Экономикэм и лъабжьэр ягъэбыдэ

Урысей Федерацэм и Къэрал советым экономикэм ­шэ­щIауэ зиужьынымкIэ и лэжьакIуэ гупым хэтхэм я селектор зэIущIэ екIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ мы зэманым дызэрыт щытыкIэр, хамэ къэралхэм дазэрыпыщIауэ щы­тахэр къызэпаудауэ къызэрыттракъузэр къэлъытауэ УФ-м и щIыналъэ псоми социально-экономикэ я лъэныкъуэкIэ зэпIэзэрытыныгъэ къыщызэгъэпэщыныр егъэ­фIэкIуэ­ным. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Селектор зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ Къэрал советым и лэжьакIуэ гупым и пашэ Собянин Сергейрэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Белоусов Андрейрэ. Ди республикэм и Iэтащхьэм хуэдэу, зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ къэралым хыхьэ федеральнэ щIыналъэхэм, субъектхэм я пашэхэр. Абы щекIуэкIа псалъэмакъыр нэхъыбэу тещIыхьауэ щытащ фармацевтикэм, хамэ къэралхэм щащIу ди цIыхухэм зрахьэлIэу щыта хущхъуэхэм я пIэкIэ иджы къагъэсэбэп хъунухэр къыщIэгъэкIыным елэжьыным, апхуэдэу промышленностым нэхъри зегъэужьынымкIэ щIыналъэхэм яIэ мылъкум хэгъэхъуэным. 
УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ зи пашэ IэнатIэм иджырей лъэхъэнэм щыщыщIэ щытыкIэм. ЩIыналъэхэм Iуэхур зэрыщекIуэкIым и гугъу щищIым министрым фIы и лъэныкъуэкIэ къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Абы зэрыжиIамкIэ, хущхъуэкIэ худэчых зэмылIэужьыгъуэхэр зиIэу щытахэр абыкIэ гузэвэгъуэ хэхуэнукъым, сыту жыпIэмэ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ гъэм и пэщIэдзэм къащэхуакIэщ илъэсым къриубыдэу щIыпIэм щыпсэу цIыхухэр зыхуеину хуагъэфащэ псори. 2022 гъэм и щIыналъэ бюджетым а Iуэхугъуэхэм щыхухахауэ щытащ сом мелуан 600-м нэс. Абы Iэмал къитащ хущхъуэхэмкIэ гъэтIы­лъыгъэфIхэр къызэрагъэпэщыну. 
ЗэIущIэм къриубыдэу абы хэтахэр тепсэлъыхьащ офсет зэгурыIуэныгъэхэм нэхъри зегъэужьын зэрыхуейм. ИпэжыпIэ­кIэ, ахэр сэбэпышхуэщ хьэрычэтыщIэм и дежкIи, абы и мылъкур зыхилъхьэ щIыпIэм и унафэщIхэми щыпсэухэми я дежкIи. Сыту жыпIэмэ инвесторым абы (псалъэм папщIэ, къалэ гуэрым) IуэхущIапIэщIэ къыщызэIуех, щIыпIэ унафэщIхэми пщэрылъ зыщащIыж къыщIигъэкI хьэпшыпыр илъэс бжыгъэкIэ къащэхуну. КъинэмыщIауэ, зрагъэузэщIынущ технопаркхэм, хьэрычэтыщIэ Iуэхум, транспортым, промышленностым и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм епха IуэхущIапIэхэм. 
Зыхэта зэIущIэм щытепсэлъыхьыжым, КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым къыщыхигъэщащ мыпхуэдэ Iуэхугъуэри. УФ-м и Правительствэм гулъытэшхуэ хуещI хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэхэм щекIуэкI лэжьыгъэр къызэрапщытэ щIыкIэ­хэм, апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр зэрыхъукIэ гъэмэщIэным. Абыхэм куэдкIэ къагъэпсынщIэнущ хьэрычэтыщIэ IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэр. 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: