Къэралым и япэ дунейпсо чемпион Шыхъуэбахъуэ Анзор

Каратэ кёкусинкай лIэужьыгъуэм лъэужь дахэ къыщигъэнащ спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, РСБИ-м и «Дыщэ бгырыпхыр» зыхуагъэфэща ди лъахэгъу Шыхъуэбахъуэ Анзор. Аращ ди къэралым щыщу япэ дыдэу дуней псом чемпион нэс (абсолютнэ чемпион) щыхъуар.

ГъэпщкIуауэ фIэкIа каратэр Совет Союзым щыземыкIуа блэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм я кIэух лъэхъэнэм къалъхуащ абыкIэ ди къэралым щыщу япэ дыдэу дунейпсо чемпион хъуну Шыхъуэбахъуэ Анзор. 1978 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 20-м Украинэм и Винницэ областым хыхьэ Тульчин къалэм дунейм ар къыщытехьащ, и адэ Мухьэмэд офицеру советыдзэм къулыкъу щищIэу абы щыIэти.
Зэрысабийрэ Анзор хуабжьу жыджэрт икIи спортым зэрыхагъэхьар зыми игъэщIэгъуакъым - и къару мыкIуэщIыр зыщIыпIэ къыщигъэсэбэпын хуейтэкъэ?! Налшык къыщызэIуаха «Яматэ» спорт клубым, и ныбжьыр илъэс пщыкIублым иту, зыщыхуигъэсэн щIидзащ, абы ирихьэлIэу зыдебгъэхьэхыну хуит ящIа, каратэ лIэужьыгъуэм. Ар хэхуащ тренер гъуэзэджэхэу Къазий Михаилрэ Онищенкэ Анатолийрэ я нэIэ щIэт гупым икIи спортым щыпхишыну гъуэгу бгъуфIэр икIи кIыхьыр абыкIэ убзыхуа хъуащ.
КаратэмкIэ зигъэсэн зэрыщIидзэрэ илъэсищ фIэкIа иримыкъуауэ, курыт хьэлъагъ зиIэхэм я деж Шыхъуэбахъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым чемпионыгъэр къыщихьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, ди республикэм и командэ къыхэхам хэту, Екатеринбург щыIа Урысей Федерацэм и чемпионатым ягъэкIуащ. Абыи хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи жэз медалыр IэщIэлъу къигъэзэжащ.
ЛIыпIэ нэхъ иувэхукIэ Анзор щызауэ хьэлъагъми, дауи, хигъэхъуащ. Зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтым къыдэкIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмкIэ и къудамэр къиухащ икIи щIэныгъэ ищхьэ зригъэгъуэтащ.
Шыхъуэбахъуэ Анзор каратэ кёкусинкаймкIэ япэ ехъулIэныгъэ инхэр щызыIэригъэхьар 2001 гъэращ. ЯпэщIыкIэ ар Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуащ Дон Iус Ростов щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. КъыкIэлъыкIуэу, нэхъ хьэлъэхэм я деж Европэм щытекIуащ.
АдэкIи ехъулIэныгъэ куэд иIащ Шыхъуэбахъуэм. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым (куэдрэ), Урысей Федерацэм (2001 гъэм), Европэм (2001, 2006 гъэхэм) я чемпион хъуащ. Дунейпсо Кубокыр 2006 гъэм къихьащ, абы ипэ илъэситIкIэ, а зэхьэзэхуэ дыдэм и финалым нэсри, дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. «Заполярьем и Кубокыр» тIэунейрэ (2002, 2004 гъэхэм) IэщIэлъащ.
Анзор и вагъуэр, нэр щIисыкIыу лыду, къыщыунэхупар 2008 гъэм и кIэухращ. Каратэр къыщежьа Японием дыгъэгъазэ мазэм щызэхуэсат къэрал 20-м икIа спортсмени 150-м нэблагъэ. Шыхъуэбахъуэр зыхэт нэхъ хьэлъэ дыдэхэм зэхагъэкIыну къапэщылът дуней псом и чемпион нэсыр (абсолютнэ чемпионыр) хэтми. Ди къэралым иджыри къэс апхуэдэ ехъулIэныгъэ зэи иIатэкъым.
Шыхъуэбахъуэ Анзор а зэхьэзэхуэм зэIущIибл иригъэкIуэкIати, тхур шэч къызытумыхьэну нокауткIэ къихьащ. КIэух зэIущIэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуат Ираным щыщ пелуаныр. Зэныкъуэкъуныгъэр хуабжьу гуащIэу щытами, адыгэ щIалэр абы щытекIуащ икIи, зэи къэмыхъуауэ, ди къэралым икIар каратэ кёкусинкаймкIэ дунейм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэм къыщыхутащ. Ар ехъулIэныгъэ гъуэзэджэт икIи адыгэ псоми, Урысей Федерацэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми дэрэжэгъуэ ин къезытащ.
И Хэкум къигъэзэжа иужькIэ, Анзор лъагэу яIэтащ. А лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щыта Къанокъуэ Арсен абырэ и тренер Онищенкэ Анатолийрэ иригъэблагъэри, хуабжьу игъэлъэпIащ икIи Анзор сом мелуан, и гъэсэным сом мин 300 саугъэту къаритащ.
«Шыхъуэбахъуэм и текIуэныгъэ телъыджэр и щыхьэтщ лIыгъэм, ерыщагъымрэ Iэзагъ лъагэмрэ, - жиIащ щигъэлъапIэм Къанокъуэ Арсен. - Абы Iэмал къитащ урысей спортым и пщIэр нэхъ лъагэжу яIэтыну. Си фIэщ мэхъу, Анзор и ехъулIэныгъэр щIэблэм щапхъэ яхуэхъуу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щхьэзакъуэ зэзауэм зэрызыщиубгъунур».
Саугъэт лъапIэхэм къадэкIуэу, Къанокъуэм и унафэкIэ 2008 гъэм Шыхъуэбахъуэ Анзор къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. КъищынэмыщIауэ, абы къратащ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр.
Спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, РСБИ-м и «Дыщэ бгырыпхыр» зыхуагъэфэща, Урысей Федерацэм, Европэм, Дуней псом я чемпион Шыхъуэбахъуэ Анзор и Iэзагъ иныр нобэ щIэблэм яхелъхьэ. Хэт ищIэн, абыхэм къахэкIынкIи хъунщ и ехъулIэныгъэ инхэм къыпызыщэнухэр.

И ехъулIэныгъэ иныр дегуэш и гъэсакIуэхэм.


Хьэрхуэрэгъур нокауткIэ къриудащ.

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: