Гущэхэпхэ

Хабзэ

Адыгэхэм унагъуэм къихъуа сабийм хабзэ куэд кIэлъызэрахьэу щытащ. Ди зэманым, а хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр ягъуэтами, ахэр нэхъ мащIэ хъуакъым, нобэми гулъытэшхуэ хуащI сабий къалъхуам. Унагъуэм къехъуэхъуну  я благъэхэр, я гъунэгъухэр къокIуэ. ЩIалэ цIыкIу къызыхэхъуам: «Щэуэ фхуигъэбагъуэ!», «И гущэкъу Тхьэм быдэ ищI!», «Лъэпкъ Тхьэм фхуищI!» - жраIэ хабзэщ. Хъыджэбз цIыкIуу щытмэ, мыпхуэдэу йохъуэхъу: «ЖыIэщIэ Тхьэм фхуищI!», «Тхьэм къыфхуигъэхъу!», «ЖыIэдаIуэ, насыпыфIэ Тхьэм ищI!»

Зэхъуэхъур  сабийм и адэ-анэракъым, атIэ унагъуэм ис  нэхъыжьхэрщ. Сабий къалъхуагъащIэр и Iэпкълъэпкъыр тIэкIу зэрымыубыдауэ гущэм хапхэртэкъым, хъыданым быдэу кIуэцIапхэрти, пIэм илът: «хъыдан жэрумэ» жыхуаIэжыр аращ.

Псом япэу, унэм къашэжа нысащIэм быдзышэ иIэн папщIэ нартыху хьэнтхъупс и гуащэм е и нысэгъум хуагъавэрти ирагъафэрт. Сабийр япэу гущэм щыхапхэнум деж, хъыбар ирагъащIэрти, хьэблэ фызыжьхэри, Iыхьлы-благъэхэри къызэхуашэсырт. Гущэхэпхэм къекIуалIэр цIыхубзхэрт. НысащIэм и дыщым къокIри цIыхубз гуп къокIуэ: и адэ шыпхъу, и анэ нысэгъу, и шыпхъу нэхъыжь хуэдэхэр. Абыхэм къыздахь гущэхэпхэм ехьэлIа Iэмэпсымэхэр: гущэр, гущэ уэншэкур, гущэпсыр, гущэ хъыданыр, лъапэ щхьэнтэр. Ахэр гуапэу ирагъэблагъэ. Гупым я нэхъыжьхэр къызэхуэсахэм я деж щIашэ, абыхэм къэкIуахэм сэлам ирах, IэплIэ хуащI. Иужьым щхьэж хуэфащэм деж ягъэтIыс. Нэхъыжь дыдэр гъуэлъыпIэм ирагъэтIысхьэ, мыдрей нэхъыщIэхэр нысащIэр зыщIэс лэгъунэмкIэ яшэ, хьэпшып къыздахьахэри абыкIэ яхь. Абы иужькIэ сабийр гущэм хипхэну зы фызыжь лъэпкъым я нэхъыжьхэм ящыщу лэгъунэм ягъакIуэ. Фызыжьыр, лэгъунэм щIэсхэм сэлам кърахри, ягъэтIыс. Гущэхэпхэр зэращIынум псори хуэхьэзыру зэхэсщ. Фызыжьым «Бисмиллахьи рэхьманиррэхьим» жеIэри, гущапIэр ещI, сабийр къещтэри, гущэм ирегъэзагъэ. АдэкIэ нысащIэм и нысэгъу е унэкъуэщ фыз щIалэ гуэр бгъэдохьэри, сабийр  дахэу хепхэ. Абдеж нысащIэхэр нэхъ гъунэгъуу къагъэув, сабийм и анэри яхэту, зэрыхэпхэн хуейр ялъагъун, зрагъэщIэн папщIэ. Сабий хэпхэкIэми Iэмал куэд иIэщ: и пIэщхьагъыр лъахъшащэ пщIырэ абы есэмэ - щхьэдэгъэзей хъунущ, пIэщхьагъыр лъагащэми хъунукъым, и щхьэр щIиIуу, иригухыу хъунущ. Сабийм и гущэ хъыданхэр епшэкIын ипэкIэ и Iэхэр къэбукъуэдиищэмэ, ар дамэ гуэлэл, пщэ кIыхь хъунущ, и IитIыр кIэщIэбгуэмэ, пщагуэу, дамэдууэ къэнэнущ. И лъакъуитIыр зэпкъузылIащи, къэбгъэтIасхъащи хъунукъым. Абы папщIэ, сабийм и лъакъуэ зэхуакум плIащIэу зэкIуэцIылъхьа хъыдан щабэ далъхьэри, быдэу япхэ.

Хуэсакъыпхъэщ сабийм и лъэтхьэмпэ цIыкIухэми я щытыкIэм. Ари  куэдкIэ гущэ хэпхэкIэм елъытащ. Лъэтхьэмпэхэр укъуэдиярэ шэщIауэ хапхэмэ, и лъэгудыгъухэр куу мэхъу. Зи лъэгудыгъуэ куу цIыхум зекIуэкIэ дахэ иIэщ. Абыхэм псоми сабийм и анэм гу лърегъатэ. Мыдрей фызыжьыр къытригъэзэжурэ мэхъуахъуэ:

- Гущэ махуэ Тхьэм пхуищI!

- ЖыIэдаIуэу Тхьэм укъигъэтэдж!

Абы иужькIэ фызыжьыр зыхэса гупым къахотIысхьэж.

Гущэхэпхэр зэрызэфIэкIар къызэрищIэу, гупым я нэхъыжь фызыжьым унафэ ещI гущэр къахьыну, нысащIэри къыщIашэну. Ар зи пщэ къыдэхуэ нысащIэм и нысэгъу е и гуащэ нысэгъу хуэдэхэр макIуэри, сабийр зэрылъ гущэр къахь, нысащIэр абыхэм яужь иту  къыщIаш, и Iэблэр яIыгъыу. Гущэр къэзыхьри нысэр къэзышэри фыз щIалэхэу, ауэ бын, унагъуэ яIэу щытын хуейт. Бын зимыIэ цIыхубз нысащIэм ирагъэIусэртэкъым: еIусэмэ, дяпэкIэ бын къыщIэмыхъуэжынкIэ шынагъуэу къалъытэрт.

Гущащхьэр бжэмкIэ гъэзауэ фызитI-щым къыщIах: «ЩIалэ (хъыджэбз) хьэщIэ къыфхудошэ. Махуэ Тхьэм ищI» - жаIэурэ.

«Лъапэ махуэ къыщIегъэхьэ. Лъэ быдэ Тхьэм ищI!», - жаIэрти мыдрей фызыжьхэр зэщIэтаджэрт, пшынэм къыдэфэрт, сабийм Iуплъэурэ насыпыфIэ, гъащIэ кIыхь хъуну ехъуэхъухэрт. Апхуэдэу сабийр ягъэлъапIэу, яIэту гущэр къыщIахьэрти, и щхьэр къаблэмкIэ гъэзауэ утыкум ирагъэувэрт. Абы иужькIэ нысащIэм и Iэблэр и нысэгъухэм яIыгъыу къыщIашэрт. Дыщым къикIахэм ящыщ зы абыхэм я ужьым итщ. Абы гуащэм къыхурагъэхьа Iыхьэхэр иIыгъщ. Гущэтелъхьэ хъужыр гуащэм щхьэкIэ дыщым ягъэхьэзыра фэилъхьэгъуэхэращ: джанэ, бостей, IэлъэщI, абы лъэпэдрэ сабынрэ телъу. БынжэпыупщIым  и Iыхьэри апхуэдэу гъэпсащ. Гущэтелъхьэр къэзыхьам фызыжьу хъуам зырызыххэу сэлам ярех. ИтIанэ къихьахэр ярегъэлъагъу. Абы иужькIэ фыз нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпэщхьэхуэу ягъэтIысри ягъэхьэщIэ.

БГЪЭЖЬНОКЪУЭ Барэсбий.
Поделиться: