ЩIыналъищ зэпещIэ

  Километр 56,5-рэ зи кIыхьагъ Чыщбалъкъ псыр, зэреджэм   къызэригъэлъагъуэщи, и «благъэщ» Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм щежэх Балъкъ къуршыпс уэрым. А тIур щызэхэлъэдэжыр адыгэ жылэжьу Къармэхьэблэ (Каменномост) дежщ.

Чыщбалъкъ псы бгъунжым и Iуфэм къуажищ Iусщ. ИщхьэмкIэ къыщедгъажьэмэ, псом япэу зи цIэ къитIуэн хуейр къэрэшей жылэ цIыкIуу «Кичибалык» зи фIэщыгъэу Къэрэшей-Шэрджэсым и иджырей щIыналъэм хыхьэрщ. Абы дызэрыт илъэсым и гъатхэпэм и I-м ирихьэлIэу цIыхуи I34-рэ щыпсэуащ.

ДыкъеIэбэхынщи, зи гугъу тщIы псыр Ставрополь краймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гъунапкъэщ (километр 25-м щIигъу и кIыхьагъкIэ). Нэхъри дыкъехакъэ - ди республикэм хыхьэ Кичмалкэ къуажэм и Iэшэлъашэм дыкъохьэ. Мыр зи хэщIапIэ цIыхухэр бжыгъэкIэ нэхъыбэщ къэрэшей жылэ цIыкIум дэсым нэхърэ. Нэхъ пыухыкIауэ къыхэдгъэщынщи, 2022 гъэм гъатхэпэм и I-м ирихьэлIэу абы цIыху I556-рэ щыпсэуащ. Абыхэм я процент 34-р адыгэщ, адрейхэр балъкъэрщ, къэрэшей унагъуэхэри яхэту.

ГъэщIэгъуэныр аращи, XX лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм я пэщIэдзэм зэхагъэувауэ щыта щIыналъэгъэлъагъуэ картэхэм зэритымкIэ, Чыщбалъкъ псыр, къыщыщIэжхэм я деж къыщыщIэдзауэ Балъкъ щыхэхуэжым нэсыху, и кIыхьагъкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыгум ирижэрт. АрщхьэкIэ, къытедгъэзэж щIыкIэу къыхэдгъэщынщи, I926 гъэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым хыхьэ Нагорнэ округым щыщ Iыхьэ Къэрэшей-Шэрджэсым щратым, Чыщбалъкъ и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэхэри дагъэкIуауэ щытащ.   

Къэнэжыр псы бгъунжыр Балъкъ щыхэхуэжым деж щыс Къармэхьэблэ адыгэ къуажэжьым и гугъу тщIыныр аращи, ар здэщыт щIыпIэм, дэсым я бжыгъэм ехьэлIауи псалъитI-щы къыжытIэнщ.

Мы жылэм уIуплъэныр телъыджэ къыпщызыгъэхъущ, зэгъэщIылIа джабэ нэкIухэми задригъэкIуэкIуу, Балъкърэ Чыщбалъкърэ я зэхэлъэдэжыпIэри къигъэсэбэпу, псы Iуфэу яIэхэми хьэблэ-хьэблэу зэрызыIуигъэзэгъар.

2022 гъэм гъатхэпэм и I-м ирихьэлIэу Къармэхьэблэ цIыху 5784-рэ дэсащ.   

                                                                 

 

        

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: