Къуршкъаплъэнхэм зрагъэужьыж

Иужьрей зэманым Урысей Федерацэм и бгылъэхэм къыщагъуэтащ джэдуушхуэ гуэрым и лъэкъуампIэхэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ар къуршкъаплъэным ейщ.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, Тхылъ плъыжьым ит мы псэущхьэ телъыджэр Iуащхьэмахуэ лъапэ дежи щызэхэзекIуэу сурэттеххэм къридзат 202I гъэм и бжьыхьэкIэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуакIэбгыкIэхэм щалъэгъуа къуршкъаплъэныр дэнэ къикIами къахуэщIакъым, ауэ хьэкIэкхъуэкIэ IыгъыпIэ гуэрым щаIыгъауэ фэ теткъым, уеблэмэ щIыуэпсым хуиту къызэрыщыхъуам шэч къытрахьэркъым. Псэущхьэм и лъэкъуампIэхэр къагъуэта нэужь щIыпIэ-щIыпIэкIэ щагъэува сурэттехэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, ди къуршкъаплъэныр хъущ.
Сыт-тIэ, псэущхьэр мы щIыпIэм къэзышар? ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, нэхъапэIуэкIэ Осетие Ищхъэрэм и хьэкIэкхъуэкIэ IыгъыпIэхэм щыпсэуа къуршкъаплъэныбз яутIыпщыжам, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуршыщхьэм щызэхэзекIуэу ялъэгъуам къыкIэлъыкIуауэ аращ ар. Волна зыфIаща къуршкъаплъэн анэр мыбы «зэрыщыхьэщIами» шэч къытрахьэркъым: абы и пщэхъур Iуащхьэмахуэ и Iэшэлъашэм къыщагъуэтыжащ щIэныгъэлIхэм.
«Урысей Кавказым апхуэдэ джэдуушхуэхэр къызэрыкIуэр хъыбарыфI дыдэщ. Псом япэрауэ, щIыуэпс хуитым щызэрихьэлIэурэ зэхъу-зэбз хъумэ, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэнщ. ЕтIуанэрауэ, абы къегъэлъагъуэ Тхылъ плъыжьым ит хьэкIэкхъуэкIэхэр хъумэнымкIэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэр пщIэншэ зэрымыхъур, дызэрефIакIуэр», - жеIэ ЩIыуэпсым и дунейпсо фондым Урысейм щиIэ къудамэм и унафэщI Шмунк Валерий. – Ди къуршкъаплъэнхэр Iэпхъуэурэ, Кавказ щIыбым нэсауэ дрихьэлIащ. Абыхэм ящIэркъым къэрал гъунапкъэ жыхуаIэр. Ахэр дэнэ кIуэнуми щыпсэунуми хуитщ. Дэ, щIэныгъэлIхэм, ди къалэн нэхъыщхьэр – къуршкъаплъэныр нэхъапэIуэкIэ щыпсэуа щIыпIэхэм итIысхьэжынымкIэ, щIыуэпсым щаIыгъа увыпIэр ягъуэтыжынымкIэ сэбэп дыхъунырщ. Урысей Кавказым ахэр куэду ису щытащи, тлъэкI къэдмыгъанэу тхъумэнущ а джэдур».
Мыбы теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ мытыншыр пщIэншэ зэрымыхъум и щыхьэтщ иджыблагъэ Урысеймрэ КНДР-мрэ я зэпылъыпIэм деж къуршкъаплъэниплIым зэрызыкъыщагъэлъэгъуар. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр «урысей» псэущхьэхэщ икIи къэралитIым я щIыналъэр я зэхуэдэу зэхакIухь. «КНДР-м къуршкъаплъэн яIэми тщIэркъым, ауэ мы плIыр Урысей Федерацэм зэрейм шэч къытетхьэркъым», - жеIэ «Земля леопарда» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI Бардюк Виктор.
Зи гугъу тщIы джэду лъэпкъым нэхъ мащIэ дунейм теткъым. XIX лIэщIыгъуэм къуршкъаплъэным и бжыгъэри щыпсэу щIыналъэхэри куэду щытащ, ауэ XX лIэщIыгъуэм и кум ирихьэлIэу абыхэм фIыуэ кIэрыхуащ. Ар къалъытэри, 2000 гъэхэм и пэм унафэ къащтауэ щытащ къуршкъаплъэным и бжыгъэм хагъэхъуэжыну. Зэрытлъагъущи, мэкIуатэ Iуэхур!

РИА Новости.
Поделиться:

Читать также: