Адыгэ цейр - лъэпкъыпсэм хэлъ къарум и дамыгъэщ

Лъэпкъ фащэр щыгъын къудейуэ щыткъым ар зезыхьэхэм я дежкIэ. Ар зыми хэмыгъуэщэн къэхъугъэщ, щэнхабзэм икIуа гъуэгуанэр къызэпхыщу, лъэпкъыр тхыдэм и кIыхьагъкIэ къыдэгъуэгурыкIуа хабзэм зэрыхуэпэжымрэ нобэрей дунейм зэрекIумрэ я нэщэнэу.

Апхуэдэ зы щапхъэщ зэманым зыдиужьурэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къэзыщта, итIанэми зейм пкърилъхьа купщIэр нобэр къыздэсым зыхъумэфа адыгэ цейри. Ар кавказ цIыхубэм я лъэпкъ щыгъын хъуа къудейкъым, атIэ Урысейм и дзэ щхьэхуэхэми зауэлI фащэу къащтащ.
ЛIыгъэ зыхэлъ, хэкум папщIэ и псэм емыблэж зауэлI хахуэм и шыфэлIыфэм къыпхугуэмыхыжын и Iыхьэ хъуащ адыгэ цейр. Щыгъыным апхуэдэ гурыщIэ къуитыфынкIи зэрыхъунур къыхощ урыс усакIуэ Лермонтов Михаил и псалъэхэм: «А зауэлI фащэ махуэм и гугъу пщIымэ, сэ зыкъызохыпэ: лейуэ зы уагъэ скIэрылъкъым; Iэщэр лъапIэщ, ауэ дамыгъэ телъхэр къызэрыкIуэщ; пыIэм Iуда цыр кIыхьыIуэкъым икIи кIэщIыIуэкъым; лъейри вакъэри схуэфIыпсщ; къэпталыр хужьщ, цейр морэщ».
Фащэр цIыхум и гум илъыр, и хьэлыр, и плъапIэхэр къызэрыщ гъуджэщ. Цейр ауэ сытми щыгъын къызэрыгуэкIкъым. Ар щызытIагъэ дэтхэнэ зыри хуэсакъын хуейщ абы зригъэувэ щытыкIэм зэрыхуэфэщэным. Цейр зепхьэфын папщIэ, Iэдэб къызэрымыкIуэ пхэлъын хуейуэ къалъытэ игъащIэми.
ЗауэлIхэр цейм хуэсакъыу зэрыщытам къыбжеIэ ар я IэщIагъэм нэхъ зэрыхуэщIар. Абыхэм я дежкIэ мыхьэнэ нэхъ зиIэр щыгъыныр пхуэфIу, тыншу уигъэIэбэу, гугъу уримыгъэхьу щытынрат. Урыс-Кавказ зауэм къыщIэна сурэтхэм щыболъагъу дзэзешэ лъэрызехьэхэм шэм пхиуда, сэшхуэм зэгуипхъа, адэ-модэкIэ щыдэжынхэр зытелъ цейхэр ящыгъыу, я щIыIум Iэщэ лъапIэ къытелъу. Урысыдзэм офицер Сталь Карл «Адыгэ лъэпкъым теухуа тхыгъэм» щытопсэлъыхь а Iуэхум: «Бейми тхьэмыщкIэми щыщIагъэ зиIэ щыгъын зэрихьэныр фIэемыкIукъым. Уеблэмэ зызыщихуэпыкIын зи мыхьэлращ шууей нэгъэсауэ къалъытэр».
«Куэд зылъэгъуа» цейхэм къаIуатэрт ар зыщыгъым ирихьэкI гъащIэр зыхуэдэр. Егъэлеяуэ гъэщIэрэщIа цеищIэм, псом хуэмыдэу ар щIалэм щыщыгъым деж, фэ Iей къыптригъэуэнкIи хъунут. «Гу лъытапхъэщ, - етхыж Хъан-Джэрий, - адыгэхэм зыпщIыIуэныр емыкIуу къызэралъытэм, аращ къезэгъыу цIыхухэм яхэгъуэщэныр нэм зыкъыщIидзэу зыкъыхэгъэщыным щIытрагъакIуэр; къабзэлъабзэмрэ зэщIэкъуамрэ зыкъизыхым нэхърэ нэхъ къащтэ».
ПщылIхэм нэхъ зыхуей хуэзауэ захуапэрт пщы-уэркъхэм нэхърэ. Адыгэ хабзэмкIэ пщы-уэркъхэр хьэлэлу щытын хуейт, я щыгъыным зыгуэр къехъуэпсамэ, тIэу жрамыгъэIэу тыгъэ хуащIыфу.
Цейр къызыхащIыкI щэкIхэм я фэм и гугъу пщIымэ, абыи лъэпкъым и гупсысэкIэм и лъэужь къытенащ. Адыгэхэм нэм зыкъыщIэзыдзэ, цIыхум уакъыхэзыгъэщ, къуэлэн-пщIэлэн щатIэгъэн яфIэфIтэкъым. ЦIыхухъу фащэм папщIэ къагъэщхьэпэ щэкI псори зэфэзэщщ, закъуэтIакъуэххэщ фищ нэхърэ нэхъыбэ къыщагъэсэбэпыр.
Адыгэхэм фащэм и дыкIэмрэ Iэщэр зэрыгъэщIэрэщIапхъэмрэ апхуэдизкIэ еплъыкIэ пыухыкIа хуаIэти, абыхэм я деж щыхабзэр хуэм-хуэмурэ я гъунэгъу лъэпкъхэми къащтащ. XVII лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ хамэ къэралхэм къикIа зыплъыхьакIуэхэм я фIыгъэкIэ «шэрджэс модэр» къухьэпIэм нэсащ. Кавказми КъуэкIыпIэ гъунэгъуми нэхъ цIыху зэкIэлъыкIуэу зыкъыщызылъытэжхэр щIэхъуэпсырт адыгэ цей, абы хуэфэщэн Iэщэ, адыгэш, а псом ищIыIужкIэ адыгэ щхьэгъусэ яIэным.
Ван Дейк, Врубель, Рубо хуэдэ сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр траухуащ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр къагъэлъэгъуэным. Пушкин, Бальмонт, Лермонтов, Заболоцкий, Байрон, Долматовский сымэ ахэр я усэхэм щагъэлъэпIащ. Гу лъытапхъэщ адыгэ пщащэхэр цIэрыIуэ зэрыхъуа дахагъэм укъыфIэкIмэ, гъэсэныгъэ, шыIэныгъэ, нэмыс яхэлъу, куэдрэ узримыхьэлIэ Iуэху тегушхуэкIэ ядэплъагъуу зэрыщытам. Мис абыхэм ятеухуауэ Немирович-Данченкэ Владимир итхыр: «Щхьэпэлъагэхэу, къуданхэу, лантIэхэу, нэху къызэранэкI фIэкIа пщIэнтэкъым. Я Iэ - я лъэхэм я цIыкIуагъым тырку усакIуэм и тхэн гурыфIыр къригъэкIырт. Иджырейхэми Азие ЦIыкIум апхуэдэ теплъэ зиIэ цIыхухъу е цIыхубз щалъагъукIэ, анэдолэдэсхэм жаIэ хабзэщ: «Абыхэм я лъэпкъым адыгэ бзылъхугъэ хэтщ». Адыгэ цIыхубзым и лъы ткIуэпсым зы цIыху ныбжь игъэкъэбзэфырт».
«Черкеска» («адыгэ цей») фIэщыгъэр урысыбзэм зэрыхыхьар тэрч къэзакъхэм я фIыгъэкIэщ. Ахэр XVI лIэщIыгъуэ лъандэрэ Тэрч Iуфэм щопсэу, къэбэрдей адыгэхэм япэгъунэгъуу.
1817 гъэм щIадзащ Кавказым къулыкъу щызыщIэ къэзакъхэм я зауэлI фащэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэныр. Кавказым щыIэ урысыдзэм и тепщэ Эммануэль Георгий кавказ гъунапкъэм къулыкъу щезыхьэкI зауэлI псоми «адыгэ щапхъэм» тету фащэ хузэрагъэпэщыну 1828 гъэм унафэ къищтащ. 1831 гъэм щIышылэм и 16-м къыдэкIа унафэм ипкъ иткIэ къэрал хабзэкIэ цейр зауэлI щыгъын хъуащ.
1858 гъэм Попко Иван кавказ гъунапкъэм къулыкъу щызыхь къэзакъхэм ятеухуауэ етх: «Адыгэхэм я Iэщэр, щыгъыныр, шы зэгъэпэщыкIэр, уанэ тесыкIэр къащта нэужь, абыхэм бийм ещхьу жьы ящIэт хъуащ, я лIыгъэри зыхалъхьащ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ зауэлIым и щыгъыныр, и Iэщэ-фащэр, фIыуэ илъагъуным - гъунапкъэтес къэзакъым а гурыщIэр иIэщ. Хэт зымыщIэр фащэмрэ IэбэкIэмрэ здэщыIэм гумрэ щэнымри зэрыкIуэнур?! Зауэм и Iуэхур аракъэ, щхьэусыгъуэ куэдым къыхахыу, щIыпIэм зрагъэзэгъын папщIэ чыристан къэзакъыжьхэм я IэщэкIи, я фащэкIи, уеблэмэ я теплъэкIи я гъунэгъу бгырысхэм ещхь зэрызащIыным иужь итахэщ».
XIX лIэщIыгъуэм и плIыщI гъэхэм адыгэ цейр Кавказым щыIэ къэзакъыдзэм пащтыхь унафэкIэ зауэлI фащэ хуэхъупащ.
ПщIэ зэрыпылъым, фэ къызэрыптригъауэм и фIыгъэкIэ, адыгэ цейр къэзакъхэм яужь иту урыс дзэпщхэмрэ дзэзешэхэмрэ хуэм-хуэмурэ щатIэгъащ. Зэман дэкIри, адыгэхэм я лъэпкъ фащэр Урысейм тепщэгъуэр щызыIыгъ Романовхэ махуэшхуэм ирихьэлIэу щатIагъэ зауэлI фащэ лъапIэ яхуэхъуащ.
Кавказ щIыбым щыIэ щIыналъэхэм я гугъу тщIымэ, цейр щыщатIэгъар Куржым и закъуэщ, ари - пщы-уэркъхэм. Абы къегъэлъагъуэ куржыхэми а щыгъыныр нэгъуэщI лъэпкъым къыбгъэдахауэ зэрыщытыр.
Зэманыр зэрыгугъум хуэдэу, нобэрей адыгэхэми Iэмал зэрагъуэту я лъэпкъ щыгъыныр щатIагъэ: нысашэ къудейм мыхъуу, зэхуэсхэм, щIалэгъуалэм я зэIущIэхэм щыболъагъу. Сыт хуэдэу иригушхуэрэ ахэр я фащэм, ар зэращыгъым лъэпкъым зи псэ щIэзыта я адэжьхэм ятеухуауэ жэуаплыныгъэ зэрахьыр зыхащIэу!
Лъэпкъ фащэр - хэкум  хузэрахьэ лIыгъэм и пшыналъэщ. Цей  зехьэкIэ  зыщIэм  и дежкIэ ар адыгэлIым  и   хьэл-щэныр,  абы  и лIыгъэр, нэгъэсыпауэ адыгэ хабзэм  и  щэхухэм  зэрыщыгъуазэр  къэзыгъэлъагъуэ   нэщэнэщ.
Бзылъхугъэ  фащэр жыпIэмэ, ари  адыгэ  цIыхубзхэм  я  гуакIуагъ узыIэпызышэм, къыхуэт зимыIэ  я  къыхэхыкIэм и дамыгъэщ.
Шэч  зыхэмылъращи,  фащэр  зэрыщыттIагъэу, ди лъэпкъым  и  къежьапIэр  гъунэгъу къытхуохъужри, тхыдэм и  бжэхэр  къытхузэIуех.

Адыгэ фащэм Голливудым щыцIэрыIуэ артистхэу Бред Питтрэ Джоли Анджелинэрэ пщIэ хуащI.

«Лидеры отрасли» журналым къитхащ. ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: