Адыгэбзэм и пщIэр псоми я лъабжьэщ

Зи бзэ пщIэ хуэзыщIыж хэхэс адыгэ дунейм тетмэ, ар Израилым исхэрщ. Адыгэбзэр зэраджыр дэ къэдгъэсэбэп алфавитырщ - кириллицэрщ. Ар нэхъ къыщIыхахари я адэжь щIыналъэм щыпсэухэм а Iэлыфбейр къызэрагъэсэбэпыр аращ. Щыпсэу къэралыгъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпурэ, абы щыпсэу адыгэхэр я бзэм и пщIэр къызэраIэтыным хущIокъу.

Къуажэм ущыдыхьэкIэ гъуэгугъэлъагъуэхэм тет псалъэхэр журтыбзэкIи адыгэбзэкIи тетхащ, IуэхущIапIэу дэтми, уэрамхэми я цIэр адыгэбзэщ зэрытетыр икIи адыгэцIэщ зэрахьэр - Къэбэрдей, Шапсыгъ, Iуащхьэмахуэ, Хъан гъуэгу, Налшык, Псы, Мазэ…  

Кфар-Камэ щыпсэухэм я псэлъэкIэр шапсыгъ псэлъэкIэщ. Я бжэкIэми зы гъэщIэгъуэн хэлъщ. Псалъэм папщIэ, дэ щэщI, плIыщI жытIэмэ, абыхэм пщIырыпщIыбжэр ящIэркъым: щэщIым и пIэкIэ тIощIрэ пщIырэ, щэ ныкъуэм щхьэкIэ тIощIитIрэ зыпщIрэ жаIэ.

Израилым ЭкономикэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ, Кфар-Камэ щыIэ Адыгэ Хасэм жыджэру хэт Нэпсо Айбэч журтхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм къытхутепсэлъыхьащ.

- ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ уиIэмэ, уIэщIагъэлI хъарзынэмэ, Израилым тыншу ущыпсэуфынущ. Уеблэмэ, узэрыадыгэр къащIамэ, нэхъ гулъытэ, дэчых къыпхуащIынущ. Сэ нэгъуэщI лъэпкъ щыщхэм жаIэу куэдрэ зэхэсхащ адыгэр зэрыцIыху пэжыр, и лэжьыгъэр гугъэзагъэу зэрызэфIигъэкIыр, дзыхь хуэпщIар езым и щхьэ Iуэху хуэдэ зэрызэфIихыр. «Iуэху гуэр адыгэм и пщэ дэплъхьамэ, угъуэлъыжу ужей хъунущ», - жаIэ журтхэм.

Ди щIалэгъуалэм и нэхъыбэр гъунэгъу къалэхэм дэт университетхэм щIотIысхьэ. Зыхуеджэр сыт жыпIэмэ, дохутыр, адвокат, инженер, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр нэхъ къыхах. Дэ куэд диIэщ заводхэм, фабрикэхэм инженеру щылажьэу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ егъэджакIуэу, унафэщIу IуэхущIапIэхэм щыIэу. Нэхъыбэр щылажьэр Хайфэрэ Тбериерэщ, ахэр нэхъ ди гъунэгъущи. Ди щIалэ куэдым дзэм, полицэм къулыкъу щащIэ.

Къуажэ щIыбым ди Iуэху щыдэдгъэкIыу хамэбзэкIэ дыщыпсалъэ щхьэкIэ, дыкъызэрыдыхьэжу адыгэбзэм дытохьэж. Ар къыщежьар нобэкъым, икIи дыгъуасэкъым. АтIэ ди адэжьхэм къытхалъхьам дытету аращ. Уи анэдэлъхубзэм хуэпщI пщIэращ псоми лъабжьэ хуэхъур, армыхъумэ нэгъуэщI лъэпкъ ухэс щхьэкIэ ар пфIэкIуэдын хуейкъым. Дэ, адыгэхэм, ивритыр фIыуэ къыдощтэ, зыдогъэщIэф, уеблэмэ езы журтхэм ягъэщIагъуэу нэхъ пэжу дропсалъэ. Ауэ абы къикIыркъым бзэ ныкъуэу дыщытын хуейуэ, уи бзэр умыщIэжу, дауэ «сыадыгэщ» жыпIэн?!

 Илъэс зыкъом и пэ щIалэ гуп дызэхэсу ди хъуэпсапIэу къэтIуэтауэ щытащ, ди уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэныр насыпышхуэу къызэрытлъытэр. Ди щIалэгъуэт, ди къару илъыгъуэти, дызэрыгъэгушхуэри Iуэхум дыхуежьащ. УэрамыцIэхэм теухуауэ Израилым и къэрал хабзэхэр зэдгъащIэщ, абы папщIэ зызыхуэгъэзапхъэхэм депсалъэри, ди мурадым яужь дихьэмэ, зэрытхузэфIэкIынур къыдгурыIуащ. ЩIалэ хъарзынэхэр хэтт Хасэми, дызэхэтIысхьэри, къэдгупсысащ уэрамхэм цIэуэ хуэдгъэфащэхэр. Нэхъыщхьэу хэтлъагъуэр уэрамым и цIэм укъеджэмэ, адыгэр уигу къигъэкIын зэрыхуейрт, ди сабийхэм ялъагъурэ щыщIэупщIэкIэ псалъэм къикIымрэ ар къыздитхамрэ хуэтIуэтэныр щхьэпэнут. Хабзэм тету программэ дгъэпса нэужь, Хасэм етхьэлIэри, тхузэрагъэзэхуащ, здегъэхьыпхъэхэм ирагъэхьащ. Зэман текIуэдащ, ауэ зыми къытпиубыдаIакъым, иджы, нобэ нэр игъэгуфIэу, гур хигъахъуэу фIэлъщ, - къыддогуашэ щIалэ жыджэрыр.

Айбэч лэжьыгъэ зэманым къыщыдэхуэкIэ, Адыгэ музейми щолажьэ. Бзэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрищIэм къыхэкIкIэ, Кфар-Камэ къыдыхьэ туристхэми адыгэм и блэкIамрэ нобэ и щыIэкIэмрэ ирегъэцIыху, музейм щIэлъ хьэпшыпхэм я мыхьэнэмрэ къызэрагъэсэбэпу щытамрэ яжреIэ, адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я къулеягъыр яхуеIуатэ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: