Пермь асфальтыщIэ къыщагупсысащ

Зы IэкIэ хъарбызитI пхуоIыгъ, къызэрыщIэкIымкIэ: щIыуэпсым зэран хуэхъу полимер кIэрыхубжьэрыхухэр хапщэри, асфальт лIэужьыгъуэщIэ къагъэщIащ Пермь лъэпкъ политехническэ университетым и щIэныгъэлIхэм. КIэрыхубжьэрыхури ягъэкIуэдащ, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу асфальт фIыцIэм и зэхэлъыкIэри фIы и лъэныкъуэкIэ яхъуэжащ. 

- Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, алъандэрэ урысей гъуэгухэм тралъхьэу къэгъуэгурыкIуа асфальтым нэхърэ мынэхъыфIмэ, зыкIи нэхъ зэранкъым зи гугъу тщIыр. Абы къищынэмыщIауэ, полиэтилен зэрыхалъхьэм и фIыгъэкIэ асфальт уасэм проценти 5-7-кIэ кIэроху, - жеIэ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, университетым щIыуэпсыр хъумэнымкIэ и кафедрэм и унафэщI Рудаковэ Ларисэ. 
ЕвропэмкIи КъуэкIыпIэмкIи куэд щIауэ къыщагъэсэбэп апхуэдэ Iэмалхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, Урысейми щIэупщIэ щиIэщ асфальтыщIэм. Мы унэтIыныгъэмкIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр дунейпсо конференцым щагъэлъэгъуати, щытхъушхуэ щиIащ.

Кислородым елъытакъым

Псоми ящIэ къалэдэсхэр зэрыбауэм нэхърэ къуажэ хьэуар зэрынэхъ къабзэр. Сыт хуэдэ элементхэр нэхъ зэран тхьэмбылымкIэ, сыт хуэдизрэ хьэуа къабзэкIэ бэуэн хуей цIыхур, и узыншагъэм емыкIэкIуэн папщIэ? А упщIэхэм я жэуап кърет жьэн узымкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Степанян Игорь. 
- ЦIыхум и тхьэмбылым зэран хуэхъур вирусхэмрэ инфекцэхэмрэ я закъуэкъым, атIэ дызэрыбауэ хьэуам и закъуи ирикъунущ узыфэ шынагъуэ хэпхыну. Хьэуам кислород мащIэ зэрыхэтым иротхьэусыхэ къалэшхуэхэм щыпсэухэр. Ауэ ар пэжкъым. Хьэуам и процент 20-р кислородщ, процент 78-р азотщ, къанэр Iубахъэмрэ къинэмыщI гъуэзхэмрэщ. ИкIи а бжыгъэхэр къалэми къуажэми я зэхуэдэщ, хьэуар зыщ. ЗэрызэщхьэщыкIыр – къалэ хьэуар машинэхэм къапиху Iугъуэмрэ гъуэзымкIэ «зэрыкударщ». Апхуэдэ хьэуакIэ зэпымычу мэбауэ къалэдэсхэр икIи уз нэхъыбэ хах. Дауи, къуажэм, мэз лъапэм, псы ежэхым и гъунэгъуу ущыпсэумэ нэхъыфIт, ауэ псоми яхузэфIэкIыркъым ар. Зыри пхуещIэнукъым абы, цIыхухэри машинэншэу псэуфынукъым, ауэ пщыхьэщхьэкIэрэ паркым хьэуа къабзэкIэ щыбауэмэ нэхъыфIщ. Абы ит жыгхэм зэпымычу ягъэкъабзэр хьэуар. 

ЩIы гектар 700 хуит къэхъужынут

Ставрополь крайм щыIэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр ягъэкъэбзэжатэмэ, щIы гектар 700 хуит къэхъужыну жеIэ щIыналъэ правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Ситников Владимир. 
- КIэрыхубжьэрыху идзыпIэу 225-рэ иIэщ ди щIыналъэм. Ар тхуэгъэкъэбзатэмэ, мэкъумэш лэжьыгъэхэмкIэ сэбэп хъуну щIы Iыхьэшхуэ къэдутIыпщыжынут, къищынэмыщIауэ, ухуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэри изэгъэнут. А 225-м щыщу нобэкIэ дгъэкъэбзар I2-щ, - къихигъэщащ къулыкъущIэм. 
 

РИА Новости, зэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: