Дунейм щыхъыбархэр

Сом мелард 65,7-рэ хъу хэщIыныгъэ

Iулъхьэ зэIэпыхыным пыщIа щIэпхъаджагъэу Урысейм илъэс блэкIам щалэжьауэ къыщIагъэщахэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ. Къэралым и прокурор нэхъыщхьэ Чайкэ Юрий зи унафэщI IэнатIэм илъэс кIуам зэфIигъэкIахэм ятеухуауэ иджыблагъэ ищIа докладым апхуэдэу щыжиIащ.

ФедерацэмкIэ Советым прокурорым игъэхьа тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, коррупцэм и зэранкIэ къэралым сом мелард 65,7-рэ хэщIыныгъэу игъуэтащ. Ар процент 66-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым елъытауэ - сом мелард 39,6-рэ хъууэ щытар мелард 65,7-м нэсащ.
Прокурорым апхуэдэуи къыхигъэщащ къэрал мылъкум хагъэщIар ирагъэкъужынми хуэунэтIа лэжьыгъэр зэрефIэкIуар - я мылъкур къатхьэкъуми, къуэды тралъхьэми, 2017 гъэм сом мелард 26,5-рэ ирагъэпшыныжауэ щытамэ, илъэс кIуам а бжыгъэр сом мелард 46,5-рэ хъуащ. Абы хэщIыныгъэм и процент 71-р ирагъэтыжауэ къокI.

Фэеплъыр теIэпхъэ ящI

Прибалтикэм хыхьэ республикэхэм щIэх-щIэхыурэ къоIукI совет зэманым ящIа псори Iейуэ къыщIрагъэдзыну яужь зэритым теухуа хъыбархэр, урысыбзэм ирипсалъэхэр зэхэзехуэн зэращIми, а бзэр ирамыгъэджыну зэрыпаубыдми, нэгъуэщI мыхъумыщIагъэхэми псори щыгъуазэщ.

Псом хуэмыдэу теIэпхъэ ящIыр совет къэралыгъуэм и зэманым яухуа фэеплъхэрщ - ахэр ихын хуейуэ къагъэув, абы теухуа унафэ кърагъэщтэн папщIэ къэрал унафэщIхэм зэрызыхуагъазэ тхылъхэм цIыхухэм Iэ щIрагъэдз.
Куэд щIакъым апхуэдэ зы Iуэху аргуэру къызэрыхалъхьэрэ. Къэралыр фашистхэм къыщыIэщIагъэкIыжым хэкIуэдахэм 1985 гъэм хуащIауэ щыта мемориал комплексыр ТекIуэныгъэм и паркым итщ. Иджы аращ ягу зэбгъар. Совет зауэлIхэм я фэеплъыр къутэжын хуейуэ къэзылъытэ цIыху мини 10-м абы теухуа тхылъ къалащхьэм и мэрием щIалъхьащ. Ар зымыдэхэр, фэеплъым къыщхьэщыжхэр хуэдитIкIэ нэхъыбэу къыщэкIащ - цIыху мин 20-м я Iэ зыщIэлъ тхылъи щIалъхьащ къалащхьэ администрацэм. А фэеплъым деж цIыху минищэхэр илъэс къэс щызэхуос ТекIуэныгъэм и махуэр ягъэлъэпIэну. Арауи къыщIэкIынущ фэеплъым и бийхэм ягу темыхуэххэр - къэралым исхэм ящыщ куэдым къалъытэ советыдзэхэм Латвиер лъэщыгъэкIэ яубыдауэ.
«Политикхэр иджы едапщанэрэ зэныкъуэкъурэ а фэеплъым теухуауэ? Мыбдежым жысIэну сызыхуейращ: фэеплъым и унафэ зыщIыр Ригэ и думэрщ икIи ар ирахыну абы зыри хуит ищIынукъым. Ар дэ дызытемыкIын Iуэхущ - фэеплъым езауэу яхуэддэнукъым», - жиIащ Ригэ и Iэтащхьэ Ушаков Нил.
КъимыдэкIэ, Латвием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм цIыхухэм ягу къигъэкIыжащ совет зауэлIхэм я фэеплъыр ипхынкIэ Iэмал зэримыIэр, ар Латвиемрэ Урысеймрэ я правительствэхэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм щыубзыхуа мардэхэм зэрахъумэр.
Иджыблагъэ мыри къыщыхалъхьащ Латвием – Дзэ Плъыжьым хэта сэлэтхэм я фащэр я къэралым зыми щыщитIэгъэну хуит ямыщIыныр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыи зэныкъуэкъушхуэ къикIынущ. Сыту жыпIэмэ, ТекIуэныгъэм и махуэм - Накъыгъэм и 9-м - апхуэдэ фащэхэр ящыгъыу цIыхухэр уэрамхэм къыдохьэ.

Нобэ

Гемофилием (лъыр пцIэным пыщIа узыфэщ) и дунейпсо махуэщ
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэмрэ къэрал кIуэцI дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэщ. 2011 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.
Сирием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ (1946 гъэм ягъэуващ)
Японием щагъэлъапIэ сабийхэр хъумэным и махуэр
1877 гъэм
Толстой Лев «Анна Каренина» роман цIэрыIуэр тхын иухащ.
1992 гъэм Урысейм официальнэу игъуэтащ «Урысей Федерацэ», «Урысей» цIэхэр.
2005 гъэм Урысейм щекIуэкIащ Красноярскэ крайр, Таймырыр, Эвенкиер зэгуэгъэхьэным теухуа референдум. Абы хэтахэм я процент 92,44-м къагъэлъэгъуащ щIыналъэхэр зы хъуным зэрителъхьэр.
1894 гъэм къалъхуащ актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Щукин Борис. Абы и цIэр 1939 гъэм Театр училищэм фIащащ.
1894 гъэм къалъхуащ совет къэрал къулыкъущIэ, 1953 – 1964 гъэхэм СССР-м и унафэщIу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Социалист Лэжьыгъэм щэнейрэ и ЛIыхъужь Хрущёв Никитэ.
1927 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIуащ Верэ.
1912 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и машинэухуэ Ахъуэхъу Анатолий.
1955 гъэм къалъхуащ «Краснодарпроектстрой» IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта, Краснодар крайм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и депутат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тутэрыщ Батырбий.
1968 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Валерие (и цIэ-унэцIэ дыдэр Перфиловэ Аллэщ).

Дунейм и щытыкIэнур

  «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 12, жэщым градуси 4 - 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ
уегъэпскIри,
бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекIэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ
12.03.2024 - 07:10 НОБЭ