Балъкъэр лъэпкъым и узэщIакIуэ

Балъкъэр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, лъэпкъым и узэщIакIуэ, абы и литературэм и классик Мечиев Кязим къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 160-рэ ирокъу.

Ар 1859 гъэм дунейм къыщытехьар Хуламэ-Безенги аузым и Шикы къуажэм щыпсэу мэкъумэшыщIэ унагъуэщ. УсакIуэм и адэ щIэныгъэ зыбгъэдэмылъыр хуабжьу щIэхъуэпсырт и къуэр иригъэджэну икIи цIыкIу дыдэу Безенги къуажэм щыщ ефэндым иритауэ щытащ. Илъэсищ дэкIри, Лэскэн мыдрисэм игъэкIуащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэ цIыкIум зэман кIэщIым зригъэщIащ хьэрып тхыбзэр, итIанэ тыркубзэмрэ къэжэрыбзэмрэ джыным яужь ихьащ.
Кязим къигъэзэжа иужь, Безенги щыIуощIэ а зэманым хуэфэщэн щIэныгъэ зыбгъэдэлъа Чепеллеу-ефэндым икIи абы дрегъэхьэх литературэм. КъуэкIыпIэ къэралхэм я тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм абы и гупсысэр япсыхь, и къэухьымрэ псэкупсэмрэ къулей ящI.
Мечиев Кязим и гуащIэр зы жыпхъэ гуэрым фIэкIыпIэншэу пхуигъэзагъэркъым. КъэхутакIуэхэм хуэгъэфэщауэ къыхагъэщхьэхукI и творческэ зыужьыныгъэр зыхалъагъуэ Iыхьэхэр.
Япэр, и усакIуэ гъуэгуанэм и щIэдзапIэу къэплъытэ хъунур, муслъымэн еджапIэмрэ Мэчэм хьэжыщI зэрыщыIамрэщ. Абы и япэ IэдакъэщIэкIхэр диныр зи лъабжьэ поэмэхэмрэ зэчырхэмрэщ, лъагъуныгъэмрэ псэуныгъэмрэ къызыхэщ лирикэ мащIи щIыгъуу (1890 - 1900 гъэхэр).
ЕтIуанэм къызэщIеубыдэ КъуэкIыпIэ къэралхэр къыщызэхикIухьа пIалъэр, Каир дэт Аль-Азхар университетыр къыщиухар. Илъагъу псом къагъэуш гурыщIэр тхылъымпIэм щытритхэ илъэсхэм - 1900 - 1917 гъэхэм -  абы и къалэмыпэм къыщIокI философие лирикэрэ поэмэхэмрэ.
Октябрь социалист революцэмрэ Граждан зауэмрэ - а тIуращ ещанэ Iыхьэм и лъабжьэу къэплъытэ хъунур. Гум къэкI шэчхэр, гуитIщхьитIыгъэр, пэжыр къэлъыхъуэныр, жыпIэнурамэ, дунеищIэмрэ цIыхущIэхэмрэ «къызэIухыныр» къызэщIиубыдащ Хэку фIылъагъуныгъэкIэ псыхьа лирикэм (1917 - 1944).
ЕплIанэ Iыхьэу бгъэбелджылы хъунущ 30 - 40 гъэхэр (лъэпкъыр хэкум щрашар).
Мечиевым усэ куэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ, а псоми щигъэлъапIэр хэкурщ, лъэпкъырщ, цIы­хурщ, абы и унэмрэ и лъапсэмрэщ, уеблэмэ щхьэхуэу и гугъу пщIы хъуну къыхегъэбелджылыкI фIыуэ илъагъу щIыпIэм и мэ гуакIуэр. ЦIыхугъэр, мурадым ерыщу хуэкIуэныр, лэжьыгъэр фIыуэ лъагъуныр, пцIымрэ напитIу ущытынымрэ зэрыгущыкIыгъуэр - ахэращ усэхэм къыщиIэт гупсысэ нэхъыщхьэхэр.
КъызыхэкIа балъкъэр лъэпкъым и псэукIэмрэ абы и къэкIуэнумрэ, бгырысхэм я псэукIэ гугъур художественнэу къыщигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ «Жаралы жугъутур» («Раненый тур». 1907) поэмэм. Дыгъужь мэжэщIалIэм ирихужьа щыхь уIэгъэр лей зытехьэ цIыхухэм я дамыгъэщ. УсакIуэр щIолъэIу, щакIуэ Хьэшим хуэдэу, и лъэпкъым къыщхьэщыжын, «гъущI лъэхъур изыхыфын» къыкъуэкIыну.
ЦIыхухэм гъащIэ дахэ къазэрыпэплъэр и фIэщ зэрыхъур къызыхэщ усэхэри и мащIэкъым Кязим. Абыхэм я нэхъыбэр 1939 гъэм къыдэкIа «Мени сезюм» («Си псалъэ») усэ тхылъым ихуащ. А илъэс дыдэм и щэкIуэгъуэ мазэм Кязим къыхуагъэфэщащ «КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
1962 гъэм Москва дунейм къыщытехьауэ щытащ урысыбзэкIэ зэрадзэкIа усэхэр зэрыт япэ тхылъыр. 1989 гъэм къыдэкIащ и тхыгъэ къыхэхахэр иту томитI хъу тхылъ. 1996 гъэм балъкъэр усакIуэ Бегиев Абдулэхь и фIыгъэкIэ цIыхухэм яIэрыхьащ Совет властым и зэманым къемызэгъыу къалъытэу щыта, диным теухуа усэхэр.
Хэкум ираша лъэпкъым къыхэкIа усакIуэм и гущIагъщIэлът зэгуэр къигъэзэжыну, ауэ иухатэкъым фIыуэ илъагъу щIыпIэм щыплъэжыну. 1945 гъэм Къэзахъ ССР-м хыхьэ Талды-Курган щылIэжащ. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэ дэкIа иужь, абы и хьэдэ къупщхьэхэр къашэжри, къыщалъхуа щIыналъэм щыщIалъхьэжащ.

ИСТЭПАН Залинэ.  

Мечиев Кязим

Уэс къос

Къосыр уэсыр, къос... Борэнщ,
Бейм и дежкIэ ар зэран?

Бейм игу уэсым иримыгъу -
Бейм и Iэщыр лъапIэ мэхъу.

Хэлъщ ар къауцыпIэ щабэм,
Хуабэщ унэр, щIыIэщ щIыбыр.

Щылъщ Iуэхуншэу махуэ кIыхьым,
Жэщыр хъумэ - IэфIщ и пщIыхьыр.

ПщIантIэм жьыбгъэр къыщокъугъыр,
Бейм имыIэ гуныкъуэгъуэ.

КIэншэу ахъшэ ебж и фызым,
Щоуэ, йошри, зэзэмызэ.

И къуэр къэкIуэжащ ефауи,
Илъщ гъуэлъыпIэм щIэуфауэ.

И пхъур, и щхьэр ежьри, щысщ -
Уэркъ псэлъыхъухэм йогупсыс…

Исхэр щIыIэм нобэ хэт?
Исхэр - лIыщIэщ, унэIутщ.

Бейм телажьэу жэщи махуи,
Зымылъагъухэрщ дуней нэхур.

Бейм и псыхьэр псыхъуэм щогъ -
И бын тIэкIум игу ящIогъу...

Ещхьыркъабзэу, ер я натIэщ
Iэхъуэ-шыхъуэу губгъуэм итым.

Бжьыр ятелъу гъащIэр зыхьхэм
ЗылI ишхын лэжьапщIэу къахькъым.

Тхьэусыхэ хъум къахэкI -
Чыржын Iыхьэм занщIэу покI.

Сыт нэгъуэщI бейм къыпыпхын -
УтхьэмыщкIэм, лей къыуихынщ.

УтхьэмыщкIэм, дунейм тет,
Гугъу уехьын фIэкI, узыхуит?..

Борэнышхуэщ, уэсыр къос,
IэпцIэлъапцIэу щIыIэм ес.

Бейм щымыIэ игу щIэуз -
Джэдыгу хуабэщ, ныбэизщ!

1886

* * *

Ди нэмысыр, КъурIэн лъапIэу,
Щызетхьэныр щIым дэ тфIэфIт.
Куэду хабзэ, гущIэгъу, напэ
Къытщагъуэту дыпсэуфт.

Ди цIыхугъэр щхьэ бгырысхэм,
ЩытфIэкIуэдрэ-тIэ дунейм?
ДещIыр зэман бзаджэм мысэ -
Къытщыхуащ дэ тхьэм и ней.

ЩIалэгъуалэм пщIэ нэхъыжьхэм
ХуамыщIыжу щIокI си нэгу.
ЩыщагъэкIыр пщыжь-уэркъыжьхэр,
Щхьэщэ хуащIурэ, си хэку.

Зэщохьэжыр си жылэгъухэр -
Яку IэфIыгъэ дэмылъыж.
Ди хьэ дыдэхэр - солъагъур -
Зыгъэшхахэм яхуолъыж...

Ещхьщ, уи хабзэр пщыгъупщэжмэ,
Андезыншэу пщIым нэмэз.
Гугъущ кIуэ гъуэгухэр
Чэбэм, Щамым,
Гугъущ зепхьэнри уи нэмыс.

1898

* * *

СогъукIэ, гъущIым си гу бампIэр
Тескъутэу. Къызожэх пщIэнтIэпс.
ЛъэIэскъым си Iэр си гугъапIэм -
ЦIыхубэм гъущыркъым я нэпс.

Соусэ, си лъыр къэплъу кIэншэу -
ЩыкIауэ бейхэр дунейм тетщ.
Ди щIыбым икIыркъым я башыр,
Гъэшауэ дэ я пащхьэ дитщ.

Допсэу, ди хьэлъэу къыттралъхьэр,
ЗылъэкIхэм я IэмыщIэ дилъщ.
Щхьэ тшэчрэ сытри бгырысылIхэм,
Дапщэщ щытхуэщIэжынур дилъ?

Мывалъэщ щIапIэу дэ ди Iыхьэр,
Дгъэщабэу зетхьэр - бейхэм ящIщ.
Захуагъэм сыт дытепсэлъыхькIэ? -
Хьэлэч мэжэщIалIагъэм дещI.

Ди гъащIэр кIыфIщ дэ, хуэдэу мащэм,
ДощэIур, гуауэр ди гъущI лъэхъущ.
IэщIыб гугъуехьырщ дызымыщIыр,
ПщIыхьэпIэу гуфIэгъуэр долъагъу.

ТлъэкIынт дэ пщыжь-уэркъыжь ерухэр
ГуIэжу зэхэзедгъэжэн -
ЗэуIу тхуэщIамэ ди къарухэр,
ДиIам гъунэжу Iэщэ жан.

Ехузыр щIылъэр залымыгъэм,
ГъэрыпIэм итхэр фIым щогугъ.
Насыпыр къызэрахьыр лIыгъэщ -
Къэзэу, ухуеймэ, ар, ныбжьэгъу!

Дунейм ер кIэншэу щытепщэнкъым,
Пащтыхь чэщанэхэр лъэлъэнщ.
Щхьэхуитыныгъэм ижь къепщэнум
ЩыхупIэм куэд иригъэлъэнщ.

Захуагъэ дыгъэр къыкъуэкIынщи,
КIыфIыгъэ гъащIэр илыпщIынщ.
ТхьэмыщкIэу хъуам егуэпэкIынщ ар:
Хуит щIыри псыри яхуищIынщ.

1900

* * *

Гур уIэгъэм - мэуз, мафIэм ису.
Лей зытехьэм - ещIэ лейр зищIысыр.

Лъыр йожэх, чы уапIэщи, ди щIыфэм.
Ди тхьэ, уэ уолъагъур нобэ дгъэвыр.

Ди тхьэ, нобэ дгъэвыр уэ уолъагъур.
Дэнэ щыIэ атIэ уи захуагъэр?

ГъащIэр тхьыну ди щхьэр егухауэ?
Гузэвэгъуэ ди натIэ къиптхар уэ?

1909

* * *

НыбжезыIэр моуэ Кязим щIакъуэщ:
Дуней нэхур сэ иджыщ щыслъагъур.
Ауэ, жьы сыхъуащ, схьыжынкъым щIагъуэ…
ГъащIэ дахэм хрет стхахэр фщIыгъуу.

1939

Усэхэр зэзыдзэкIар БИЦУ Анатолэщ.
Поделиться: