Егъэджэныгъэм и шу пашэхэрЕгъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа зэпеуэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Абыхэм ящыщщ «Урысейр зэфIэкIхэм я щIыналъэщ» къэралпсо проектым ипкъ икIэ къызэрагъэпэща «Егъэджэныгъэм и шу пашэхэр» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ егъэджэныгъэ IэнатIэр зезыхьэфын IэщIагъэлI нэсхэр, къэрал хабзэхэм хэзыщIыкI, ар лэжьыгъэм хэзыухуанэ пашэхэр къэхутэныр. Зэхьэзэхуэм игъэува хабзэмкIэ абы ухэтын папщIэ цIыхуиплI зыхэт гуп къызэбгъэпэщын хуейщ: еджапIэм и унафэщIыр, абы и къуэдзэр, класс унафэщIитI. Зэпеуэр Iыхьищу зэхэтщ – пэIудзауэ екIуэкI гъэунэхуныгъэ (тестым къигъэув упщIэхэм жэуап етын хуейщ), щIыналъэм щекIуэкI зэныкъуэкъухэр, бжьыгъуэ зэфIэхьыр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мы гъэм екIуэкI зэпеуэм хэтыну хуейуэ цIыху мин 36758-м зыкъагъэлъэгъуащ. ЩIыналъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэм дэт, Кудзоев Владимир и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №44-м гъатхэпэм и 18-м щыщIидзащ. Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыщ гуп 48-рэ зэпеуэм хэтынущ. Абы и къызэгъэпэщакIуэ хъуащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр. «Егъэджэныгъэм и шу пашэхэр» зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гупий хэтщ: Налшык къалэ дэт, Тамбий Пагуэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №24-м щыщ гупитI; Налшык къалэ дэт гимназие №4-р; Пушкин Александр и цIэр зэрихьэу Налшык къал дэт, дерс щхьэхуэхэр куууэ щрагъэдж курыт еджапIэ №5-р; ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, КIурашын ТIэхьир и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-р; Зеикъуэ къуажэм дэт, Шафий Хьэчим и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-р; Ислъэмей къуажэм дэт, Мэршэн Нану и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №3-р; Пролетарскэ къуажэм (КъалэцIыкIум) дэт, Восканов Сергей и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэр. Зэхьэзэхуэм щытекIуэхэмрэ къыщыхэжаныкIхэмрэ Iэмал яIэнущ я IэщIагъэм зэрыхагъэхъуэн программэхэмкIэ стажировкэ Урысейм и къалэшхуэхэм дэт, зи зэф1экIкIэ хэгъэгу псом цIэрыIуэ щыхъуа еджапIэхэм кIуэну, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм ядэлэжьэну. Апхуэдэу зэпеуэм къыхэжаныкIахэм я лэжьыгъэм къащыхуэщхьэпэн фIыщIэгуапэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратынущ.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|