Гъатхэ теплъэгъуэ

Пасэу къэлъэтэжа къуалэбзухэр гугъу иримыгъэхьыу къанэркъым, дызэрыщымыгугъауэ, къэзыгъэзэжа щIымахуэм. Синоптикхэм Иджы хуэдэ зэманым дунейр зэщIипхъэнкIэжыу къесу щыта бжэндэхъу уэс гъущэм и пIэкIэ, гъатхэпэр икIыху синоптикхэм къытпагъаплъэр махуэ щIыIэтыIэщ.

 И зэманым къэлъэтэжа бжэндэхъухэмрэ чыцэ бзухэмрэ загъэшу жыгыщхьэхэм пщэдджыжьыпэкIэ фIэсщ, дунейм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къазэрытехьэлъэр нэрылъагъуу. ЩытыкIэм зэуэ зыщехъуэж ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм: мы гъэм хуэдэу жыгхэм бзу цIыкIухэм я шхапIэ куэд щыфIащIа къэхъуакъым. Дакъэжь, унэ, гуэгуэн, фэлъэркъэб, пщыIэ - гъэщIэгъуэныщэщ а IэдакъэщIэкIхэм ирата теплъэхэри. КъызэрыщIэкIымкIэ, илъэс къэс къалэм дэт курыт еджапIэхэр зэпоуэ бзу цIыкIухэм я шхапIэ нэхъ дахэ щIынымкIэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм жыджэру хэтщ Налшык и эколого – биологическэ центрым и гъэсэнхэри. Бзу цIыкIухэр абыхэм епщIэкIауэ хуракIута щыкъуныр иращыпыкI. Ипэ илъэсхэм хуэдэу щIыпIэ-щIыпIэхэм щракIутыжу плъагъуркъым къуалэбзухэм я зэран зыхэлъ щIакхъуэ хужьымрэ  булкэ хэкIхэмрэ, нэхъ хуапхъыр псоми язэгъ хугурщ.

Къуалэбзухэм къакIэрыхуркъым кIэпхъхэри. Шынэ жыхуаIэр ямыщIэу, ахэр зэзышалIэ цIыхухэм я Iэгум хуиту йошхыкI. ЩIыIэмрэ уэсымрэ зэриухыу ахэри лъагэу жыг щхьэкIэхэм итIысхьэжынущ.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: