Джылахъстэнейхэм дыщэ медалхэр зыIэрагъыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иджыблагъэ иухащ. Абы и саугъэт нэхъыщхьэм мазиплIым щIигъукIэ Налшык и «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым щыщIэбэнащ республикэм и командэ пщыкIух.
ЗэпэщIэтыныгъэхэм футболеплъхэр зыпэмыплъа щытыкIэхэри къыщекIуэкIащ, топ дахэ куэди я нэгу щIэкIащ. КIэух зэIущIэу «Мурбек-ФШ»-мрэ «Бабугент»-мрэ ирагъэкIуэкIам кIэлъыплъахэм ялъэгъуащ зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу командэхэм дагъэкIа топхэр. Таблицэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ езымыт зэIущIэр топкIэ IутIыж хъуащ – зэпэщIэтыныгъэр налшыкдэсхэм я текIуэныгъэкIэ 5:3-уэ иухащ.
 Зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалхэм жыджэру щIэбэна «Спартак-Д»-р щIымахуэ чемпионатым и иужьрей зэIущIэм щызэхуэзащ «Шэрэджым». ЗэпэщIэтыныгъэм Налшык и командэр щытекIуащ икIи ещанэ увыпIэм щыт «Ислъэмейм» очко бжыгъэкIэ лъэщIыхьэжащ, ауэ ислъэмейдэсхэм къыкIэлъыкIуэ махуэм джэгуну иджыри зы зэIущIэ къапэщылът. ЕтIуанэ махуэм «Автозапчасть»-м хигъэщIа Бахъсэн куейм и командэм и очко бжыгъэхэм хэлъхьэныгъэ хуищIыфакъым. «Спартак-Д»-ми абыхэм яIэр зэхуэдизт, арщхьэкIэ, налшыкдэсхэр абыхэм япэ ищыну Iэмал яIэтэкъым езы командэхэр щызэдэджэгуам ислъэмейдэсхэм я командэр зэрыщытекIуам къыхэкIкIэ.
Иужьрей зэIущIэхэм джэгукIэ хъарзынэ къэзыгъэлъэгъуэн щIэзыдза кIэух увыпIэм къикIыу лъэбакъуэ зыбжанэкIэ къыдэкIуэтея «Иналыр» зыднэсам къыщыувыIэн мурад иIэтэкъым. КIэух джэгугъуэм, куэд пэмыплъауэ, къэрэгъэшдэсхэм щыхагъэщIащ «Локомотив»-р.
ЩIымахуэ чемпионатым къыщигъэлъэгъуа арэзы укъэзымыщI джэгукIэм кърикIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм «Малка»-р хэкIыныр. КIэух зэIущIэм кърикIуэну бжыгъэм абыхэм я дежкIэ мыхьэнэ иIэжтэкъым. Малкэдэсхэм я командэр къыкIэлъыкIуэу хигъэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и гупым.
ЩIымахуэ чемпионатым и зэпэщIэтыныгъэ нэхъыщхьэхэр къызэгъэпэщакIуэхэм иужьрей дыдэу къагъэнат. ЕпщыкIутIанэ джэгугъуэр къэсыху «Тэрчми» «Автозапчасть»-м зы хэщIыныгъи ямыгъуэту текIуэныгъэ защIэкIэ я зэIущIэ псори иухат. АрщхьэкIэ, щIымахуэ чемпионатыр иухыным джэгугъуищ фIэкIа къэмынэжауэ «Тэрчыр» щIэщхъу къыщыщIащ. Абыхэм «Бабугент»-м драгъэкIуэкIа зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ. А джэгугъуэм бахъсэндэсхэр щытекIуэри, зэхьэзэхуэм щхьэзакъуэ пашэныгъэр щаубыдауэ щытащ.
Зэхьэзхуэм и турнир таблицэм и теплъэм щызихъуэжащ епщыкIущанэ джэгугъуэм. ИпэкIэ зэрылъэпэрэпар «Тэрчым» игъэзэкIуэжащ. А джэгугъуэм щызэпэщIэтащ дыщэ медалхэм щIэбэн джылахъстэнейдэсхэмрэ «Автозапчасть»-мрэ. ЗэIущIэм топитI щыдэзыгъэкIа Тэрч районым и командэм пашэныгъэр иубыдыпащ, иужь илъэсищым бахъсэндэсхэм яIэщIэлъа тепщэныгъэр къаIэщIихри.
Чемпионатым и иужьрей зэIущIэм бахъсэндэсхэм яхуэщIэну псори ягъэзэщIащ – 2:0-у абыхэм хагъэщIащ иужькIэ чемпионатым и домбеякъ медалхэр зыIэрызыгъэхьа «Ислъэмейр». АдэкIэ псори зэлъытэжар «Тэрчым» къигъэлъэгъуэну джэгукIэрт. Абыхэм къапэщIэтащ мы гъэм иужьрей зэIущIэ езыгъэкIуэкI (гъэмахуэ зэхьэзэхуэм хэмытыну) «ХьэтIохъущыкъуейр». ГупитIым я дежкIи иджырей зэпэщIэтыныгъэр зэхэгъэкIыгъэшхуэт – хьэтIохъукъуейдэсхэр текIуэмэ, ещанэ увыпIэр я Iэрылъхьэт, Тэрч куейм и гупми дыщэр зыIэщIагъэкIыну хуейтэкъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатым пашэныгъэр «Тэрчым» къыщыхуихьащ Ешрокъуэ Азэмэт, Пшыншэ Аркадий, Лыкъуэжь Аслъэнбэч сымэ дагъэкIа топхэм я фIыгъэкIэ.
Зэхьэзэхуэм ебгъэрыкIуэныгъэ нэхъыфI зиIа командэу къыщIэкIащ «Автозапчасть»-р. Псори зэхэту бахъсэндэсхэм я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр 76-рэ хагъэщIащ. Абыхэм ящыщу топ 36-р и IэдагъэщIэкIщ бахъсэндэсхэм я командэм щыщ чемпионатым и гъуащхьауэ нэхъыфI хъуа Апажэ Чэрим.
Зыхъумэжыныгъэ нэхъыфI дыдэу зиIа командэ хъуащ «Тэрчыр». Джэгугъуэ I5-м къриубыдэу абыхэм я гъуэр блэнейрэ фIэкIа къыхагъэщIэфакъым.
НэщI мазэр зэрикIыу, накъыгъэм (майм), щIидзэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гъэмахуэ зэпеуэм. Абыи джылахъстэнейдэсхэр зэрыщылъэщынум шэч хэлъкъым. Ахэр хущIэкъунущ нэгъабэ дыщэ медалхэр зыIэрыхьа Прохладнэ и «Энергетик»-м хьэрхуэгъуэгъу нэс хуэхъуу и джырей ехъулIэныгъэм къыпащэну.

Жыласэ Замир.
Поделиться: