ХамэщІым щыужьыха вагъуэ Шыгъэлыгъуэ (Окай) Мерал

Щикъухьащ  адыгэр  дунеижьым

Шыгъэлыгъуэ Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Тыркум - Анкара къалэм - къыщалъхуащ. Тыркудзэм и полковникыу тIысыжа и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта дызэрыт зэманым фирмэ гуэрхэм я чэнджэщэгъуу мэлажьэ, Хасэ федерацэм и тхьэмадэщ. Мерал и анэ Думэнхэ япхъу Тюркан унэгуащэу щытащ, куэд щІауэ псэужкъым. Iэта дзэм хэт пэтми, адыгагъэр зэи зыщигъэгъупщакъым, я бынитIми - Мэжидрэ Мералрэ - я анэдэлъхубзэр ирагъэ­щIэфащ зэщхьэгъу­сэ­хэм.

Мерал пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэри лицейри Анкара къыщиухащ. ИтIанэ университет щIэмытIысхьэу, илъэситхукIэ мэш-гъавэ Iуэхухэр зезыхьэ къэрал лэжьапIэм къулыкъущIэу щыIащ. Зэман дэкIри, артисткэ, усакIуэ икIи сценарист телъыджэ къыхэкIащ.
1970 - 1980 илъэсхэр, Ев­ропэ къэралхэм хуэдэу, Тырку­ жылагъуэми ныбжьы­щІэхэми я «къэушыгъуэ» лъэхъэнэт. Мерали абыхэм яхэту, Анкара Кавказ Хасэм къакIуэрт. Театрым хуэкIуэу япэ лъэбакъуэхэр щичар ди Анкара Хасэрауэ жытIэмэ, дыщыуэнукъым.
1970 илъэсхэм къыщы­щIэдзауэ Анкара Кавказ Хасэм теплъэгъуэ мыинхэр щагъэзащІэу гуп цIыкIу щыдиIэти, ар санэуш зыхэлъ дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и япэ еджапIэ хуэдэт. «Ныбжьэгъу» зыфIэзыщыжа а театр гупым мазэ къэс едгъэкIуэкI «Жэщ зэхэсхэм» дакъикъэ 20-кIэ е сыхьэт ныкъуэ хуэдизкIэ екIуэкI теплъэгъуэхэр щагъэзащIэрт. Театрым хуеджа е щылэжьа зэрахэмыту, абыхэм ягъэзащIэ спектакль кIэщIхэр езыхэм ятхыжырт, ягъэувыжырт икIи ягъэзэщIэжырт. Япэ илъэсхэм пэш диIэтэкъым, «Малтепэ джэгу щIы­пIэ залым» дыгуры­Iуауэ, мазэ къэсыху абы щедгъэ­кIуэкIырти, а зэхуэс­хэм псори «Малтепэ жэщкIэ» еджэ­хэрт. Нобэр къыздэсым гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ мазэ зытIущыр хэмыту, Анкара Черкес Хасэм а зэхэсхэр мазэ къэс щокIуэкI: хабзэм тету, джэгу, къафэ дахэ щащIу, гушыIэ дахэ яхэлъу.
1976 гъэм и бжьыхьэм сэ Анкара щылажьэ хасэм и тхьэмадэу сыхахат. Абы хэту театрым и Iуэхури нэхъ ди фIэщу къэтIэтащ. Театрым сыщыджэгуарэт жызыIэ псори хэту, «Ныбжьэгъу» театр гупыр зэхуэтшэсри захуэдгъэзащ: «А теплъэгъуэ цIыкIухэр хъарзынэщ, щIалэгъуалэр абы йотхъэкIыр, ауэ абы дыкъыщымыувыIэу, илъэс къэс зы спектаклышхуэ дымыгъэувыфыну пIэрэ?» - жытIэри.
Комиссэм и лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ тхузэфIэкIырт ди щIалэгъуалэр театр спектаклыфIхэм едгъэплъыну, ахэр къазэрыщыхъуам тед­гъэ­п­сэлъыхьыжурэ цIыху­хэм театр щIэнхабзэ ябгъэ­дэлъ ­хъунымкIэ гъуазэ дахуэхъуну, езыхэм скетчхэр, пье­сэхэр ятхыфу загъэсэну, утыкум щыджэгуфыну щытхэм яхэлъ санэушым зедгъэужьыну. Дауи, дыщIэ­хъуэпсырт абы дыкъы­щы­мыувыIэу театр спектак­лышхуэхэр дгъэувыну, абы­­кIэ ди цIыхухэр лъэпкъ Iуэхум къыхуэдгъэушыну, ды­зыхэсхэми адыгэр зищIы­сыр, зыхуэдэр едгъэщIэну.
Акъсырэ Залымхъан и «ИстамбылакIуэр» тыркубзэкІэ дгъэувыну дытегуш­хуащ япэу. Шыгъэлыгъуэ Мерал, Таймэз Мурат, Бэ­р­зэдж Ведат, Махуэуд Хъейри, Мыщэ Мэхьмуд, Биданокъуэхэ япхъу Муршидэ, Нагуэ Эрджан, итIанэ Бгъуа­щэхэ япхъу Севил хуэдэ ди къуэш-ди шыпхъухэр абы зэрыхэтам профессионал къуигъэлъыхъуэнутэкъым, апхуэдизкIэ Iэзэу джэгуа­хэти. Дэнэ щIыпIэ щыдмыгъэлъэгъуами, нэпс щIэзы­мыгъэкIа абы еплъакъым жыпIэ хъунут. Ауэ абы зы гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ. Мерал и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта, спектаклыр Анкара щыщыдгъэлъэгъуа япэ жэщитIми щыIащ, зы лъэны­къуэкIи и нэпсхэр игъэпщкIуну хэту, зы лъэныкъуэкIи щэхуу къытхузэгуэпу. Къы­щIытхузэгуэпыр ди щхьэм кърикIуа лъэпкъгъэкIуэдым, ИстамбылакIуэм, ефэнды­хэмрэ пщы-уэркъхэмрэ я ягъэ хэлъу а спектаклым къызэрыщыгъэлъэгъуар арат, ахэр тIэкIу зэриубырт, тIэкIу зэрахущIитхъуэрт.
Анкара къыщыдгъэлъэ­гъуа нэужь, театрыр Истамбыл, итIанэ Самсун икIи нэгъуэщI къалэхэм тшэну дызэгурыIуат. Псом япэр Истамбылт. Абы цІыхушхуэ зэуэ щIэхуэу театр унэ куэд щыІэтэкъым а лъэхъэнэм икІи я бэджэнд уасэр лъапІэт. Апхуэдэу щытми, Истамбыл Хасэм бэджэнду зал къищтат, и уасэм и ныкъуэр ипшынат, билетхэр трыригъэдзауэ ищэрт, спектакл­ыр ягъэлъэгъуэным махуэ 22-рэ фIэкIа къэнэжатэкъым. Шыгъэлыгъуэ Iэта къытхузэгуэпри, и пхъур театр гупым хишыжащ. Псори дызэры­щыгъуазэщи, теат­рыр гуп лэжьыгъэщ, профессионалу щымытмэ, дэтхэнэ зы актёрым, актрисэм и пIэ ибгъэувэну нэгъуэщI артист псынщIэу пхуэгъэсэнукъым. Псом хуэмыдэу роль нэхъыщхьэр зыгъэзащIэр хэкIыжу щытмэ, а спектаклыр адэкIэ къыумыгъэ­лъэгъуэжыфыну зэхэ­лъэ­­лъэ­жауэ аращ. Сыт ды­мы­щIами, хэт едмыгъэлъэIуа­ми, Шыгъэ­лыгъуэ Iэта зэ «хьэуэ» жиIати, къигъэзэжакъым. Езы Мерали, сыт хуэдизу зимыгъэреволюционерми, и адэм пэувыну, абы имыдэу театрым хэтыну ­хуейтэкъым. АпхуэдизкIэ гузэвэгъуэ ды­хэхуати, тщIэнур дымыщIэжу дыкъэнат. Мерал роль нэхъыщхьэр фIы дыдэу зэригъэзащIэм къыщы­мы­нэу, Истамбыла­кIуэ гъыбзэри адыгэбзэкIэ щыжиIэрт спектаклым. Абы и пIэ ­ибгъэувэн пщащэ къэ­гъуэ­тыгъуейт. Сыту жыпIэ­мэ, ролыр Мерал нэхърэ мынэхъыкIэу игъэзэщIэн ­хуейт: адыгэбзэ ищIэу, уэрэди жиIэфу. Дауи, апхуэдэ пщащэ гъуэтыгъуафIэтэкъым. КъищынэмыщIауэ, махуэ 22-рэ фIэкIаи диIэжтэкъым. Дэрбзэрхэм я еджапIэ нэхъы­щхьэм щеджэ ­Бгъуащэ Севил, дызыхэт гузэвэгъуэр, хэкIыпIэ зэрыдмыгъуэтыр къилъагъущ, ину игу къыт­щIэгъури, «а ролыр сэ згъэзэщIэнщ» жиIащ. Апхуэдэ санэуш хэлъуи тщІэххэртэкъым. И еджапIэр къигъа­нэщ, жэщ-махуэ имыIэу елэжьри, роль нэхъыщхьэр зригъэщIащ икIи Мерал ­нэхърэ мынэхъыкIэу игъэ­зэщIащ. Апхуэдэу ди напэр темыкIыу, хасэхэр дызэ­фIэ­мыкIуэду дыкъригъэлащ икIи а спектакль­ ­хъарзынэр ди цIыху куэдым едгъэлъагъуну Iэмал къытхуихьащ. Бгъуащэ Севил си нысэ дыдэм и шыпхъущ икIи си анэш щІалэм и щхьэгъу­сэщи, езыри си нысэщ. Ахэр Хэкужьым куэд щIауэ къэ­Iэпхъуэжауэ Мейкъуапэ щопсэу зыпхъурэ - Гущэху, зы щIалэрэ - Гущауэ япIауэ, пхъурылъхуитIи яIэжу. Я ­пхъурылъху-къуэрылъхухэр насыпыфIэ хъуауэ, абыхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм хэтыну, Тхьэм куэдрэ узыншэу тхуигъэпсэуну сахуолъаІуэ.
Шыгъэлыгъуэ Мерал и ­гъащIэм зыхуэдгъэзэжынщи, ди театр гупым хэкІыжу гузэвэгъуэ дызэрихидзэ­гъам къыхэкІкІэ хасэм хэтхэм и нэхъыбапІэм я гур хуэупщIыIуати, къытхэмы­хьэж хъуащ. Тыркум теты­гъуэр дзэм щыщиубыда лъэхъэнэхэм (1980) хуэзэу гуа­щIэрыпсэухэм я партым хыхьащ икIи профсоюзым и лIыкIуэ къалэн лэжьапIэм щигъэзащIэу уващ.
А лъэхъэнэм зызыгъэреволюционеру щытахэм я нэгум щIэкIахэр къыщагъэлъэгъуэжащ езыри хэту 2006 гъэм траха «Бейнэлмилэл» жыхуиIэ кино­фильмым. Езыр а фильмым и къызэгъэпэщакIуэт икIи ­роль мыцIыкIу гуэри щи­гъэзащIэу щыджэгуат.
Партым зэрыхэтым, АСТ театр унэм кIуэ-къэкIуэжу зэрыщытам къыхэкIыу ныбжьэгъу зыхуэхъуа театр актёр гъуэзэджэ Окай Яманрэ Мералрэ ямыщIэххэу зэгуа­кIуэри, 1984 гъэм унагъуэ зэдащIат. Ауэ илъэсибгъу фIэкIа зэдэмыпсэуауэ, быни ямыгъуэтауэ 1993 гъэм и щхьэгъусэ Окай Яман уз Iей къеуалIэри дунейм ехыжащ, езыри илъэс 34-рэ фIэкIа мыхъуауэ фызабэу къэнащ. И щхьэгъусэм апхуэдизкIэ лъагъуныгъэшхуэ хуищIати, лІы дэкIуэжыну зэи игу къигъэкIакъым, Истамбыл Iэпхъуэжри газет, журнал гуэрхэм щылажьэу щIидзащ. ­Игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и щхьэгъусэм и ныбжьэ­гъухэм езыр зэи и закъуэу къагъэнакъым - къыкIэ­лъыплъащ, зыхашащ, къы­дэIэпыкъуащ, гъуазэ къы­хуэхъуахэщ... Псом хуэмы­дэу тырку уэрэджыIакIуэ икIи уэрэдус цIэрыIуэ Аксу Сезен ныбжьэгъу пэжу къыхущытащ Мерал. А тIум уэрэд-усэхэр зэдатхащ, Iуэху хъарзынэхэр зэдащIащ, ауэ мис а Анкара Кавказ Хасэм и «Ныбжьэгъу» театр гупым зэрыхэтам, ИстамбылакIуэм зэрыщыджэгуам и фIыгъэ хэлъу къыщIэкIынти, аргуэру театрым, кином, сериалхэм захуигъэзэжащ.
ЦІыхум санэуш хэлърэ ­гъуазджэм и зы кІапэ иубыдауэ щытмэ, ар нэгъуэщІ ­гъуазджэ къудамэхэми зэрыхэфІыхьыр Мерал и ­гъащІэм ІупщІу къегъэлъагъуэ. Мерал ди Анкара Кавказ Хасэм и театр гупым хэту сценэм техьамэ, ар лъигъэкІуэтащ, иужькIэ кинофильмхэм, сериалхэм артисткэу щыджэгуащ, усэ ­хъарзынэхэри иусащ, кинофильм, сериал цІэрыІуэхэм я сценариехэр итхащ.
Мерал 1992 гъэм «ФIыуэ узолъагъу, Розэ» жыхуиIэ кинофильмым зы роль цIыкIу къыщратри, абыкIэ кино дунейм хэбэкъуа ­хъуащ. «Пропаганда» жы­хуиIэ кинофильмыр прессэм и гъуэгукIэ цIыхубэм яхигъэIуащ. «Санэ жыг зыдэт уардэунэ пщIантIэ» («Асмалы конак») жыхуиIэ сериалым (2002) и сценарийр итхащ, «ЕтIуа­нэрей гъатхэ» (1998), «Бжьэпиблу Истамбыл», «Ар иджы дзэлIщ» (2002) жыхуиIэ сериалхэм щыджэгури, цIэ­рыIуэ хъууэ щIидзащ.
«Зы пшэ Іэрамэу сы­щы­тарэт» (2009) жыхуиIэ сериалым и сценарийри итхащ икIи абы щыджэгуащ. Нэ­гъуэщI кинофильм зы-тIуми щыджэгуащ, зыбжанэми я сценарийхэр итхащ. «ЛIэ­щIыгъуэ телъыджэ» жыхуиIэ сериал гъуэзэджэм и сценарийр зытхари аращ. А и лэжьыгъэхэм папщIэ гъуазджэ саугъэтхэри къыхуа­гъэфэщащ.
Шыгъэлыгъуэ Мерал ­игъуэ нэмысу фІэкІуэда и щхьэгъусэм хуищІа лъа­гъуныгъэр зэи ибзыщІакъым, жыпІэнурамэ, итхахэм ящыщ куэдыр а и лъа­гъуныгъэм хуитхауэ, абы ­хуиІэ лъагъуныгъэм ири­гъэ­тхауэ жыпІэми ущыуэнукъым.
Зы махуэ гуэрым Мерал и дохутырым къыжриІащ тхьэмбыл адэуз (рак) къызэреуэлІар. Гъуэ­гын, кІиин, нэщхъеин дэнэ къэна, зыуи зыфІигъэщІакъым, «Си Яман и деж сыкІуэжыну аракъэ мыгувэу», - жиІэри ежьэжащ, зыри къэмыхъуа хуэдэу и ­гъащІэм къыпищащ. 2012 гъэм мэлы­жьыхьым и 9-нэ жэщым, нэ­хущхэм деж и псэр щитым щыгъуэ «ЛІэ­щІыгъуэ телъыджэм» и сценарийм елэжьырт, ажалыр къежьэу пІэм здыхэлъым. Абы и серие 60-р Мерал и ІэдакъэщІэкІщ, къыкІэлъы­кІуахэри абы иухуа лъабжьэм, пкъым тращІыхьауэ аращ.

Абы  бзылъхугъэм и  гъащІэм, и  дуней  тетыкІам щытрагъэпсэлъыхьым жиІэгъахэм  щыщ:

Яман апхуэдизкІэ цІы­хуфІт, цІыху къабзэти, ухуэгубжьыфыртэкъым, уешхы­дэ­фыртэкъым, зыхуэбгъэгу­сэ­фыртэкъым. Апхуэдизуи лІыгъэ хэлът. Лунапаркым ущыпсэум ещхьт абы удэ­псэуныр. Зы лъэныкъуэмкІэ - цІуугъэнэ зэщІэпщІыпщІэ, нэгузыужь, тыгъэ зэфэзэщ; адреймкIэ - гур бгъэм къы­дэзыгъэлъэт тэлай зэкІэлъ­хьэужь гуп.

* * *

Артистым уригъусэным телъыджэ куэди хэлъщ, узыгъэпІейтеин мынэхъ мащIэ зэрыхэлъым хуэдэкъэпсу, бэлэрыгъыпIи зыгъэлэлапIи къуимыту. Яман и гъуджэм сыщиплъэхэм деж: «Ей, сыту сыцІыху Іей, сыту сыбзаджэ!» жысIэрейт. Зи гъу­джэ къабзэм укъизыгъэщыр бзий защІэрэ цІыху пэжу щытмэ, абы узыхущІегъэплъыжри уеузэщІ.

* * *

ЛъагъуныгъэкІэ зэджэр, уи щхьэр къыпфІэ­мыІуэ­хужынырщ, «уэмрэ» «сэм­рэ» щызэхыхьэ псэр мыкIуэду, «дэ» щыхъуфырщ. ЦІыхупсэм нэхъ емылыдж, нэхъ гъэІурыщІэгъуей щыІэкъым. Лъагъуныгъэм и закъуэщ ар зыхузэфІэкІыр.

* * *

Нобэ къытщыщІар сыту пІэрэ? Мы щІы кІапэм лъагъуныгъэр, гугъафIэр къэнауэ, гуауэмрэ гузэвэ­гъуэм­рэщ щылъапІэр. ЗэгуэкІуаитІыр зэрыгъуэтрэ зэдэфI­хэмэ, аракъым ягъэ­лъапІэр, - ахэр зэрызэрымыгъуэ­тырщ, зэпэIэщIэ зэры­хъурщ. Къытехуа дыркъуэм, уІэгъэм дэтхъэфыным хуэ­щIа щэнхабзэщ дызыщІапІы­кІар.

* * *

ЦIыху куэд соцIыху, зыгуэр фIыуэ ялъагъумэ, бэлэ­рыгъынкIэ шынэхэу. Лъа­гъуныгъэр узыхуэмыхьэзыр къы­щы­мыхъу Іуэхугъуэкъым. Шынагъуэ зыхэмы­лъыр гуа­пагъэрщ. Лъа­гъу­ныгъэр емылыдж защІэщ, зэи Іэсэкъым. Апхуэдэу щы­мытмэ, зэгуакІуаитІыр зэб­ла­гъэ хъужауэ аращ.

* * *

ЦІыхуитІ зэрызэгуакІуэр, лъагъуныгъэ зэрызэхуа­щІыр гъуэгуанэ кІыхь кърагъэкІуурэ къагъэхъу иджы­рей сериалхэм я нэхъыбэм. Ар пэжкъым. ЛъагъуныгъэкІэ зэджэр уемыжьэу, уемыгупсысу, напIэзыпIэу къохъу уафэхъуэпскІ бзийуэ. Ухуэмыхьэзырыххэу зы мывэ къыхуэзэнщ уи щхьэми, къыпщыщІар умыщІэу укъэ­нэнщ. Ар зэрылъагъуныгъэ­ри иужькІэщ къы­щы­пщІэ­нур. Зы артист гуэрым дахэу зэрыжиІауэ, «къуэкІий нэ­фым нэфу удэпкІэным ещхьщ зыгуэрым гу хуэп­щIыныр».

Шыгъэлыгъуэ Мерал  зыхэта кинофильмхэмрэ сериалхэмрэ:

«ФІыуэ узолъагъу, Розэ» (1992), «ЕтІуанэ гъатхэ»; «Зы щІыпІи» (2001), «Шэнт щІэкъуныгъэ» (2001), «Бжьэпиблу Истамбыл» (2001), «Ар иджы дзэлІщ» (2002), «Хэгъуэгухэм я зэхуаку» (2006), Алия (2008), «Зы пшэ Іэрамэу сыщытарэт» (2009).

Шыгъэлыгъуэ Мерал  зи  сценарий итха  кино­фильмхэр, сериалхэр:

«Жасмин щІыкІэу» (1997), «Санэ жыг зыдэт уардэунэ пщIантIэ» (2002), «Абрэдж» (2007), «Зы пшэ Іэрамэу сыщытарэт» (2009), «ЛІэ­щІыгъуэ телъыджэ» (2011 - 2013).

Шыгъэлыгъуэ Мерал  саугъэту къратахэр:

Продюсерхэм я тырку кино саугъэтхэм ящыщу ­етІуанэ артисткэ нэхъыфІым папщIэ ягъэува саугъэтыр - 2002 гъэм, «Зы щІыпІи» кинофильмым папщІэ.

* * *

14-нэ «Адана Дыщэ Шы­лащхьэ» фильм фестивалым и етІуанэ артисткэ нэхъы­фІым папщIэ ягъэува саугъэтыр - 2007 гъэм, «Зы щІыпІи», «Хэгъуэгухэм я зэхуаку» ­фильмхэмкІэ къыщихьащ.

Шыгъэлыгъуэ Мерал  зыхэтахэмрэ игъэзэщIахэмрэ:

«Уэлбанэ» сериалым (2006 - 2007) и координатор нэхъыщхьэу лэжьащ.
«Хэгъэгухэм я зэхуаку» кинофильмым (2006) и езыгъэкІуэкІ-координатору лэ­жьащ.
«ХытІуалэ мафІэ» (2005) - проектым и чэнджэщэгъуу лэжьащ.
«Истамбыл си щыхьэтщ» (2004) проектым и къызэгъэпэщакІуэу лэжьащ.
«Тырку Республикэм и академие» (2003) жюрим хэтащ.
«Пщэдеи кІасэ хъунукъым» (2000) - езым и мылъкукІэ трыригъэхащ.
«Пропаганда» (1999) - прессэмкІэ цІыхубэм хигъэІуащ.

Шыгъэлыгъуэ  Мерал и  уэрэд-усыгъэу макъамэ зыщІалъхьахэр:

«И цІэр епэр гъагъэщ»; «Розэ-Сэтэней»; «КІуэ, зы­Іуегъэх, си тхьэрыкъуэ»; «Ды­хей­къым зыри»; «Шы­псэ»; «Іэ пхъуантэ», нэ­гъуэщI­хэ­ри.

Мерал. 2011 гъэ


«ИстамбылакIуэ» спектаклым хэт гуп. Мерал сэмэгумкIэ щытщ. 1976 гъэ


Шыгъэлыгъуэ Iэта Хасэм къыщопсалъэ. 2013 гъэ

ХЪУАЖЬ Фахъри.
Поделиться: