Зэманым добакъуэ

«Зэманым декIур лIыфIщ», - жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Ар бзылъхугъэм ехьэлIамэ, къыхэгъэщыпхъэщ нобэ абы и къалэнхэм зэрызаубгъуар,  иджырей зэманым жыджэру хэту зэрыдекIуэкIыр. Жьэгур зыгъэхуабэ, лъэпкъыр зыгъэбагъуэ унэгуащэхэм, щхьэгъусэхэм, анэхэм иджы яхэтщ къэрал къулыкъущIапIэхэм щылажьэхэри, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым Iуэху щхьэпэ щызэфIэзыххэри.

Ди хэгъэгум ис бзылъхугъэхэм я Iуэху дигъэкIыу, хуэныкъуэхэм ядэIэпыкъуу, анэхэр, сабийхэр и нэIэ щIэту мэлажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэр. Абы и унафэщIщ Налшык къалэ дэт 1-нэ поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Къаскъул Аулият.

КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр къиуха нэужь, ар Пироговым и цIэр зезыхьэ МОЛГМИ-м и ординатурэм щеджащ, 1980 гъэм щегъэжьауэ 2000 гъэ пщIондэ КъБКъУ-м щригъэджащ. 2000 гъэ лъандэрэ поликлиникэр и нэIэ щIэтщ.

Аулият жэуаплыныгъэ ин пылъу и лэжьыгъэм зэрыпэрытыр, къыхиха IэщIагъэм игурэ и псэрэ етауэ зэрырилажьэр сымаджэхэм я закъуэкъым къэзылъытар, атIэ республикэ псом къыщащIэнуи хунэсащ. Ар квалификацэ нэхъыщхьэ зиIэ дохутырщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутырщ, КъБР-м, КъБР-м и Правительствэм, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм я ЩIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, ЩIыхьым и дамыгъэр къратащ, и цIэр «Урысейм и цIыху нэхъыфIхэр» щIэнгъуазэм иратхащ.  

Дзыхь къыхуащIа къалэныр къызыхуэтыншэу егъэзащIэ Аулият. Псом япэ иригъэщыр лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр ди хэку щыхъумэнырщ. КъищынэмыщIауэ, зэгухьэныгъэм мыхьэнэ нэхъыбэ зритхэм ящыщщ  цIыхубзым и пщIэр къэIэтыныр, псэукIэ ехьэлIауэ и Iуэху егъэфIэкIуэныр, лэжьыгъэ IэнатIэкIэ зыхуей хуэгъэзэныр. Анагъэр, сабиигъуэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ а къалэнхэм.

Нобэ дызыхэпсэукI лъэхъэнэр къапщтэмэ, цIыхубзыр сыт хуэдэ IэнатIи пэрытщ. Ди республикэм и Iэтащхьэми мызэ-мытIэу къыхигъэщащ нобэ егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, медицинэ IэнатIэхэр нэхъыбэу цIыхубзхэм зэрызэрахьэр. Ухэплъэми, къэгъуэтыгъуейщ ахэр здэщымыIэ лэжьапIэ. Апхуэдэу жыджэру дэни щыпашэ пэтми, анэ псоми я къалэныр сабийр гъэсэнырщ, ар цIыху нэсу гъащIэм хэгъэувэнырщ. Мис а Iуэхухэм гулъытэ хэха хуищIу икIи щIэблэр хэкупсэу къыдэгъэкIуэтеиным пылъу мэлажьэ Къаскъулыр зи унафэщI зэгухьэныгъэр.

 «ЕдгъэкIуэкI лэжьыгъэм и къежьапIэ хъужри аращ - жылагъуэ гъащIэм хэт дэтхэнэ цIыхубзми езым и щхьэм къыщыщIидзэжу и сабийхэр зыхуей хуигъэзэнырщ, пэжым, фIым, дахэм хуиущиинырщ. Уи щхьэ, уи унагъуэ къыщыщIумыдзэжмэ, жылагъуэм сыт яхэплъхьэфын, сыт хуэдэ щапхъэ бгъэлъагъуэу утыку укъихьэн? - жеIэ Аулият. - Лъэпкъ хабзэм тету уи бын бгъэсэным Кавказым сыт щыгъуи гулъытэ щыхуащIу щытащ. Ахэрат ди щIэблэр адрейхэм къахэзыгъэщыр. Нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, адэ-анэм я Iулыджыр Iыгъыныр, лэжьыгъэм зыщымыдзеиныр ди лъэпкъ хьэлхэм ящыщу къызолъытэ. Бзылъхугъэм, анэм и закъуэ и гугъу тщIы щхьэкIэ, цIыхухъум, адэм къалэн нэхъ мащIэ и пщэ къыдэхуэкъым. НыбжьыщIэр цIыху зэпIэзэрыту къэхъун папщIэ адэми, анэми я къару халъхьэн хуейщ, псом хуэмыдэу сабийр щIалэ цIыкIумэ адэм и щапхъэмрэ бгъэдилъхьэ Iущагъымрэ куэд елъытащ. ЩIалэ цIыкIум, адэм, адэшхуэм щапхъэ зэрытрихыр хэт дежкIи щIэкъым. Апхуэдэу гугъу зэдехьу адэ-анэм зэдагъэса сабийр гъуэгу пхэнж техьэфынукъым, уеблэмэ, Iуэху фIей гуэрым хашэну езым и ныбжьэгъу иужь къихьэми, ахэри къигъэдэIуэфынущ».

КъБР-м ис Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэхэр ди хэгъэгум и къалэ, район псоми щыIэщ. Абыхэм я лэжьыгъэр нэхъыфIу дэкIынымкIэ район администрацэхэм я Iэтащхьэхэм, абыхэм социальнэ IуэхухэмкIэ я къуэдзэхэм куэд елъытащ. Районхэм щылажьэ къудамэхэр нэхъ набдзэгубдзаплъэу щытын щIыхуейм и зы щхьэусыгъуэщ къуажэдэс цIыхубзхэм я пщэ къалэн нэхъыбэ къызэрыдэхуэр, гугъуехь нэхъыбэ зэрыхэтыр. Ахэращ нэхъыбэу лэжьапIэншэр. Къуажэхэм дэтыр сабий гъэсапIэ, курыт еджапIэ, амбулаторэ хуэдэхэрщ, аращи гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, медицинэм и лэжьакIуэхэр мыхъумэ, мыдрейхэм IэнатIэ яIэкъым. Къалэм лэжьапIэ кIуэфыр макIуэ, къэнар езым и хадэ, и хьэрычэт щыгугъыжын хуейуэ аращ.

«СыткIэ зыкъыфхуагъазэрэ жыпIэмэ, зи узыншагъэ сэкъат иIэхэрауэ къыщIэкIынщ нэхъыбэу къытхуэкIуэр. Хущхъуэ хуэныкъуэхэр, технологие нэхъ лъагэхэмкIэ зрагъэIэзэн хуеймэ, ныкъуэдыкъуагъ ябгъэдэлъмэ, абыкIэ тхылъ къыдахыну хуеймэ... Ахэр зэфIэхыныр дэ ди къалэным хыхьэу щымытми, районхэм щылажьэ къудамэхэм апхуэдэ Iуэху Iэджэ щызэфIагъэкI администрацэхэр я щIэгъэкъуэну.

Къыхэзгъэщыну сыхуейщ гъащIэм жыджэру хэт, зи щхьэ Iуэху дэзыгъэкIыжыф, нэгъуэщIхэм ядэIэпыкъуф, езым ищIэфымкIэ адрейхэм дэгуэшэну зыхузэфIэкI бзылъхугъэхэр дызэриIэр. Анэм и махуэр, Сабийхэм я дунейпсо махуэр, нэгъуэщI махуэшхуэхэр куэдрэ щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщри драгъэблагъэ. Дэ дахуозэ зи бын къэрал къулыкъу игъэзащIэу хэкIуэдахэм, бын куэд зиIэ анэхэм икIи ахэр зыгуэркIэ зэрыдгъэгушхуэным иужь дитщ. Бын куэд зыпI анэхэм Iэмал имыIэу къэралыр дэIэпыкъун хуейщ. ДызыхэпсэукI зэманым зы сабий упIыныр тыншкъым, зыбжанэ зиIэр, дауи, гугъу емыхьу къанэркъым, - жеIэ Къаскъулым. - Дэ сыт щыгъуи зэманым дызэрыдэбакъуэн, абы къигъэув зэхъуэкIыныгъэм дызэрылъэщIыхьэн, къэралым и пащхьэ къит Iуэхухэр зэфIэхынымкIэ сэбэп дызэрыхъун иужь итщ».

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу