Фэеплъхэр зыхуей хуагъазэ

Налшык къалэ администрацэм и нэIэм щIэтщ тхыдэ фэеплъхэм хабжа унэхэмрэ архитектурэ ухуэныгъэхэмрэ.
    Нэхъыжь дыдэхэм ящыщ Революционнэ, Суворовым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм тетщ урысей тхыдэм зи цIэр къыхэна Голицынхэ я лъэпкъым Налшык щаухуауэ щыта я уардэ унэр. I9 - нэ лIэщIыгъуэ жыжьэмкIэ дгъэзэжмэ, мыр иратыжауэ щытащ Кавказ линиемкIэ центрыми управленэм. Мы унэр архитектурэ, тхыдэ мыхьэнэ зэриIэм папщIэ яхъумэн хуейхэм хэткъым. АрщхьэкIэ, администрацэм и унафэкIэ хъар зэIуща IувхэмкIэ щIауфащ, уэшхи уэси зэран хуэмыхъун хуэдэу.
 Жьы хъуа абы щыпсэухэр къызыщIэгъэIэпхъукIын хуей унэхэм язщ мыр. Зы унагъуэ закъуэщ абы щIэсыжыр. Аращи, къыкIэлъыкIуэ унафэу щытынур мы унэр фэеплъу яхъумэн хуей ухуэныгъэхэм хагъэхьэн - хамыгъэхьэнырщ.
Апхуэдэу иджыпсту къэщIыхьауэ щытщ «Победэ» кинотеатрым и Iэгъуэблагъэм хуэзэ унэ зыбжанэ, «Цепь зыфIэлъ унэ», революцэ нэужьым щIыпIэ депутатхэм я Советхэр зыщIэса, Даутокъуэ – Серебряковым и шэщу щыта псэуалъэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я нэхъыбэр чырбыш плъыжьымрэ пхъэмрэ къыхэщIыкIащ. Аращ нобэм къэс хъума щIэхъуари. Шэч хэлъкъым ахэр зэрагъэпэщыжмэ, дэтхэнэми теплъэ екIу зэригъуэтыжынум. КIыщокъуэмрэ Революционнэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм Дэутокъуэм и адъютант пэжу псэуху бгъэдэта Чхеидзе щыпсэуа чырбыш плъыжь унэр абыхэм я зы щапхъэщ. Ар дахащэу зэрагъэпэщыжри зеям и фэеплъ пхъэбгъури фIалъхьэжащ.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: