Къуршым къех ятIэпсыр: къызыхэкIымрэ зэрызыщахъумэ Iэмалхэмрэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кIэщI-кIэщIурэ къыщохъу щIыуэпс насыпыншагъэ зэхуэмыдэхэр. Абыхэм ящыщщ цIыху гъащIэхэр зыхь, гъуэгухэр зэхэзыкъутэ, цIыху мин бжыгъэхэр гужьеигъуэ изыгъэувэ ятIэпс къеххэр. Сыт ар зищIысыр, дэнэ къыздикIыр, сыт хуэдэ IэмалкIэ зыщыпхъумэфыну?

Къуршым къех ятIэпсыр (урысыбзэкIэ - сель) уэшхыпс, мывэ зэмылIэужьыгъуэ, щIымыл ткIужым къыщIэж псыуэ зэхэлъщ икIи къуршыщхьэм ит гуэлхэм из хъуа нэужь къежьэ Iуэхугъуэщ. И щытыкIэкIэ ятIэпсыр ткIуаткIуэмрэ мывэмрэ я зэхуаку дэтщ, сыту жыпIэмэ, ар процент 60-кIэ мывэ кIэщхъщ, процент 40-р псыщ. ЯтIэпсыр къуршым къызэрехым елъытащ и къарури. Псалъэм папщIэ, ику иту зы секундэм гъуэгуанэ метри 2-4 къызэпеч, ауэ а бжыгъэр метри 4 - 6-м нэсамэ, къыпэщIэхуэр ирилъэсыкIыу къехынущ.

ЯтIэпсыр къежьэным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъур? Гъатхэр, гъэмахуэр уэлбанэрилэу щытамэ, къуршым телъ уэсыр, мылылъэхэр ткIужмэ, жьы хъуа мывэр щащэрэ къыгуэлъэлъмэ, къуршым ятIэпс къызэрехынум шэч хэлъкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ, бгым и нэпкъым жыг куэду тетмэ, ятIэпсыр зэриубыдынур, абы къихь насыпыншагъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ зэрищIыфынур.

Къуршым ятIэпсыр къехыным щхьэусыгъуэ хуэхъу Iуэхугъуэм елъытауэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэ щыIэщ:

♦ ЩIы хъейм къыхэкI (сейсмосель) – къуршым щIы хъей къыщыхъурэ, мылылъэм е бгым щыщ Iыхьэ гуэр къыгуэхуамэ, псы къыщIэжыр IуещIэри, зэхуехьэс. Псыр куэд хъуа нэужь, абы и хьэлъагъым мыл, мывэ къутахуэр къыIуеудыж, зэуэ хуит къохъужри, уэру къох. Апхуэдэ ятIэпсыр къызэрыпхуэгъэувыIэнрэ узэрыпэлъэщынрэ зы Iэмали щыIэкъым;

♦ Вулканыр къикIа нэужь, лавэ пщтырым мылылъэхэр псынщIэIуэу егъэткIури, мывэкIэщхъымрэ пшахъуэмрэ кърилъэсэхыурэ къех ятIэпсыр. 79-нэ гъэм Везувий къикIа нэужь Помпеи къалэр зыхьар апхуэдэ ятIэпсщ;

♦ Мывэ-ятIэпс - къызэрыгуэкI ятIэпсым нэхърэ нэхъ хьэлъэщ, нэхъ псынщIэщ, нэхъ шынагъуэщ.

Къуршым къех ятIэпсым зэрыпэщIэт Iэмалхэм ящыщщ бгым тращIыхь ухуэныгъэхэр, ятIэпсым и гъуэгур къызэпиупщIу зэпраш, мывэкIэщхъыр зыубыд «кхъузанэхэр», цIыхухэм я псэупIэм къэмыс щIыкIэ псыр зэрылъэдэну кумбхэр, дамбэхэр къызэрагъэпэщ, псыр зыунэтI хьэкхъуафэхэр ягъэтIылъ. КъищынэмыщIауэ, ятIэпсыр нэхъыбэрэ къыщех щIыпIэхэм жыг куэду щыхасэ.

Къыхэгъэщыпхъэщ щIыуэпсым и къарумрэ абы къыщыхъу Iуэхугъуэхэмрэ защихъумэу цIыхум зэрызригъэсар, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iэмалхэр щымылажьэ, сэбэп щымыхъу щыIэщ.

ЧЕРНОМОРЕЦ Сергей, ЗэзыдзэкIар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться: