Зэпыу ямыIэу мэлажьэ

Урысей Федерацэм транспортымкIэ и министр Савельев Виталий видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ЗэIущIэр теухуат санкцэхэр къыщыдащIылIа мы лъэхъэнэм ди къэралым и щIыналъэхэм цIыхухэмрэ хьэп­шыпхэмрэ зэлъагъэIэсынымкIэ, къыщешэкIынымкIэ ав­тотранспортхэм я щытыкIэр зыхуэдэм.
Республикэм и Iэтащхьэм къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ щIыналъэхэм зы­тепсэлъыхьа Iуэхум ехьэлIауэ зэпыщIэныгъэхэр ирикъуу зэхуаIэщ, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэлъэзыгъэIэс транспортыр псори къызэрекIуэкIауэ мэлажьэ, Налшык и аэ­ропортым цIыхухэр къезышэкШ кхъухьлъатэхэр, зэрыдагъэху щIагъуэ щымыIэу, махуэ къэс къыщотIысэх икIи щытолъэтыкI.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: