Хэку зауэшхуэм и зы напэкIуэцI гууз

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и мафIэ лыгъэм пхыкIа къэралхэм мэлыжьыхьым и 11-м ягъэлъапIэ фашист гъэрыпIэхэм къикIыжахэм я дунейпсо махуэр. Ар ООН-м иубзыхуащ 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м, Совет армэр гъунэгъу къызэрыхъур къащIэу, Бухенвальд концлагерым гъэру исахэм зыкъыщаIэта махуэм и фэеплъу.

А махуэм ягу къагъэкIыж фашист гъэрыпIэхэм илIыхьахэр, абыхэм яхэтт балигъ мыхъуа куэди. Ар Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцI гуузщ.

Зэзауэ къэралхэм сабийхэм гущIэгъу хуащIын зэрыхуейм теухуауэ 1907 гъэм Гаагэ щызэраухылIа Конвенцэм ебэкъуащ нацистхэр. Гитлер и идеологие шынагъуэм текIуэдащ сабий псэ хейхэр. Абыхэм лэжьыгъэ хьэлъэхэр щрагъащIэрт гъэрыпIэхэм, дзэм хуэлажьэ заводхэм, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм. Я узыншагъи я гъащIи абы текIуадэрт.

Ди хэкуэгъу минищэхэр Европэ псом щикъухьа концлагерь, лъэхъуэщ мин 14-м щаIыгъащ. Гузэвэгъуэм и инагъым щыхьэт тохъуэ бжыгъэ шынагъуэхэр: Урысейм и закъуэ фашистхэм щаукIащ, щагъэсащ, газым щрагъэтхьэлащ, щыпалъащ цIыху мелуан 1,7-рэ. Абы щыщу мин 600-р сабийт. Фашист гъэрыпIэхэм совет цIыхуу мелуани 5-м нэблагъэ илIыхьащ.

Концлагерхэм гъэру щаIыгъахэм ягъэва гузэвэгъуэр нэсу тхузыхэщIэнукъым. Абыхэм бэшэчагъ зыхалъхьэу псэ­зэ­пылъ­хьэпIэм къикIыфа къудейм къыщымынэу, гъащIэр я фIэщ ящIыжри, псэуни щIадзэжащ. Дуней псом зэхрагъэхыну, къыгурагъэIуэну хэтт апхуэдэ гузэвэгъуэм къытригъэзэж зэрымыхъунур.

Зауэр зи нэгу щIэкIахэм зэрыжаIэжымкIэ, гъэрыпIэхэм исахэм­ ящыщ куэд хуит къыщыхъужат къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ. Американхэм абыхэм къыхуахьырт тхъуцIынэ, щIа­кхъуэ хужь икIи къелъэIухэрт къэнэну, куэдкIэ бей Америкэм, лэжьакIуэIэ хуэныкъуэм, Iэпхъуэнхэу. Ауэ, ахэр вагон зэ­­хэкъутахэм къитIысхьэхэрти, Хэкум ухуэзышэ гъуэгум къы­­теувэж­хэрт, къуажэ, къалэ ягъэсахэм  я псэр къахьэ­сыжырти, щIыу­нэхэм щыпсэухэрт, бийхэм зэтракъутар яухуэ­жырт. Лагерхэм зэ­риса къудейр хуамыдэу,  «Хэкум епцIыжа» цIэр фIащу  НКВД-м и гъэрыпIэм ирадзахэри мащIэкъым. Абы щыгъуэми, абыхэм губжьыр зытрагъэкIуакъым. 

Нюрнберг щекIуэкIа дунейпсо хеящIапIэм зэригъэувымкIэ, цIыху мамырхэр гъэрыпIэхэм щыIыгъыныр, залымыгъэ­кIэ зыхуэгъэлэжьэныр Германием зэрихьа лей къудейкъым, ар цIыхуцIэ зиIэм яхуэгъэза   щIэпхъаджагъэщ.

Мы махуэм дэ иджыри зэ Iэмал къыдет блэкIам дерс къыхэтхыну, нацизмэм и щхьэр къемыгъэIэтыным теухуауэ дызэкъуэувэну, ЕтIуанэ дунейпсо зауэр мамырыгъэм и телъ­хьэхэм я текIуэныгъэкIэ иухыным ди цIыхухэм я къарууэ халъ­хьам дегупсысыну. 

Дунейм и къэрал куэдым нобэ ягу къыщагъэкIыж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэрахьа леймрэ а зауэм лажьэ ямы­Iэу хэкIуэда тхьэмыщкIэ­хэм­рэ. Псом хуэмыдэу уигу хэзыгъэщIыр зы­ри къагурымыIуэу, гъа­щIэм и IэфIыр зыхэзыщIэну хунэмыса сабийхэм я щхьэ кърикIуарщ. Нэмыцэ концлагерхэм исауэ цIыху 84-м ди республикэм къагъэзэжащ. Ахэр лIыхъужьыгъэм, хахуагъэм и щапхъэ нэсу гъа­щIэм и гъэунэхупIэхэм кIуэцIры­кIыфащ. Сыт хуэдэ ­гугъуехь ямылъэгъуами, цIыхуу къызэтенэфащ ахэр, ар къызэрымы­кIуэу гугъущ. Уи псэкIэ бгъэвын дэнэ къэна, тхылъым иту апхуэдэ гузэвэгъуэм укъе­джэныр шынагъуэщ. Нобэ хуэдэ махуэр щыхьэт тохъуэ ц1ыхупсэм къытехьэ лейм. Дэтхэнэри пэщ1этын хуейщ апхуэдэ гузэвэгъуэ къэмыгъэхъуным.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: