(Къэхъуа)
Унагъуэм сабий къахэхъуат. Пщащэ цIыкIу. НэкIу хъурей хужь цIыкIут. Щхьэц фIыцIабзэт. Нэ хъурей пIащэт, удзыфафэ щIэлъадэу. УдимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. «Пу мэшалыхь» жумыIэу уеплъыфыртэкъым. Иджы ахэр зэкъуэшитIрэ зэшыпхъуиплIрэ хъухэрт.
А цIыкIур сабий кIэсыжт. Адэм адрей сабий нэхъыжьхэр и куэщI и анэм илъагъуу зэи иригъэтIысхьатэкъым. Ауэ псоми къалъагъуми къыфIэмыIуэхуу, мы кIэсыжыр абы игъэджэгурт, и куэщI иригъэтIысхьэрт, дридзейрт, къиубыдыжырт. АпщIондэхукIи зэрылъэлъу дыхьэшх сабийм адэр и нэ щхъуэпсхэмкIэ еубзэрабзэрт.
А пщащэм адэм и мызакъуэу, куэд щыгуфIыкIат. Хьэблэри, Iыхьлы-благъэри. Гъунэгъу фызым благъэми Iыхьлыми ялъимыгъэсу цIэ фIэзыщын хуейр езырауэ къилъытати, анэшхуэми адэ-анэми «хьэуэ» къыхагъэкIатэкъым. КъурIэныр зыIэщIэлъ фызым къриIуа цIэр унагъуэм исхэм къабыл ящIащ. ЦIэфIэщ джанэри зыщигъэгъупщакъым.
Адэми, анэшхуэми, и къуэш-и шыпхъухэми, хьэблэми пщащэ цIыкIур кърахьэкIырти, анэм къыщылъысыжыр быдз щригъэфэнум дежт. Абы щхьэкIэ анэм зыри жиIэртэкъым. ЖиIэнури сытыт?!
А пщащэ цIыкIум, и дэлъхухэм е и шыпхъухэм ящыщу дыгъуасэ гущэм хэзыпхар, нобэ къыбгъэдагъэхьэжынутэкъым. Чэзур нэгъуэщIым лъысын хуейт. ЗэкъуэшитIым я нэхъыщIэм нэху зэрыщу: «Мы фейцейр сэ нобэ хэспхэ хъуну?» - жиIэу пщэдджыжь къэс щIэупщIэми, дзыхь къыхуащIыртэкъым.
Гъуэгур я зэхуакуу къапэщыс унагъуэм я лIыр лэжьакIуэ къыщикIыжкIэ, накIуэпакIуэу дыхьэрти, сабийр я деж къихьырт. «Хьэуэ, уэдгъэхьынукъым», - жаIэу игъащIэкIэ унагъуэм исхэм я бзэгупэ къыпыхунутэкъым. Сабий и Iэблэм тесыр къыщыгуфIыкIыу, абы щыгъуэми Iэпэ щабэ цIыкIухэмкIэ лIы накъэпакъэшхуэм и нэкIу Iув пхъашэм щепэщэщкIэ, лIыр гуфIэрт.
Ауэ анэшхуэр… Зыми и пщIыхьэпIэ къыхэхуатэкъым мамэ (арат анэшхуэм къуэрылъхухэр зэреджэр) а хъыджэбз цIыкIум апхуэдизу щыгуфIыкIыну. Зауэри гъаблэри зыгъэва, зи щхьэгъусэр хъыбарыншэу зауэм (мэкъу хьэвэм хэкIуэда мастэм ещхьу) хэкIуэда фызыжьыр нысэм хуэтэмакъкIэщIт. «Сэ къуэщ, тIасэ, сызыхуейр», - жриIэххэурэ, и нысэр аргуэру зы пщащэ цIыкIукIэ къыхуэупсат.
Ауэ а кIэсыж цIыкIур Iыхьэлейм икIауэ абы фIыщэу зэрилъагъур зэрыжиIэн псалъэхэр хузэгъэпэщыртэкъым. Къыгуэудауи щытелъэщIаи щыIэу псалъэ анэшхуэм, и къуэ закъуэ IупскIэ ипIам и кIэсыж пщащэ цIыкIум, сыт щыгъуи жриIэр зыт: «Уафэм къехуэха щыгъэ закъуэ»…