Къалэ нэхъыфIхэм халъытащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрыр ц1ыхухэм я псэукIэрэ щыIэныгъэкIэ нэхъыфI дыдэу къалъыта къалипщIым языхэзщ.

Къалэ 65-рэ зыхэт, «Зи щIыуэпсымрэ къэзыухъуреихь дунейкIэ нэхъыфI дыдэ къалэшхуэ» зи фIэщыгъэ гупым пашэныгъэ щызыIыгъхэм ящыщщ Налшык къалэ – балл 233-рэ иIэщ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм уеплъмэ, увыпIэ 25-кIэ къыдэкIуеящ. Зыхуей хуэза къалипщIым апхуэдэу хэтщ Мэзкуу щIыналъэм хыхьэ Реутов, Долгопрудный, Люберцы, Красногорск, Мытищи, Серпухов, Одинцов жылагъуэхэр. Абы къищынэмыщIуауэ, гупым хэтщ Новгород Иныр. Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и щыхьэрхэм ящыщу балл нэхъыбэ къэзыхьахэм яхэтщ Грознэ къалэр, ауэ ар зыхиубыдэр нэгъуэщI унэт1ыныгъэхэр къыщалъытэ гупщ. Къалэхэр я инагъкIи, дэс цIыху бжыгъэкIи, къэзыухъуреихь дунейкIи зэхуэдэкъым. Аращ ахэр гуп-гупурэ щIызэщхьэщагъэкIыр. Къыхэгъэщын хуейщ «Зи щIыупсымрэ къэзыухъуреихь дунейкIэ нэхъыфI дыдэ къалэ цIыкIу» гупым Бахъсэн къалэр зэрахыхьари.

Къалэхэм я зэIузэпэщагъыр къызэралъытэ пщалъэхэр (индексхэр) илъэс къэс зэхэзыгъэувэр УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэрщ. Мардэ 36-рэ къызэщIэзыубыдэ пщалъэхэр къыщызэщIэпкъуэжкIэ, къалэр ущыпсэуну тыншу цIыхум къезыгъэлъытэ Iуэхугъуэхэм яхэбгъэхьэ хъунущ: псэупIэр, жылагъуэ икIи нэгузегъэужь IуэхущIапIэхэмрэ абыхэм къегъэщIылIа щIыпIэхэмрэ, щхъуантIагъэр, псы Iуфэр, гъуэгухэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ, къалэ утыкур. Дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри къызэрахутэ щапхъэхэри щыIэщ: шынагъуэншагъэр, тыншыгъуэр, къабзагъэр, щIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я нэщэнэхэр къызэрыхэщыр, лъэпкъыбэ нэщэнэхэр зэрыщызэгъэу1уар, къэрал къулыкъущIапIэхэр жыджэру зэрылажьэр. КъэпщытакIуэ гупым дэтхэнэ зы щапхъэми хуэзэу зы баллым щегъэжьауэ баллипщIым нэс игъэувыну хуитщ. Зы къалэм нэхъыбэ дыдэу къыхуэхьынур балл 360-рэ хуэдизщ. Апхуэдэу щыт пэтми, къалэр дахэу икIи зэIузэпэщу къалъытэнущ, абы балли 180-м щ1игъу къихьу щытмэ.

«Ди пащхьэ къалэнышхуэ итщ – 2030 гъэм ирихьэлIэу къалэхэр едгъэфIакIуэу, цIыхур щыпсэункIэ тынш тщIын хуейщ. Мы къалэныр зэрыдгъэзащIэм, дызэрыпэлъэщ щIыкIэм дыкIэлъыплъын щхьэкIэщ мыпхуэдэ къэпщытэныгъэхэр щIедгъэкIуэкIыр. Ди къэхутэныгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, къалэ 490-р ущыпсэункIэ зэIузэпэщ жылагъуэхэм хыхьащ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм щебгъэпщэжкIэ, ди гуапэ зэрыхъущи, къали 115-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Дызыхуейр къыдэхъулIащ жытIэу ди Iэр зэтеддзэж хъунукъым. Зи ужь дитыр къызэрыдэхъулIэнур нэрылъагъу хъуащи, зыхуэдгъэувыжа къалэнхэм щыщ куэдыр дяпэкIэщ дгъэзэщIэну къыщытпэщылъыр», – жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: