Улъэщмэ, ухейщ

Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.

Гугъуехь зэпытым, гуауэм, н.къ. и пIэ кърашыфынущ, къагъэгубжьыфынущ я нэхъ Iэдэб, зэтет, тэмакъкIыхь дыдэ цIыхури. Зыгуэрым шыIэныгъэу иIэр иухауэ афIэкIа хуэмыхьыжу къыщыщиудым деж къапсэлъ хабзэщ.

Къуийм и щIыIу гуэрэф.

Зы лажьэм нэгъуэщI лажьэ къытехъуащ.

Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ.

Зэкъуэтыныгъэр къаруушхуэу зэрыщытым теухуащ.

Мэкъумылэр мащIэмэ, шкIащIэр шхэрей мэхъу.

Шхыныр щымащIэм деж цIыхур мэгужьей, нэхъ шхэныгу хъу хабзэщ.

ЦIыхуфI и тхьэкIумэ дэгущ.

ЗэмыдэIуэн едаIуэркъым, зэхимыхын зэхихыркъым.

Акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ.

Зи акъылыр жыжьэ нэмыс цIыхум ехьэлIауэ къапсэлъ.

Гур зэрыгъум дыгъур кърокIуэ.

Гум къэхъунур ещIэ жыхуаIэращ. Гур зэрыгъуа гуэр къэхъуа нэужь, жаIэ хабзэщ.

ДаIуэ шхиипэ тоувэ.

Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым.

ЗэIусэм псэ хелъхьэ.

ЗэIусэр мэхъу жыхуиIэщ. Iэужь дахэ зиIэ цIыху IэпщIэлъапщIэм хужаIэ.

Щыгъын гуащэщи, ятIэ пщы унэщ.

ЦIыхур екIуу пхуапэмэ, дахэ мэхъу, унэр, тэмэму ятIэ зепхьэмэ, пщыхэм я унэм хуэдэу, бжьыфIэ мэхъу жыхуиIэщ.

Улъэщмэ, ухейщ.

Зыгуэрым и щхьэзыфIэфIагъым, и залымыгъэм, зэрихьэ хабзэншагъэм е захуагъэ хэмылъу судыр щIа зэрыхъуам къыхэкIыу зылъэкI мысэр хейуэ къыщIидзу, лажьэ зимыIэ тхьэмыщкIэр щыхилъафэм деж, цIыху цIыкIум ягу хэщIу къапсэлъ хабзэщ.

Зэхэзылъхьэ зэхихыжынщ.

ЦIыхум зэхищIыхьа Iуэхум, илэжьа щыуагъэм, н.къ. папщIэ хуэфащэр егъуэтыж.

Мывэ щылъ и щIагъ псы щIэжыркъым.

Уи Iэр зэтедзауэ ущыскIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым – зыгуэр щIэн, лэжьын хуейщ. Жэрдэм щIын хуейуэ щытыкIэм къыщигъэувым деж къапсэлъ хабзэщ.

ПащIэ гъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым.

Iуэхур зэгупсысыпхъэщ, гузэвэгъуэ зыхэлъщ.

Уи хьэ фIэпщ и цIэщ.

Ууейм уэ хуэпщIыж пщIэращ адрейхэм къыхуащIынур.

Уи щхьэ си щхьэ нэхърэ си щхьэ гуэр.

Зи щхьэ закъуэ Iуэхум фIэкIа нэгъуэщIым емыгупсыс цIыхум теухуащ.

МылIэр лIы мэхъу.

ЦIыху хъуащ, хуэфащэ увыIэпIэ игъуэтащ; балигъ хъуащ – жыхуиIэщ. ЦIыхум игъуэта щытыкIэр гуапэ щащыхъум деж къапсэлъ хабзэщ.

Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ.

УмыгъэзэщIар гъэзэщIа хъуакIэу, зэфIэкIауэ умыбж. Iуэхур щызэфIэкIын хуей пIалъэр къэмыс щIыкIэ гъэзэщIа хъуакIэу зылъытэм хуэгъэза чэнджэщщ.

ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыжыркъым.

УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ къыпхуэлэжьыжынкъым.

Псым итхьэлэр шхийм йопхъуэ.

ХэкIыпIэншагъэ къихутар къезыгъэлыну, къызэтезынэну къыфIэщIу, иужьрей дыдэ гугъапIэу йожалIэ сэбэп къызэрыхуэмыхъуфынур нэрылъагъуу щыт Iэмалми.

Псым къудамэ теткъым.

«IэубыдыпIэншэщ» жыхуиIэщ. Псым ущыбэлэрыгъ зэрымыхъунур кърагъэкIыу къапсэлъ.

ЩАУЭ Къэлидар.
Поделиться: