КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и илъэс зэIущIэшхуэр. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ испектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр, щIыналъэхэм, къуажэхэм, къалэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пэнагуэ Максим. Пэублэ псалъэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щратым, къызэхуэсахэм лэжьыгъэ купщIафIэ къадэхъуну ехъуэхъуащ.
- Нобэрей зэIущIэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къызэхуэсащ цIыхухэм я псэукIэм зиужьыныр зи нэIэ щIэт жылэ унафэщIхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ. Ахэр щызэпсалъэ мыпхуэдэ утыкушхуэхэм, шэч хэмылъу, сэбэп хъун куэд къыщыIунущ. ЕтIуанэу зэхуэсым и мыхьэнэр ин зыщIыр дызыхэпсэукI зэман гугъум, Урысейм Iуэху пыухыкIахэр Украинэм зэрыщригъэкIуэкIыр къагъэсэбэпу къуэкIыпIэ къэралхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ «зауэ» къыщыдащIылIа лъэхъэнэм дызэрызэIущIарщ. Нобэ къуэкIыпIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм замыгъэнщIыжу интернетым къралъхьэ Урысейм Украинэр зэтрикъутэну, зыIэщIилъхьэну хуейуэ. Ауэ фэрэ дэрэ фIыуэ дыщыгъуазэщ зауэр езыгъэжьар ди къэралыр зэрыармырар. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Украинэм и унафэщIу зыкъэзылъытэжхэрщ, езыхэм я политикэ жыпхъэ ягъэувыжауэ илъэсий лъандэрэ Донбассым и цIыхухэр зэтезыукIэхэрщ. Украинэм и националистхэр игъэкIуэдыным, зауэм зэрызыхуагъэхьэзыра Iэщэхэмрэ техникэмрэ зэтрикъутэным теухуауэ ди къэралым иригъэкIуэкI Iуэхур зыхуэунэтIар а зауэр гъэувыIэнырщ, Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм кърах лейр къызэпыуды-нырщ.
Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ Урысейр Украинэм, украин цIыхубэм зэремызауэр, атIэ ар зыпэщIэтыр Украинэм тепщэ щыхъуа националистхэр зэрыарар, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Iэтащхьэм къыхигъэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэр Донбассым и мызакъуэу, ди къэралыр адрей къыхуэдзэлашхэхэм ящыхъумэным зэрыхуэгъэпсар. Зэи хуэмыдэжу нобэ къэралым цIыхуу исыр зэкъуэувэн зэрыхуейр, къэрал политикэр зэрыдэIыгъыпхъэр, урысеидзэм зэрызыщIэгъэкъуэн хуейр къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
- Украинэм къыщыхъуа зэпэщIэтыныгъэм дерс къыхэтхын хуейщ. Лъэпкъым, хэкум ухуиIэ щытыкIэм егъэлеиныгъэ хэлъ хъунукъым. Иужьрей илъэс 30-м украин жылагъуэм я «лъэпкъ зэхэщIыкIыр» къызэрыушар тлъэгъуащ, ар хуэмурэ уз бзаджэ хъуащ, иджы зауэм хуэзыша гупсысэ мыхъумыщIэу къыщIидзащ. Абы гу лъыттэу, лъэпкъ куэду зэхэс ди республи- кэм мамырыгъэр щыгъэIэным, дэтхэнэ лъэпкъми и бзэр, и хабзэр ихъумэжыным делэжьын хуейщ. ИтIанэщ республикэм зыщиужьынури, цIыхухэм я псэукIэр щефIэкIуэнури.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур щыдгъэлъапIэ 2022 гъэм псом хуэмыдэу тIэтын хуейр ди адэжьхэм къытхуагъэна зэкъуэтыныгъэрщ. Нэхъыжьхэм Iущагъ куэд къытхуагъэнащ, хъугъуэфIыгъуэ куэд тхуахъумащ. Абыхэм я нэхъыщхьэу солъытэ ди зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыныгъэмрэ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
Iэтащхьэм тщыгъупщэ зэрымыхъунур, щIыхь зэрахуэфащэри жиIащ зи акъылрэ зэфIэкIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэфIэзыгъэува, зезыгъэужьа лIы щэджащэхэу Къалмыкъ БетIал, Энеев Магомед, Къэтхъэн Назир, Мусукаев Ахъмэт, Къэрэшей Хьэжумар, Боровицкий Иван, Мэлбахъуэ Тимборэ, Уянаев Чомай, Ахъуэхъу Аслъэнбий, Дохъушокъуэ Мусэ, Мамхэгъ Михаил, КIуэкIуэ Валерэ, Къанокъуэ Арсен, КIуэкIуэ Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэуи къыхигъэщащ ди лъахэр Урысей къэралыгъуэм хэту зэрыриужьыр, абы папщIэ дызыхуэныкъуэ псори УФ-м къызэрытхуищIэр дигу ихун зэрыхуэмейр.
- Псори фызэрыщыгъуазэщи, мы илъэсми къыкIэлъыкIуэнухэми ди Iуэхур тыншу щытынукъым, къытхуагъэува экономикэ санкцэхэм тепщIыхьмэ, - къыпищащ адэкIэ КIуэкIуэ Казбек. - Президентым и унафэкIэ дэ ди къалэнщ социально-экономикэ щытыкIэ зэпIэзэрыт къызэдгъэпэщу, ди цIыхухэр тхъумэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ федеральнэ центрым хэкIыпIэ куэд къигупсысащ, IэнатIэ псоми защIигъэкъуэну хьэзыру. Промышленностым, мэкъумэшым, ухуэныгъэм, туризмым, щIэныгъэм, медицинэм, технологиещIэхэм, сату, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ IэнатIэхэм зэрадэIэпыкъун мылъку хъарзыни къытхуаутIыпщынущ. Иджыпсту нэхъыщхьэр хамэ къэралхэм къыщыщIагъэкIыу ди къэралым кърашэу щытахэр дыдейхэмкIэ зэхъуэкIынырщ. Дэри диIэщ абы хэтлъхьэни, а Iэмалыр и кIэм нэсу къэдгъэсэбэпын хуейщ.
Къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхухэм я псэукIэр ящыгъэпсынщIэныр, я хэхъуэм хэмыщIынымкIэ ядэIэпыкъуныр, лэжьыгъэ IэнатIэ етыныр. Абы папщIэ предприятэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ защIэгъэкъуапхъэщ, щIэуэ къызэIузыхыну хуейхэм я дэфтэрхэр кIыхьлIыхь мыхъуу къахузэгъэпэщыпхъэщ.
Сыт хуэдэ щытыкIэ гугъу дыкъихутами, зыхуэдгъэувыжауэ щыта къалэн псори дгъэзэщIэн хуейщ. Республикэм щолэжь щIыналъэ проект 45-рэ лъэпкъ проект 11-рэ. Абыхэм папщIэ сом мелард 11,5-м щIигъу къытхуаутIыпщыну я мурадщ. Иджыри зэ жызоIэри, а пщэрылъхэм ящыщ зыри къызэтеувыIэнукъым, мы илъэсхэр сыт хуэдэу гугъуу щытми.
СанкцэхэмкIэ ящIэну зыхуейр гурыIуэгъуэщ, Урысейм и экономикэр къызэтрагъэщэхэну, псэукIэр ирагъэкIэкIуэну, цIыхухэр властым пэщIагъэувэну, зэгурымыIуэныгъэ ди зэхуаку къыдалъхьэну я мураду аращ. Ауэ урысей жылагъуэм нобэ зэи къэмыхъуауэ игъэлъагъуэ зэкъуэтыныгъэр лъэщщ, ар и щыхьэтщ УФ-ми Къэбэрдей-Балъкъэрми гугъуехьхэр къызэрызэранэкIыфынум. Абы папщIэ дэтхэнэми и пщэ къыдэхуэ къалэныр тэмэму зэфIигъэкIыу лэжьэн хуейуэ аращ.
Шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ яIэщ щIыпIэ самоуправленэхэм. Президентым къытхуигъэува къалэнхэм ящыщщ къулыкъущIапIэ псори зэIухауэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр. Абы къегъэлъагъуэ муниципальнэ органхэм езыхэм я нэIэ щIэт щIыналъэм къыщымынэу, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм щхьэкIи жэуаплыныгъэ зэрахьыр. Фэрэ дэрэщ зэлъытар екIуэкI лэжьыгъэшхуэм дыщиIэну ехъулIэныгъэр, цIыхухэр къытхуэарэзыуэ ди IэнатIэм дыпэрытыныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым хъугъуэфIыгъуэу иIэр мащIэкъым, сыхуейщ абы и зэIузэпэщыныгъэм, зыужьыныгъэм пап щIэ псори дызэгъусэу дызэдэлэжьэну.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пэнагуэ Максим убгъуауэ тепсэлъыхьащ зэгухьэныгъэр 2021 гъэм зэлэжьахэмрэ дяпэкIэ ящIэну я мурадхэмрэ. Абы къыхигъэщащ ассоциацэм къызэщIиубыдэ муниципальнэ щIыналъэхэм я нэIэ щIэт щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзэныр я пщэрылъ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, республикэм щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру хэтын зэрыхуейр.
- 2021 гъэм лэжьыгъэр зэрекIуэкIам и гугъу пщIымэ, щIыпIэ самоуправленэхэр, узыншагъэр щахъумэ IуэхущIапIэхэр, волонтёрхэр зэкъуэту пандемием и лъэхъэнэм щытыкIэ зэпIэзэрыт къызэрагъэпэщыфащ, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным я зэ- фIэкI халъхьащ. КъБР-м и гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэмрэ щIыналъэ IуэхущIапIэхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету, щIыналъэ бюджетхэм сом мелард 1,7-рэ хуаутIыпщащ, лъэпкъ проекти 8-мрэ щIыналъэ проектхэмрэ трагъэкIуэдэн папщIэ. Псори зэхэту къапщтэмэ, республикэм щагъэзэщIа лъэпкъ, щIыналъэ проектхэм федеральнэ, щIыпIэ бюджетым къыхэкIыу сом меларди 8,4-рэ къыхуаутIыпщащ. Ар тэмэму зэрагъэзахуэу къызэрагъэсэбэпам къыпэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ Урысейм щыпашэхэм зэрыхабжар. Псом хуэмыдэу ди Iуэхур нэхъ дэкIащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр», «Къалэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщын» лъэпкъ проектхэм. Зэрыщыту къапщтэмэ, нэгъабэ километри 116-рэ зыхуей хуагъэзащ, жылагъуэ зыгъэпсэхупIэу 34-рэ, пщIантIэ кIуэцIу 89-рэ, школхэр, сабий гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр, физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэр, спорт пэшхэр, псы жапIэхэр куэду яухуащ. И чэзур къэмысу зэхуа-щIащ цIыхухэр кхъахэ хъуа унэ-хэм къыщIэгъэIэпхъукIыным ехьэлIа программэри. Абы ипкъ иткIэ, унэ 291-рэ ятащ, «ПсэупIэ» федеральнэ проектым и фIыгъэкIэ ухуэныгъэ метр зэбгъузэнатIэ мин 514-рэ ящIащ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, псэукIэм зегъэужьыным теухуа Iуэхур къызэгъэпэщауэ щокIуэкI республикэм. Муниципальнэ щIыналъэхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ фIыщIэ яхуэфащэщ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, министерствэхэм, ведомствэхэм, - жиIащ Пэнагуэм.
ЦIыхухэр зыхуей хуэзэу псэу-ным и мызакъуэу, республикэм и социально-экономикэ щытыкIэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэ ин зиIэхэм ящыщу Пэнагуэ Максим къыхигъэбелджылыкIащ мэкъумэш IэнатIэр. «Ди гуапэ зэрыхъущи, а IэнатIэм и Iуэху Iейкъым. Нэгъабэ абы къыщалэжьащ сом мелард 68,8-рэ и уасэ ерыскъыхэкI. Псом хуэмыдэу иужьрей илъэсхэм бэгъуащ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ. Абыхэм къат фейдэм нэмыщI, къуажэдэсхэр лэжьыгъэкIэ къызэрызэригъэпэщыр щхьэпэщ. 2021 гъэм ерыскъы къыщIагъэкIыу къуажэхэм щылажьэхэм къаIэрыхьащ сом меларди 2,4-рэ. Ар сэбэп хъуащ зи щхьэ хьэрычэт хуэзыщIэхэм я Iуэхум нэхъри зрагъэубгъунымкIэ.
Пэнагуэр тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и уставым ит къалэнхэр зэрагъэзащIэм, щIыпIэ самоуправленэхэм зэрадэлажьэм, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум зэрызыхуагъэхьэзырым, Урысейм Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэр ихъумэу, Украинэм и националистхэр игъэкIуэдыным, зауэм зэрызыхуагъэхьэзыра Iэщэхэмрэ техникэмрэ зэтрикъутэным теухуауэ иригъэкIуэкI Iуэхур зэрыдаIыгъым, нэгъуэщIхэ-ми.
АдэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм 2021 гъэм зэригъэкIуэкIа мылъкумрэ ар зытригъэкIуэдахэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ къэпщытакIуэ комиссэм и унафэщIым и къуэдзэ Селиховэ Ольгэ. Ассоциацэм хэтхэм ящыщу хэкIыжахэмрэ щIэуэ хагъэхьахэмрэ ятеухуауэ къэпсэлъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ унафэщI Маслов Николай.
ЗэIущIэм щыхахащ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэр, къэпщытакIуэ комиссэм хэтынухэр.