«Сыт цIыхум гъуэгу кIэщI къыщIыхихыр?»Уи усэхэм уэ езыр укъеджэжыным къикIыр - цIыхухэм я пащхьэ уиту, уи гурыщIэхэр, гупсысэхэр «къэбупцIэнынырщ», мис, мыращ сэ сызыхуэдэр, жыпIэу. АтIэ ар Iуэху тынш?! СыщыщIалэм абы нэхъ тыншу сытегушхуэрт, иджы нэхъ зыпыIуздз сыхъуащ… *** Жыг лъабжьэм икIыу хъугъэпсыр къудамэ псоми зэрыкIуэм хуэдэ къабзэу, усакIуэми и гурыщIэхэмрэ и гупсысэхэмрэ ялъэIэсу щытын хуейщ усэм хэт дэтхэнэ псалъэри - абы щыгъуэщ усэр «къыщыгъэгъэнур». *** Ипэ щIыкIэ щыIэу щытащ тхакIуэ-энциклопедистхэр, иджы щыIэжкъым. Абы и щхьэусыгъуэри зыщ - щIэныгъэ (наука) зэмылIэужьыгъуэхэм я бжыгъэм икъукIэ хэхъуащ, абы къыхэкIыу зы гъащIэ фIэкIа зимыIэ цIыхум, сыт хуэдэ акъылышхуэ абы бгъэдэмылъами, хузэфIэкIынукъым уеблэмэ а щIэныгъэхэм я зы процент нэхъ мыхъуми хищIыкIыу щытыныр. ДяпэкIи абы ущыгугъ хъужыххэнукъым - махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, щIэныгъэщIэхэр къоунэху. *** Къуршхэм щыIэ гъуэгухэм уздашэр лъэныкъуитIкIэщ: е ищхьэмкIэ, е ищIагъымкIэ. УсакIуэми иIэр гъуэгуитIщ: щыгум зэрыдэкIрэ къуакIэм зэрыдыхьэрэ. Япэр гугъущ, шынагъуэщ, лъэпощхьэпохэр щыкуэдщ. ЕтIуанэр егъэзыхыгъуэщ, тыншщ. Къыхэх узыхуейр… *** Си ныбжьэгъур къызоупщI: «Сыт щIэптхыр рассказ кIэщI?». Абы и жэуапыр моуэ изотыж: «Сыт цIыхум гъуэгу кIэщI къыщIыхихыр?» Къызоплъ нэщхъыфIэу: узахуэщ, жи. *** Ди тхакIуэхэм къапэщыт къалэнхэм ящыщ зыщ Хэку зауэшхуэм адыгэхэр зэрыхэтам, куэд зэрыхэкIуэдам пэжыгъэ нэс хэлъу тетхыхьыжыныр. Тетхыхьа диIэщ, ауэ абыхэм ящыщхэм зауэм и пэжыр къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, зэрыщытам хуэдэу къагъэлъэгъуакъым, тепщэу щыта идеологием пэщIэмыувэн щхьэкIэ. Иджы ар зэгъэзэхуэжын хуейщ. *** Адыгэ литературэр дунейпсо литературэм и зы къудамэу зэрыщытыр зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дэри дыхущIэкъун хуейщ дунейпсо утыку ихьэфын тхыгъэхэр ди къалэмым къыщIэкIыным. Пэжщ, ар къалэнышхуэщ, ауэ хэт жызыIар тхакIуэм зыхуигъэувыжын хуейр нэхъ къалэн цIыкIухэр арауэ?! ЦIыкIум утекIуэ нэхърэ, иным махуэ къэс уезауэмэ нэхъыфIщ: утекIуэмэ - уи насыпщ, къыптекIуэмэ - иныращ къыптекIуар!
Поделиться:
Читать также:
26.03.2024 - 13:57 →
ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ
25.03.2024 - 16:00 →
Щызэдагъэхъар гъунэншэщ
25.03.2024 - 15:30 →
Си жэнэт
22.03.2024 - 14:55 →
ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ
21.03.2024 - 11:30 →
Ахъмэт и фо изщ
|