ЩIалэгъуалэр терроризмэм и бийщКавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылажьэу щIэпхъаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэм я фэеплъ зэхьэзэхуэ IэпщэрызауэмкIэ Налшык щекIуэкIащ. «ЩIалэгъуалэр терроризмэм и бийщ» фIэщыгъэм щIэта Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэу щытащ Урысей МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиIэ управленэ нэхъыщхьэр. Ар диIыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм. Зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн, Ингуш, Осетие Ищхърэ-Алание, Дагъыстэн республикэхэм, Ставрополь крайм щыщ спортсмени 120-м щIигъу. Ар къыщызэIуихым, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм къыхигъэщащ лIыхъужьхэм я гъащIэр лIыгъэм, зышыIэныгъэм, хахуагъэм я щапхъэу зэрыщытыр IэщIагъэ мытыншыр - Хэкур хъумэныр - къыхэзыхахам я дежкIэ икIи маршал Рокоссовскэм и псалъэхэр къихьащ: «Псэухэр фIыуэ пхуэлъагъунукъым, хэкIуэдахэм я фэеплъыр умыхъумэфмэ».
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
06.04.2024 - 09:00 →
Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI
09.03.2024 - 13:10 →
Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ
|