Республикэм и дохутырхэр нэхъыфIхэм хабжэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и дохутыр зыбжанэм къыхуагъэфэщащ «Дыпсэунущ!» урысейпсо саугъэтыр. Ар ират лышх узыфэхэм пэщIэтынымкIэ зэфIэкI къэзыгъэлъэгъуа икIи абы зи гуащIэ хэзылъхьа медицинэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, волонтёрхэм, псапащIэ, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр зезыгъакIуэхэм. Ар илъэс къэс ирегъэкIуэкI лышх узыфэр зыпкърытхэм къызэрагъэпэща, «Узыншэу псэу» фIэщыгъэр зиIэ зэгухьэныгъэм.
    «Умышынэ, сэ сыпщIыгъущ» унэтIыныгъэмкIэ саугъэтыр иратащ республикэм и Сабий унэм цIыкIухэм паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэ щыхуащIэ и къудамэм и дохутырхэм. Мы IэнатIэм и лэжьакIуэхэм яхузэфIэкIыр хуащIэ яхуэмыгъэхъужыну лышх узыфэр зыпкърыт сабийхэм. КъищынэмыщIауэ, унэхэм кIуэурэ сабийхэм паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэ яхуэзыщIэ къудами мэлажьэ. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэр ягъуэт унагъуэ 48-м щыпсэу цIыкIухэм. Мыбыхэм я лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэр къэралым щынэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ икIи медицинэ IуэхущIапIэ куэдым щапхъэу хуагъэлъэгъуащ.
    Жылагъуэм я фIыщIэр къалэжьащ Лышх узыфэхэм щеIэзэ республикэ диспансерым и дохутыритIым. «Онкологием лIыхъужьыгъэшхуэ къыщызыгъэлъэгъуахэр» унэтIыныгъэмкIэ саугъэтыр иратащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, хирургие къудамэ №2-м и унафэщI Токумаев Марат. «IэщIагъэм и налкъутхэр» унэтIыныгъэм нэхъыфIу къыщалъытащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, хирургие къудамэ №3-м и унафэщI Ахмеров Радмир.
Саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэм щратыж зэхыхьэр Москва дэт Кремль уардэунэм щекIуэкIащ. «Узыншэу псэу» зэгухьэныгъэм щIыгъуу Iуэху щхьэпэр къызэрагъэпэщащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэхухьэныгъэм, УФ-м и Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

Токумаев Марат.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Ахмеров Радмир.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: