Лъэпкъ фащэхэр зи пщIыхьМы тхыгъэр зытеухуар дизайнер, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэщIагъэфI зиIэ, адыгэ цIыхубз, цIыхухъу фащэхэр зыд Къущхьэ (ДыщэкI) Радимэщ. Ар ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэу щыта, политик цIэрыIуэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ, ФедерацэмкIэ Советым Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и къуэдзэ, ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен етIуанэу къыхилъхьа «StartUp 5642» зэпеуэм щытекIуахэм. Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм щыщ пщащэм зэрыцIыкIурэ IэпэIэсагъ далъагъурт. Зэрыджэгу гуащэхэм я фэилъхьэгъуэхэр зыдыж хъыджэбз цIыкIум и гъащIэр а лэжьыгъэм зэрырипхыныр гурыIуэгъуэт. АбыкIэ щапхъэ хуэхъуар, и IэщIагъэкIэ егъэджакIуэми, дэрбзэр Iэзэ, махуэшхуэхэм фэилъхьэгъуэ дахэхэр хуэзыгъэхьэзыр и анэрщ. «Зылъагъу ещIэж», - жыхуиIэращи, анэм и лэжьэкIэм гупсэхуу кIэлъыплъ хъыджэбзым абыхэм «къытригъэзэжырт». Радимэ курыт еджапIэм и класс нэхъыжьхэм щыщIэсым зыхэта «Кавказ пшэплъхэр», «Амикс» къэфакIуэ ансамблхэм я гъусэу ди щIыналъэми хамэ къэралхэми концертхэр щатыну куэдрэ къахуихуащ. Абы щыгъуэм адыгэ фащэм и дахагъэм итхьэкъупат пщащэр. …20I3 гъэм Къущхьэм «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхуэсым япэ грантыр къыщихьащ. И япэ дизайнер лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къыщехъулIар КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъузаджэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъэпщIагъэхэмкIэ и факультетым щыщIэса зэманырщ. Абы щыгъуэми Радимэ и проектыр зытриухуар лъэпкъ фащэхэр къэгъэщIэрэщIэжынырт. Мыгувэу пщащэм къызэIуихащ и IуэхущIапIэрэ хьэгъуэлIыгъуэ фащэхэм я тыкуэнрэ. Иджырей щIалэгъуалэм гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, хьэгъуэлIыгъуэхэр зэрагъэдахэ фэилъхьэгъуэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ Радимэ иIа хъуэпсапIэхэр зригъэхъулIэнымкIэ а проектыр IэмалыфIт. - Лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр си лэжьыгъэ къудейкъым, атIэ икIи си пщIыхьщ. Къанокъуэ Арсен и «StartUp 5642» проектым и фIыгъэкIэ къызэхъулIащ гум щызгъафIэ си хъуэпсапIэр - лъэпкъ фащэхэр къыщызгъэщIэрэщIэжыну, ахэр пIалъэкIэ щыстыну IуэхущIапIэ къызэIусхыныр, - жеIэ Радимэ. – Бзылъхугъэ фащэхэм нэхъ сыдахьэхми, си мурадщ цIыхухъу лъэпкъ фащэхэми, махуэ къэс зэрахьэ фэилъхьэгъуэхэми селэжьыну. Япэм щэкIхэр гъуэтыгъуейуэ щытамэ, иджы ахэри фащэхэр зэрыбгъэдахэ цIугъэнэхэри пэрыхьэтщ, тхыпхъэхэм, фэилъхьэгъуэхэм я щIыкIэм заужь, я пкъыр къэнэжу. Къущхьэ Радимэ жыджэру зыкъыщегъэлъагъуэ а IэщIагъэ дахэм щIэблэр хэгъэгъуэзэным ехьэлIа проектхэм, IэпэIэсагъэм, дыщэидэм, уагъэм теухуа мастер-классхэм хэтщ. Мы IэщIагъэм дихьэххэр апхуэдэ дерсхэм куэду къокIуалIэ, ныбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ ящохъу. Пандемием къыхэкIыу а Iуэхугъуэр тIэкIу Iэпэдэгъэлэл ящIами, мыгувэу пащэжыну я мурадщ. - Дэрбзэр IэщIагъэм, IэпэIэсагъэм яIэ щIэупщIэм зэрыхэхъуэм гу лъыботэ. Пасэм дэтхэнэ зы пщащэри абы щIапIыкIыу къекIуэкIащ, иужькIэ ар IэщIыб ящIами. Я цIыкIущхьэм щегъэжьауэ хъыджэбзхэр мастэ-Iуданэр зэраIыгъыным хуагъасэрт, шыIэ, Iэпэ щабагъэ, хьэл-щэн дахэ яхэлъу къэхъунымкIэ щхьэпэу къалъытэрти. Иджы ахэм ехьэлIауэ гупжьей куэд мэлажьэ, дыщэидэм теухуауэ къызэрагъэпэщ мастер-классхэм я бжыгъэми абы екIуалIэхэми къахэхъуэ зэпытщ. Дауи, ар кърикIуащ лъэпкъ фащэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжым, - жеIэ Радимэ. - Гуапэщ иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэм лъэпкъ куэдым къащта ди лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм гулъытэ ин щыхуащI зэрыхъуар. ЩIалэгъуалэм фащэм я гупэр зэрыхуагъэзэжам и фIыгъэщ и пщIэр зэригъуэтыжыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, лъэпкъ фащэхэм я Iэщхьэхэм, фэилъхьэгъуэхэр зэрагъэдахэ тхыпхъэхэм ар зезыхьэ пщащэм теухуа куэд «къыпхуаIуатэрт». Къэбгъэлъагъуэмэ, тхыпхъэ хэха зэрахьэрт хъыджэбз дэсхэм, унагъуэ ихьахэм, анэхэм. Адыгэ цIыхубз лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр ди тхыдэм и къекIуэкIыкIам ухэзыгъэгъуазэу жыпIэ хъунущ. Иджы къагъэщIэрэщIэж фащэхэм къыщагъэсэбэп тхыпхъэхэм абы и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ икIи фэилъхьэгъуэхэр ирагъэдахэ мыхъумэ, нэгъуэщI мыхьэнэ яIэжкъым. Лъэпкъым къыддекIуэкI щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лъабжьэр хъума хъуным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI Къущхьэ Радимэ дэтхэнэри къыхуреджэ махуэшхуэхэм адыгэ фащэ зэрахьэну, къагъэщIэрэщIэжами щIэуэ ирагъэдами, зы фэилъхьэгъуэ зэрагъэпэщыну.
Поделиться:
Читать также:
29.03.2024 - 12:39 →
Адыгэ пшынэбзэр зыгъэбзэрабзэ
29.03.2024 - 12:31 →
Дыгъэбзийуэ зи макъамэр псынэм хэпсэ
27.03.2024 - 18:39 →
Африкэ Ищхъэрэм япэу зыкъыщагъэлъэгъуат
27.03.2024 - 14:00 →
Лъагъуэхэш
22.03.2024 - 16:35 →
Зи вагъуэр ноби блэ
|