Лъэпкъыбзэм и кIыщ

Бзэр лъэпкъым и мэIуху нэхъыщхьэщ, ар цIыхум и гулъащIэм щигъафIэ, псэр хьэ­щыкъ зыщI, гъуазэ, хъуэпсапIэ телъыджэхэр къы­зэригъэщI Iэмэпсымэщ. Ар щIыуэпсым къыпкъ­рыкI гурыщIэщ, макъамэ щхьэхуэурэ пасэрей цIыхухэм ягъэпсар къащIэхъуэ щIэб­лэхэм зэIэпахыурэ ди деж къахьэсауэ. Абы и пэжагъыр къегъэлъагъуэ щIыуэпсым и макъ псоми дежьууф адыгэбзэм. Дунейм зыры­зыххэщ лъэпкъыу тетыр, адыгэхэм хуэдэу, я бзэм и макъхэр хэмыщIIауэ ихъумэфауэ.
А макъ зэщIэжьыуэ куэдым дамыгъэ етыным, зы пкъылъэм игъэзэгъэным и Iуэхур гугъуу икIи кIыхьу екIуэкIащ. Ди щIэныгъэлIхэм къызэрахутэжымкIэ, а Iуэхум япэу иужь ихьар лъэпкъ узэщIакIуэхэрщ. Нэгумэ Шорэ зэрыжиIащи, абыхэм зэи ягу икIакъым, «бгырысхэр джатэм къыпыкIыу, тхы­лъым зыщратын зэман» къызэрыхъунур.   ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ ныкъуэм псэуа узэщIакIуэ нэхъыжьхэу Нэгумэ Шори, Хъан-Джэрии, Адыл-Джэрии, Бырсей Умари, нэ­гъуэщIхэми ар я хъуэпсапIэу щытащ. Абы хуэунэтIауэ лъэбакъуэ щхьэпэхэри ячат, псалъэм папщIэ, 1826 гъэм Нэгумэ Шорэ игъэ­хьэзырат къэбэрдей адыгэбзэм и макъхэм я зэхэтыкIэм теухуа лэжьыгъэр, а бзэм алфавити хузэхилъхьат. Апхуэдэу 1843 гъэм щIэ­ныгъэлIым тхын иухат «Къэбэрдей грамматикэм и пэщIэдзэ хабзэхэр». Ауэ а лэжьыгъэхэр дунейм къытехьауэ езы узэщIакIуэ иным илъагъуну къыхуихуакъым, ар къыщыхъуар Нэгумэр дунейм ехыжу илъэс куэд дэкIыжа нэужьщ.

АдыгэбзэкIэ лъэпкъым и щIэблэ иригъэджэну, тхылъ къыдигъэкIыну япэу зи насып къикIар егъэджакIуэ-узэщIакIуэ, бзэ­щIэныгъэлI, тхакIуэ Бырсей Умарщ. 1850 - 1860 гъэхэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу ар щы­лэжьащ Ставрополь дэта щIыналъэ гимна­зием. 1853 гъэм и гъатхэпэ мазэм Тифлис къыщыдэкIащ Бырсейм «Шэрджэсыбзэм и букварь» зыфIища и тхылъыр. Ар дунейм къызэрытехьэрэ илъэси 150-рэ щрикъум ­ирихьэлIэу, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лъэIукIэ, 2003 гъэм Адыгэ Республикэм и президентым Iэ тридзащ гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэу гъэувыным теухуа унафэм. Къэрал унафэу щымытми, Iуэху щхьэпэр ­щыдаIыгъащ адыгэхэр щыпсэу щIыналъэ псоми, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту.
АдыгэбзэкIэ тхылъ къыдэгъэкIыным ехьэ­лIауэ Бырсей Умар ича лъэбакъуэр лъэужьыфIэ хъуащ. «Шэрджэсыбзэм и букварым» къы­кIэлъыкIуащ иджыри лэжьыгъэ зыбжанэ, езы щIэныгъэлIым игъэхьэзырауэ: «Шэрджэсыбзэм и грамматикэ» (1858), «Урыс-шэрджэсыбзэ псалъалъэ кIэщI» (1859), «Урыс графикэм тету къэбэрдеибзэм и алфавит» (1862, П. К. Услар щIыгъуу), нэгъуэщIхэри. Адыгэ псоми зэдай алыфбей, тхыбзэ лъэпкъым къыхузэгъэпэ­щы­нымкIэ Бырсейм и лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIащ. Ауэ нэхъыщхьэр щIэныгъэлIым ири­шэ­жьа Iуэхур зэрымыужьыхыжарщ, икIи ар адэкIи и еджакIуэхэм зэрагъэкIуэтарщ. Апхуэдэ ­лIыгъэ къызылъыкъуэкIари Бырсейм Ставрополь гимназием щригъэджа ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ КIашэ Адэлджэрийрэщ, «туземецхэр я бзэкIэ егъэджэн хуэмейуэ» къэзыгъэув языныкъуэ ­пащтыхь къэрал къулыкъущIэхэм лъэщу япэ­щIэувауэ щытахэрщ. 1865 гъэм Бырсей Умар и букварыр къыщыдэкIа тхылъ тедзапIэ дыдэм дунейм къыщытехьащ  ХьэтIохъущокъуэ Къазий и «Къэбэрдей алыфбейр».
Лъэпкъым и зыужьыныгъэм тхыбзэ зэримыIэм, щIэблэм светскэ щIэныгъэ зэрырамытым зэрызэтриIыгъэр фIыуэ къызыгурыIуэ узэщIакIуэхэу Тамбий Пагуи, Дым Iэдэми, Нэ­гъущI Сухьэди, ЦIагъуэ Нурии, нэгъуэщIхэри яужь итащ Iуэху щхьэпэр гъэкIуэтэным. Уеблэмэ ХьэтIохъущокъуэм адыгэбзэ езыгъэджэнухэр щагъэхьэзыр «мазищ курсхэр» Налшык къы­щызэригъэпэщат, ЦIагъуэми езым и хьэрычэткIэ сабий еджапIэ Бахъсэн къыщызэIуихат, цIыхухэм иужькIэ «Нурий и университет» зы­фIащыжар, ауэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зымыгъуэта а IуэхущIапIэхэр куэдрэ лэжьакъым. Апхуэдэу щытми, ЦIагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ я алыфбейр зекIуащ совет властым и япэ илъэсхэм къэсыху. Ауэ диным ебэныныр къэ­рал идеологием и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы зэрыхъуам къыхэкIыу, унафэщIхэм къалъытащ адыгэбзэр зытет хьэрып графикэм къытегъэкIын хуейуэ. Ар 1923 гъэм зэфIигъэ­кIащ Хъуран Батий зи пашэ щIэныгъэлI гупым, лъэпкъ тхыбзэм латин хьэрфхэр лъабжьэ хуэзыщIам. 1924 гъэм лъэпкъыбзэхэр егъэ­джы­ныр предмет щхьэхуэу школ программэм хагъэхьати, а алфавитымкIэ сабийхэр ира­гъаджэу зэтраублат.
Ауэ «РСФСР-м и цIыхухэм я деж щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдыным и IуэхукIэ» 1919 гъэм СНК-м къищтауэ щыта декретыр гъэзэщIэныр иджыри екIуэкIырт, адыгэбзэм и хьэрфхэр аргуэру зэхъуэкIын хуейуэ Iуэху къащылъы­къуэкIам щыгъуэ. 1936 гъэм урыс графикэр и лъабжьэу адыгэбзэм алфавитыщIэ хузэхалъхьащ. Абы елэжьа гупым и пашэт зи цIэр мы махуэхэм дгъэлъапIэ адыгэбзэ кафедрэм и япэ унафэщI, бзэщIэныгъэлI, егъэджакIуэ, усакIуэ Борыкъуей ТIутIэ. Нобэ лъэпкъ тхыбзэм игъуэ­та зыужьыныгъэм и псынащхьэм щытахэм ящыщ зыщ ар.
«Щэнхабзэ революцэм» и илъэсхэм псынщIэу зы­зыужьу хуежьа цIыхубэ хозяйствэр хуэны­къуэт IэщIагъэлIхэм, псом хуэмыдэу егъэджакIуэхэм. 1930 гъэхэм я пэщIэдзэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щы­зрагъэгъуэт еджапIэ иджыри иттэкъым, Совет Союзым и къалэшхуэхэм щеджауэ къэзыгъэзэжхэр яхурикъуртэкъым. Псом хуэмыдэу гъуэтыгъуейт адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, балъкъэ­рыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджа­кIуэхэр. Апхуэдэу лъэпкъ IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэт къэрал къулыкъущIапIэхэр, тхылъ тедзапIэхэр, газет-журнал редакцэхэр, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, щIэ­ны­гъэм я IэнатIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр. Абы къыхэкIыу 1931 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым лъэIукIэ зы­хуигъэзащ РСФСР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым ди республикэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институт къыщызэ­Iуахыну хуит ­къищIыну. ЛъэIур къыхуащIащ: 1932 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м РСФСР-м и СНК-м и унафэ къыдэкIащ, Владикавказ дэт Бгырыс педагогикэ институтыр тIууэ зэрагуэшыр иту - Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институт, ­Осетие Ищхъэрэ педагогикэ институт. ЕджапIэм езэгъын унэ Налшык зэ­ры­дэмытым къыхэкIыу, ВКП(б)-м и Кавказ Ищхъэрэ крайкомым уна­фэ ищIащ институтым и лэжьыгъэр Псыхуабэ ­(Пятигорск) щызэтриублэн хуейуэ.
ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу егъэджакIуэхэр фэтэрхэмкIэ, еджа­кIуэхэр общежиткIэ къы­зэ­рагъэпэщащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 1932 гъэм ­фокIадэм и 15-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ институтым и бжэр студенти 120-м яхузэIуихащ. Факультетищым - ­физикэмрэ ­математикэмкIэ, биологиемкIэ, филологиемкIэ - щра­гъаджэрт егъэджакIуэ 13-м. Иужь­кIэ къы­зэрагъэпэщащ тхы­дэм­кIэ факультетри. Фи­лологиемкIэ факультетым и зы къудамэт бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэри. Абы Боры­къуей ТIутIэ я унафэщIу щылажьэрт адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ, урысыбзэмкIэ егъэджакIуэхэр. Зыпэрыт Iуэхум къыдэкIуэу кафед­рэм и егъэджакIуэхэу Елбэд Хьэсэн, ДыщэкI Мухьэмэд, ЦIагъуэ Мухьэмэд сымэ, я уна­фэ­щIыр я пашэу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуи я пщэм дэлът: лъэпкъ тхыбзэм и хабзэхэр гъэбелджылын, литературэбзэм и мардэхэр убзыхун, сабийхэр зэрырагъэджэну тхылъ­хэр гъэхьэзырын, адыгэ IуэрыIуатэр зэ­хуэ­хьэсыжын, джыжын, нэгъуэщIхэри. Къы­хэгъэщын хуейщ зи цIэ къитIуа щIэныгъэлIхэм я пащхьэ къита къалэнхэр ехъулIэныгъэ хэлъу зэрызэфIагъэкIар, политикэ залымыгъэри, ­Хэку зауэшхуэм и мафIэри зэран къахуэхъуа пэтми. Абыхэм къыпхуэмылъытэным хуэдиз фIыщIэ адыгэ лъэпкъым и пащхьэ щаIэщ икIи дэтхэнэми тхыгъэ щхьэхуэ тебухуэну къалэжь.
1937 гъэм Налшык ухуэн щаухащ пединститутым и унэр икIи еджапIэ нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къагъэIэп­хъуэжащ. А илъэс дыдэм бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэр тIууэ ягуэшащ: урысыбзэмкIэ кафедрэ, лъэпкъыбзэхэмкIэ кафедрэ. Ап­хуэдэу екIуэкIащ Хэку зауэшхуэм щIидзэху. А лъэхъэнэм кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI М., Елбэд Хь., Кумыщ Хь., ТIажь Ш., Хьэбырэ И. сымэ куэд зэфIагъэкIащ адыгэбзэм и фонетикэр, псалъэ къэхъукIэр, синтаксисым хэлъ щхьэ­хуэныгъэхэр, лъэпкъ литературэм и зыу­жьыкIэр къэхутэным теухуауэ. Ауэ дахэу ежьа а лэжьыгъэр, адыгэ лъэпкъыр хуабжьу зыхуэныкъуэр, къызэпиудащ зауэм. Абы и мафIэм япэ махуэхэм щегъэжьауэ пэрыхьэри зауэ гъуэ­гуанэ хьэлъэр якIуащ кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI Мухьэмэд, ТIажь Шэхьбан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Къардэн Бубэ, Нало Ахьмэдхъан сымэ. Фашистхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ­гъунэгъу къыщыхуэхъум, пединститутыр ягъэ­Iэпхъуауэ щытащ Грузиемрэ Армениемрэ я щIыналъэхэм.
Бийр ди лъахэм ирагъэкъэбзыкIыжа нэужь, 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м пединститу­тым и лэжьыгъэр Налшык щызэтриублэжащ. Егъэлеяуэ хьэлъэт щытыкIэр: студентхэр ще­джэ унэр ягъэплъыртэкъым, электрокъару, псы щыIэтэкъым, тхылъ хъумапIэхэр, кабинет Iэмэпсымэхэр зэхэкъутат. Апхуэдэу щытми, абы и лэжьакIуэхэм я гукъыдэжыр инт, псоми къагурыIуэрт куэд дэмыкIыу зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухынур. Апхуэдэуи хъуащ, зауэм зэхикъутахэр псынщIэу зэрагъэпэщыжри, республикэр зыужьыныгъэм и гъуэгум теувэжащ. Ауэ гугъуехьхэр иджыри мымащIэу щыIэт. Псалъэм папщIэ, 40 - 50 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым и пащхьэ ита къалэн нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ егъэджакIуэ­кIэ IэнатIэр къызэгъэпэщыныр. ЕгъэджакIуэ 59-м ящыщу 11-рт еджагъэшхуэ степень зиIэр. Апхуэдэу зэтеубла хъуатэкъым щхьэхуэу адыгэ­бзэмрэ литературэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэ­хьэ­зырыным и Iуэхури. Ар къалъытэри, пединстиутым къыщызэIуахащ зэуэ IэщIагъитIым - адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ ­литературэмрэ - щыхурагъаджэ къудамэ, литературэмкIэ факультетым хэту. 1945 - 1968 гъэ­хэм абы и унафэщIу лэжьащ адыгэхэм ящыщу япэу филологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуа АбытIэ Мухьэб. ЩIэныгъэ­лIыр я пашэу кафедрэм и лэжьакIуэхэм а илъэсхэм къыдагъэкIащ адыгэбзэр курыт, ищхьэ еджапIэхэм зэрыщрагъэдж тхылъхэр, программэхэр. Абы­тIэм и гуащIэшхуэ хэлъщ Москва япэу дунейм къыщытехьа «Къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм и грамматикэ» (1957), «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и псалъэгъэнахуэ» (1999) лэ­жьыгъэшхуэхэм.
Адыгэбзэмрэ абы и лъэпкъэгъу бзэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр, я хабзэхэр, зыужьыкIэр джыным, лъэпкъ литературэм къикIуа гъуэ­гуанэр къэхутэжыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ щхьэ­пэхэр зэфIагъэкIащ Къардэн Бубэрэ Що­джэнцIыкIу Iэдэмрэ. 1945 - 1952 гъэхэм Къардэныр егъэджакIуэ нэхъыжьу, доценту, пединститутым и директору лэжьащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэпкъ бзэщIэныгъэм хэлъхьэ­ныгъэфI хуэхъуа лэжьыгъэхэр: «Кабардино-русский словарь» (М., 1957), «Краткий грамматический очерк кабардинского языка» (М., 1959), «Кабардино-русский фразеологичсекий словарь» (Налшык, 1963), «Фразеология ка­бардинского языка» (Налшык, 1973), «Семан­тико-стилистические функции фразеологических единиц в прозе А. Кешокова» (Налшык, 1982), тхылъеджэхэм гукъинэж ящыхъуа художественнэ тхыгъэ куэд.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм егъэджакIуэфI къудейтэкъым, аращ ди литературэм лирическэ прозэм и лъабжьэр щызыгъэтIылъар. Абы и «Софят и гъатхэ» (1955), «Уэлбанэ дыгъэ» (1966), «Уи цIэр фIэсщынщ» (1970), «Щхьэгъубжэ нэху» (1984) повестхэр лъэпкъ прозэм и нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. Апхуэдэу ЩоджэнцIыкIум адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъащ урыс, дунейпсо литературэхэм я классикхэу Шекспир У., Пушкин А., Есенин С., Тихонов Н., Твардовский А. сымэ я художественнэ тхыгъэ нэхъыфIхэр.
50 - 60 гъэхэм кафедрэр мэхъу лъэпкъыбзэр, IуэрыIуатэр, литературэр джыным и центр нэхъыщхьэ. Абы IэщIагъэлI Iэзэхэр щы­лэжьэну къащтэ, ар зыхыхьэ институтым аспирантури къыщызэIуах. А илъэсхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ ирагъэджу кафедрэм щылэжьащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Урыс Хьэ­талий (1968 - 1989 гъэхэм кафедрэм и унафэщIу щытащ), Нало Ахьмэдхъан, Нало Заур, Хьэ­кIуащэ Андрей, нэхъ иужьыIуэкIэ абыхэм гъусэ къахуэ­хъужащ КIуащ Тамарэ, Тау Хьэзешэ, Тхьэбысым Сэмихь сымэ. Илъэс куэдкIэ адыгэ­бзэмкIэ кабинетым и унафэщIу лэжьащ Хьэгъэбанэ ХьэIишэт. 60 - 70 гъэхэрщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным ехьэлIа щIэныгъэ лэ­жьыгъэ нэхъыбэ дунейм къыщытехьар. Псом япэу ар и фIыгъэщ Урыс Хьэталий. Бзэм елэжь ди щIэныгъэлIхэм ящыщу бзэ­щIэныгъэм хигъэщхьэхукI унэтIыныгъэ псомкIи аращ къэхутэныгъэ ­лэ­жьыгъэхэр зиIэр. Нобэ дызэрытхэ пэжырытхэм и хабзэхэр зыубзы­хуари, абы теухуауэ ­КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищта законым и проектыр зыгъэхьэзырари Урысырщ. Абы и «Къэ­бэрдей-шэрджэсыбзэм и пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэхэмрэ я хабзэхэр» (Зэхъуэхъу Лиуан и гъусэу, 1963), «Къэ­бэрдей-шэрджэсыбзэм и тхыдэ» (1968), «Морфемика адыгских языков» (1980), «Адыгэбзэм и тхыдэ» (1998), «Адыгэ грамматикэ. Синтаксис. Пунк­туацэ» (1994), «Адыгэ грамматикэ. Фонетикэ. Морфонемикэ. Морфологие» (2001), «АдыгэбзэмкIэ практическэ стилистикэ» (2002) лэжьыгъэхэр студентхэр ирырагъаджэу ноби къагъэсэбэп. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыпсэу адыгэ сабийхэм           я бзэр зэрырагъэджыр Урыс Хьэталий и учебникхэмкIэщ.
Адыгэбзэм, IуэрыIуатэм, литературэм ехьэ­лIауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд ягъэхьэзыращ еджагъэшхуэ цIэрыIуэхэу Нало Ахьмэд­хъан, ХьэкIуащэ Андрей, Тау Хьэзешэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм сымэ. Нобэ лъэпкъ бзэщIэныгъэм, литературэ щIэныгъэм я IэнатIэхэм къэху­тэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм я дежкIэ гъуазэу щытщ абыхэм я монографиехэр, статьяхэр. Тау Хьэзешэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и унафэщIу 1990 - 2013 гъэхэм лэжьащ, апхуэдэу щытащ филоло­гиемкIэ институтым и директору, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и проректору. Къэмбэчокъуэ Iэдэми лъэпкъ филологиемкIэ институтым и директору лэжьащ. Къыхэгъэ­щын хуейщ а IэщIагъэлIхэм я егугъуныгъэкIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ хуеджэхэм я бжыгъэр куэдкIэ хэхъуауэ зэрыщытар. А илъэсхэрщ щызэтраублар университетым и къудамэ ­псоми адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ щегъэ­джыныр.
ЩIэблэр егъэджэным, гъэсэным я зэфIэкI ирахьэлIащ кафедрэм щылэжьахэу Гъут Iэдэм, БакIуу Хъанджэрий, БищIо Борис, Абдокъуэ Iэуес, Иуаныкъуэ Нурбий, Къэмбэчокъуэ Риммэ, Шэру Хьэсен, Бакъ Зерэ, ПIаз Азэмэт, ­Къармэ Iэсият, КхъуэIуфэ (ТыIэщ) Юлие, Кувэжыкъуэ Залинэ, Псэунэ ФатIимэ, Мэремы­къуэ Элеонорэ, Шорэн Зитэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
2008 гъэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм иджыри зы зэхъуэкIыныгъэ къыщы­хъуащ - лъэпкъ кафедрэхэм къыгуагъэкIри ­къудамэщIэ къызэрагъэпэщащ, «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэ» фIэщыгъэцIэр иIэу. Абы и япэ унафэщIу щытащ филологие щIэныгъэхэм я доктор ЦIыпIынэ Аслъэн. Кафе­д­рэщIэм епхауэ мэлажьэ адыгэ, балъкъэр щэнхабзэхэм я центрхэр, Езауэ Мадинэрэ Тюбеевэ Светланэрэ я унафэм щIэту.
2013 гъэ лъандэрэ адыгэбзэ кафедрэм и унафэщIу мэлажьэ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент Къардэн Мусэдин. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр кафедрэ щхьэхуэ хъуами, тIуми зэдагъэзащIэр зы къалэнщ - щIэныгъэ куу яIэу, зэхэщIыкI лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэлъу, дунейпсо цIыхубэм хигъэщхьэхукIа лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр я гъуазэу, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ хуэпэжу щIэблэр къэгъэхъунырщ. Ахэр я гъуазэу я IэнатIэм пэрытщ кафедритIым я лэжьакIуэхэу Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Абазэ Албэч, УнэлIокъуэ Вячеслав, ХъутIэжь Заудин, Хэжь Ленэ, Бозий Наимэ, Езауэ Мадинэ, Хьэщхъуэжь Заретэ, Шыгъушэ Джульеттэ, Пэрыт Линэ, УнэлIокъуэ Ланэ, Къардэн Марьянэ сымэ.
Нобэ кафедрэхэм я лэжьыгъэхэр яунэтI къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я нэхъыфIхэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унэтIыныгъэ программэхэм тету. Апхуэдэу ахэр ядолажьэ зыхыхьэ институтым и къудамэ псоми. Университетми институтми я унафэщIхэм я гулъытэ зэи щыщIэркъым, а зэдэлэжьыныгъэм фIы куэди кърокIуэ. КъыжыIэн хуейщ, республикэм и IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм университетым адыгэбзэмрэ ­литературэмкIэ и къудамэр къэзыухахэм ехъу­лIэныгъэ зэрыщаIэр. Мыбы и гъэсэнхэрщ нобэ щэнхабзэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм, литературэм, СМИ-м я лэжьыгъэхэр зыунэтIыр.
Кафедрэхэм я лэжьакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ адыгэм и пащхьэ хэхауэ жэуаплыныгъэ зэрыщахьыр. Дэтхэнэ лъэпкъми и псэр зыхэлъ и бзэр хъумэныр, зегъэужьыныр дунейм лъэп­къыу тетым я дежкIэ къалэн нэхъыщхьэщ. Дэ а IэнатIэр езым къыхэтхащ, лэжьыгъэр мытыншми, ар ди псэм щыщ хъуащ. Лэжьыгъэм ды­пэлъэщынымкIэ дэ диIэщ гъуазэ тхуэхъун нэхъыжьыфIхэр, ди ужьми къоувэ ныбжьыщIэ ­Iущхэр. Абы фIэщхъуныгъэ къытхелъхьэ ипэкIэ дыплъэну, гъуэгу махуэ дызэрытетри хьэкъ къытщещI.

ТIымыжь Хьэмыщэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэм и унафэщI.
Поделиться: