Емызэш и Iуэху къыдохъу

Кино Iуэхумрэ театр лэжьыгъэмрэ зэдэзыхьыф щIалэгъуалэм ящыщщ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ теарым и актёр ныбжьыщIэ Къанкъул Ислъам.
Къамылыкъуэ къуажэм къыщалъхуа щIалэм утыку щигъэзэщIащ «Король Лир»-м хэт франджы пащтыхьым и ролыр, Кулиев Къайсын и щIалэгъуэр «Раненый камень» лэжьыгъэм къыщигъэлъэгъуащ, апхуэдэуи Хьэмыкъуэ Олег «Алладин» таурыхъым къытрищIыкIа спектаклым и къару щеплъыжащ.
2018 гъэм и япэ режиссёр лэжьыгъэр, «Сломанная жизнь» зыфIища кинор, Ислъам утыку кърихьауэ щытащ, абы къыкIэлъыкIуащ «ЛIэгъуэджэ» (ЩоджэнцIыкIу Алий теухуащ), «Судьба» фильмхэр.
Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и Унэм епхауэ къызэIуаха «Маска» студием Къанкъулыр ныбжьыщIэхэм щадолажьэ, спектаклхэр ядегъэув (мы зэманым ирихьэлIэу лэжьыгъитху яIэщ). Сабийхэр яфIэфIу гупжьейм йокIуалIэ. «Сэри ныбжьыщIэхэм сахэтыну, садэлэжьэну сфIэгъэщIэгъуэнщ. Псори артист хъун хуейуэ аракъым, нэхъыщхьэр - щIалэгъуалэр уэрамым дэмыту, цIыху хэтыкIэ ящIэу гъэса зэрыхъунырщ», - жеIэ абы.
Къанкъулыр илъэсым щIигъуауэ хэтщ «Дыгъэ бзий» адыгэ онлайн-театрым. Абы и гъусэу мэджэгу Хъупэ Марианнэ, Къуэныкъуей Залинэ, Щоджэн Алим сымэ. КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, IутIыж Борис, Думэн Хьэсэн, Дудар Хьэутий, нэгъуэщIхэми я гушыIэ тхыгъэхэр IэкIуэлъакIуэу Интернетыр къэзыгъэсэбэпхэм я пащхьэ кърахьэ. Пандемием щыщIидзам щыгъуэ Интернетыр я тегъэщIапIэу къызэIуаха «театрым» и къызэгъэпэщакIуэхэм я ролыр ягъэзащIэ къудей мыхъуу, сценарийри ятх икIи езыхэм ягъэувыж. ЦIыхум и щыIэкIэ-псэукIэр, хьэл-щэныр къагъэлъагъуэ, ауаныщI дыдж е къемызэгъ хэмыту. Апхуэдэуи артистхэр видео IэмалкIэ къоджэ дызэрысабийрэ дыдэзыхьэхыу щыта адыгэ таурыхъхэм.
    КъищынэмыщIауэ, Къанкъул Ислъам ягъэуващ «Сыринэ» адыгэ щIалэгъуалэ театрым («Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым епхащ) и режиссёруи художественнэ унафэщIуи. Мы махуэхэм, гъатхэпэм и 30-3I-хэм, театрым и япэ спектаклыр щагъэлъагъуэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрымрэ. Къаныкъуэ Заринэ и «Унащхьэ» пьесэм къытращIыкIа лэжьыгъэр теухуащ ди зэманым щIалэгъуалэр зыпэщIэхуэ гугъуехьхэм: языныкъуэ сабийхэр хаубыдыкIыу зэрагъэбэмпIэн Iуэхухэр зэпымыууэ къызэрагупсысым (буллинг), Интернетым зэрызыIэпишам. Апхуэдэуи спектаклым хуеущий хьэрэмыгъэншэу гу зэIухакIэ зэрыпсэуным.
- Кино техынымрэ театр утыку итынымрэ дэтхэнэр нэхъыфIу къызэхъулIэми схужыIэнукъым, ар къыдэплъхэм нэхъ зэхагъэкIыфыну къысщохъу. А лэжьыгъитIыр зэрызэмыщхьым сэ дэрэжэгъуэ къызет, - жеIэ Къанкъулым. - Си гум къинащ «Раненый камень» лэжьыгъэр Урыс къэрал театрым зэрыщыдгъэлъэгъуауэ щытар. Кулиев Къайсын и щIалэгъуэр къэзгъэлъэгъуэну Iэмал сиIат. Гугъут утыку укъихьэну, Кулиевым и Iыхьлыхэмрэ и ныбжьэгъуу щытахэмрэ пэшым зэрыщIэсыр, къызэроплъынур пщIэуэ. АпхуэдизкIэ сыгузавэрт псалъэхэр сщыгъупщэжынкIэ е образыр къызэмыхъулIэнкIи, сыджэгуу сщIэкIа нэужьщ, зыгуэр зэрысхэщIар щызыхэсщIар. Ар жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ ролщ си дежкIэ. Кулиев Къайсын зауэ IэнатIэм щыIута лъэхъэнэр Гусейнов Олег абы щигъэзэщIат, и нэхъыжьыгъуэр Къуныжь Алим игъэлъэгъуащ. Япэу ар щыдгъэлъэгъуам сощIэж Балъкъэр театрым и унафэщI Жангуразов Мэжид зыкъысхуигъазэу зы псалъэ закъуэ къызэрызжиIар: «СыкъэбгъэуIэбжьащ». А лэжьыгъэр сыт хуэдизрэ утыку къидмыхьами сыпIейтеящ. СфIэфIщ тхыдэм епха Iуэхухэр, цIыху цIэрыIуэм и гъащIэ згъэлъэгъуэну. Абыхэм зыкIи ятехуэркъым къагупсыса пащтыхь Баратеон Джоффри и образыр. Ауэ ар сфIэгъэщIэгъуэнщи, а ролыр зэгуэр утыку къисхьэну сыщIохъуэпс.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: