Рулым дэсхэм чэфхэри къахокI

КъБР-м и Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм «Нетрезвый водитель» зи чэзу рейдыр щрагъэкIуэкIым зы жэщым къриубыдэу къыщIагъэщащ цIыху 50-м нэблагъэм автомобилыр зегъэкIуэным теухуа хабзэр къызэрызэпаудар.

Чэфу рулым дэсу яубыдащ цIыху 12, ар наIуэ къэзыщI медицинэ къэпщытэныгъэми абыхэм зыпыIуадзащ. Транспортыр зэрагъэкIуэну хуит зыщI тхылъ ямыIэу рулым дэст цIыху 29-рэ. А жэщым яубыдахэм ящыщу плIыр аргуэру къыщIэхуауэ арати, ахэр Уголовнэ кодексым и 264.1 статьям къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм хуэдэхэмкIэ зэрагъэкъуаншэм теухуа тхылъхэр ягъэхьэзыращ. ГъэувыпIэ хэхам къыщыхутащ автотранспорт 33-рэ.

Гъуэгу плъырхэм республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ зыхуагъазэ рулым дэсыр чэфу гу лъатамэ е гъуэгум щытыкIэ шынагъуэхэр къыщигъэхъумэ, абы теухуа хъыбар хабзэхъумэхэм ирагъэщIэну 8 (8662) 49-50-62, 96-10-00, 91-10-96 е 102 телефонхэмкIэ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:

Читать также: