Алмэсты

Мыр миф псэущхьэ шынагъуэщ, езыр цIыху сурэту, цы Iув тету, и нэхъыбэм – бзылъхугъэу къокIуэ. ЦIыхум зэран хуэхъу бзаджэнаджэхэм ящыщщ.

Алмэстыр лъэпкъ куэдым яIэщ. Абы ущрохьэлIэ Кавказым, Индыл Iуфэ, Курыт Азием, Сыбырым, Афганистаным, Ираным, къинэмыщIахэм щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм. Алмэстым и лъапсэр къуэкIыпIэ къэралхэм къыщожьэ, ауэ къыщежьэр иран (къэжэр) лъэпкърэ тырк лъэпкърэ зэIубзу щыткъым иджыри. Тырк лъэпкъхэм къыщежьауэ нэхъ тегъэчыныхьыпхъэщ, сыту жыпIэмэ, иранхэм (персхэм) куэдкIэ япэжыжьэ тырк лъэпкъхэм (псалъэм папщIэ, якутхэм) а образыр зыубгъуауэ, нэхъ пасэрей нэщэнэхэр дэплъагъуу яIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, и пэжыпIэр иджыри пхуэгъэнахуэкъым. Шэч зыхэмылъыр зыщ: адыгэхэми, нэгъуэщI кавказ лъэпкъхэми Алмэстыр къуэкIыпIэ лъэпкъхэм къыпахащ. Ар къызэрыкIуа щIыкIэхэри иджыри зэIубзкъым – муслъымэн диным къыздихьа хьэмэрэ абы ипэкIэ къахьа?

Муслъымэн диныр къэзыщта кавказ лъэпкъхэм Алмэстыр зэраIэм гурыщхъуэ уегъэщI ар ислъамым къыздихьауэ. Дапхуэдэу щымытми, адыгэм аращ Алмэстыр къазэрылъэIэсар, сыту жыпIэмэ, Алмэстыр хэплъагъуэкъым адыгэ IуэрыIуатэм и жанр пасэхэм – эпосым, псысэм. Ар хэткъым адыгэ мифологием и системэ нэхъыщхьэм, зыхэтыр «низшая мифология» жыхуиIэращ (бзаджэнаджэ хъыбархэм), зэзэмызэ - псалъэжьхэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Алмэстыр адыгэм я дуней еплъыкIэми я IуэрыIуатэми кIасэу къыхыхьащ.

Тырк лъэпкъхэр (Кавказым щыпсэу гуэрхэри яхэту) къапщтэмэ, якутхэми, нэгъуейхэми я эпосым фабгъуэу хэтщ Алмэстыр. Уеблэмэ, къэрэшей-балъкъэр нарт эпосми къыхощ.

Мыбдежым нэгъуэщIи къыжыIэн хуейщ: Алмэстыр къыщежьам къикIыу зимыхъуэжу ди деж къэсакъым. Абы и къежьапIэ дыдэр, лъапсэ хуэхъуар зэIубзкъым. Ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ ар япэ щIыкIэ щIыуэпсым къихь шынагъуэхэм, иужькIэ - цIыху зэхэтыкIэм, псэуныгъэм хэлъа ныкъуэкъуэныгъэм, залымыгъэм я дамыгъэу къэхъуауэ.

Абы и IуэхукIэ гъэщIэгъуэнщ мыбы гу лъыптэну. Якутхэм я эпосым хэт абаасыхэр (алмэстыхэр) нэджэIуджэ щэджащэрэ фIыщIакIуэ лIыхъужьхэм я бийуэ щытщ. Абыхэм я къалэныр иныжьхэм нарт эпосым щагъэзащIэ къалэным хуэдэщ. Апхуэдэ алмэсты образхэр, дауи, нэхъ пасэщ,

лъэхъэнэкIэ я лъапсэр нэхъ жыжьэ щыIэщ.

Нэгъуей эпосым хэт алмэстыхэри шынагъуэщ, лIыхъужьхэм япэщIэтщ, ауэ абыхэм я ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэу щыткъым. Хуэбгъэфащэ хъунущ ар Алмэстым и образым зиужьыным и етIуанэ лъэхъэнэу. Ещанэ лъэхъэнэм Алмэстым шынагъуэу иIэр нэхъри къотIасхъэри, и къалэнхэр бзаджэнаджэ къалэнхэм яхуэдэ мэхъу. Мис абы хуэдэщ адыгэм я дуней еплъыкIэм, я мифологием хэт Алмэстыр.

Адрей лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, якутхэм, нэгъуейхэм, къэрэшейхэм, шэшэнхэм, ингушхэм я алмэстыхэр хъууи бзыуи къокIуэ. Адыгэм я Алмэстыр бзылъхугъэщ. Дауи, ар къызыхэкIар адыгэ мифологием и системэмрэ абы и персонажхэмрэ нэщэнэу яIаращ. Къапщтэмэ, Алмэстыр зыкъомкIэ ещхьт Псыхъуэ-гуащэми, абы хэзэрыхьурэ и дамыгъэ, и хьэл-щэнхэр зытехуэ образ хъуащ.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэр зэса образым и жыпхъэм иуващ нэгъуэщI щIыпIэ къикIа Алмэстыр. Адыгэ хъыбархэм къазэрыхэщымкIэ, Алмэстыр бзылъхугъэ сурэту, ауэ цIыхум елъэгэкIыну щытщ. Абы и лъэдакъэм нэсу щхьэцышхуэ тетщ, и щIыбкIэ иридзэкIмэ, е и гупэкIэ иридзыхмэ, и Iэпкълъэпкъ псор щIихъумэу. Алмэстым и быдзитIыр кIыхьщи, и щIыбкIэ иредзэкI. Алмэстым и щIыфэм зэдэкIуэу цы тетрэ бэлацэшхуэу жаIэжыр, и пэр пакъэрэ быхъуу, и нэхэр бгъунжу ису жызыIэхэр щыIэщ. Алмэстыр цIыхум хуэдэщ, ауэ щыгъын щыгъкъым, ар цIыху сурэту зэрыщытым и щыхьэтщ мы псэлъафэри: «Алмэстым жеIэ: сыцIыху къыфIощIри хьэ къызобэн».

Алмэстым я хэщIапIэщ унэжь бгынэжахэр, банэ мэзыр, псыкум хэлъ лъэхъыц щIагъыр, Iэтэ лъабжьэхэр, псым хэлъу щыжаIи къохъу. Алмэстым цIыхур егъащтэ, абы къыщымынэу зэранышхуэ къыщихь щыIэщ. Ауэ Алмэстымрэ цIыхумрэ щызэхуэфI, уеблэмэ щхьэгъусэ щызэхуэхъу щыIэщ. Алмэстыр хуабжьу жыIэщIэ мэхъу, уеблэмэ къыпхуэлIыщIэнущ абы и щхьэмажьэ, е и щхьэц Iэрамэ зыIэрыбгъэхьэу бгъэпщкIумэ. Щхьэмажьэр (щхьэцыр) пIыгъыху узыхуейр къыпхуещIэ, ищтэжу ежьэжын гугъапIэ фIэкIа иIэкъым.

Ар къехъулIэмэ, зэран хуабжь къыуихыу ежьэжынкIэ мэхъу. Абы и IуэхукIэ адыгэм (нэгъуэщI лъэпкъхэми) яIэщ мыпхуэдэ сюжет. 1970 гъэм Инжыдж псыхъуэ, Хьэбэз щыттха (М.М.) хъыбарым мыр жеIэ. ЛIы гуэр губгъуэм кIуауэ Алмэсты къыпэщIэхуэу зыкъыщыпишэм, и щхьэцым щыщ Iэрамэ къричри къэкIуэжащ. ЛIым щхьэц Iэрамэр пхъэвым дилъхьэри игъэпщкIуащ. Алмэстыр къыкIэлъыкIуэри илъэс бжыгъэкIэ лIым хуэлIыщIащ, щхьэцыр идыгъужыну имыгъуэту. Махуэ гуэрым быныр щымыIэу курбэ шыуанышхуэкIэ ягъажьэт. Алмэстыр абы бгъэдэсу курбэр игъажьэти, хъыджэбз цIыкIум еупщIащ: «Мы дунейм пхуэзмыщIэн щыIэкъым, си щхьэцыр здэщыIэр къызжыIэ». «ПкIэм удэкIуеймэ, пхъэвым дэкуауэ дэлъщ», - жиIащ хъыджэбз цIыкIум. Алмэстыр пкIэм дэжейри и щхьэцыр къищтэжащ. ИтIанэ курбэ къэкъуалъэм хъыджэбз цIыкIур щхьэщыгукIэ, и лъакъуитIыр дэгъэзеяуэ, хидзэри ежьэжащ. Щхьэмажьэ, щхьэц сытхэр тIасхъапIэу зэраIэм нэмыщIу, урохьэлIэ ахэр гужьэжьей, чэ сытхэми хуэлъэу. Ар къызыхэкIыр щхьэмажьэм, щхьэцым, гужьэжьей сытхэм псэр хэлъу хуагъэфащэу зэрыщытарщ.

 

Поделиться: