Гуп нэхъыщхьэр зэхагъэувэ

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэныну Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэхуэсат КИФЩI-м и щIыналъэ псоми къикIа зи ныбжьыр илъэс 12 - 14, 14 - 16-м ит спортсмен ныбжьыщIэ 500-м нэблагъэ.

ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм ди самбистхэм медаль зэмылIэужьыгъуэ I4, абыхэм ящыщу 4-р дыщэу, щызыIэрагъэхьащ.

Я хьэлъагърэ я ныбжьрэ елъытауэ зэщхьэщыхауэ щыта гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Хьэлим Ренатэ (кг 34-рэ), Къудей Ислъам (кг 35-рэ), Беслъэней Темырлан (кг 53-рэ), Лэтокъуэ Къантемыр (кг 71-рэ).

Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Акимовэ Дарье (кг 34-рэ), Алиевэ Алия (кг 59-рэ), Къаншуей Темырлан (кг 38-рэ), Сонэ Идар (кг 58-рэ), ЖьакIэмыхъу Ренат (кг 71-м щIигъу) сымэ.

Зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ ЩоджэнцIыкIу Темырлан (кг 38-рэ), Жангуразов Амир (кг 50), Сунш Къантемыр (кг 64-рэ), Соблыр Атмир (кг 71-рэ), Тау Астемыр (кг 79-рэ) сымэ.

Спортсменхэр ягъасэ Новиковэ Антонинэ, ПщIэнашэ Мурат, Уэщхъун Башир, Махуэ Олег, КъэрэмыщIэ СулътIан, Чым Руслан, Рахманов Валерэ сымэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ Урысей Федерацэм и зэпеуэм хэтыну Кавказ Ищхъэрэм и командэ къыхэхар зэхагъэувэнущ.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: