахэ, е зы кхъужь IэфI.

Сигу къы1эпык1а гуэркIэ згъэгуфIэну сыхуейт сыт щыгъуи. Си анэш нанэ IэпэIэсэ цIыкIури фIы дыдэу слъагъут. Ауэ дадэ зыхэслъхьэн сиIэтэкъым.
     Жэм къэкIуэжыгъуэм дытехуэмэ, джабэ нэкIум дыкъызэрыдэкIыу къэтлъагъут, жэмым пэплъэу уэрамым тет ди нанэ. Дади башым и IитIыр телъу зыщIигъэкъуауэ, тIэкIуи хэгупсысыхьауэ къыбгъэдэтт. Нанэ дыкъызэрилъагъуу, и гуфIэгъуэр игъэпщкIунуи пымылъу: «Си удз гъэгъа цIыкIухэр къокIуэ», - жриIэрт дадэ. Япэу дадэт дызыбгъэдэлъадэр, IэплIэ быдэу хуэтщIырти, итIанэт нанэ чэзур къыщылъысыр.
Анэш пщIантIэм дызэрыдыхьэу, хадэм дунэтIти, жэрыжэкIэ дыхэлъадэрт сатыритIу кIыхьу укъуэдия щхъырыб чыцэм. Банэхэр къытхэуэми, дызэхафыщIэ пэтми, фIы дыдэу тлъагъут ар, абы нэхъ IэфI дунейм темыту къытщыхъут. Ауэ а псом нэхърэ нэхъыфIуслъагъур нанэ щIыб хьэкукIэ игъэжьа щIакхъуэ хъуреишхуэрат! Ар хьэкум къызэрырихыжу, плъыжьу щIэжьыкIа и вэгъур къыпичти къыдитт...
ИтIанэ дадэ иукъуэдийт и таурыхъ гъэщIэгъуэнхэр. Псори дэгъуэт, псори фIы дыдэт, гъуэлъыжыгъуэм дынэсыхункIэ. Абы дынэсмэ, зэныкъуэкъун щIэддзэрт. Дадэ и гупэ хэлъыныр зэпыдубыдт. Сэ е сынэхъ ерыщт, е псом нэхърэ нэхъ куэдрэ сылъаIуэрэт, е дадэ сахилъагъукIрэт - ар иджы жысIэфынкъым. Ауэ, дауэ щымытми, дадэ и гупэм хэлъыну къызылъысыр сэрат. Пэжщ, си дэлъху Щыхьым къакIуэмэ, Iуэхур нэхъ гугъу хъурт. Ар къыстекIуэрт! Махуэ псом дызэрызехьа, дызэныкъуэкъуа гупыр, хэт нанэ и деж, хэти дадэ и гупэм - щхьэж гъуэлъыпIэ къыздытлъысам дызэрыгъуэлъыжу щэху дыхъут, дадэ и таурыхъхэм дыпэплъэу.
Дадэ сыт щыгъуи тIэкIу зиIэжьэт, къытхуиIуэтэну хъыбарыр, таурыхъыр зэригъэпэщу.
... «Еуэр аби-и- и-и...» - жиIэу кIыхьу иукъуэдийрт, и макъыр ину дришейрти, къригъажьэрт. Дэри хуэмурэ таурыхъым дыхишэрти, абы дыдэжеижырт...

Абыдэ Асият, Черкесск къалэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ